Новости

ГубэщIыкI Владимир Исмэхьил  и къуэ

 Егъэлеяуэ ди гуауэ хъуащ ГубэщIыкI Владимир Исмэхьил и къуэр  зэрыщымыIэжым и хъыбару къытIэрыхьар.

КъБР-м и МВД-м, республикэм ЮстицэмкIэ и министерствэм жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэхэр иIыгъащ, Урысейм и ХъумапIэ банкым и щIыналъэ къудамэм и Iэтащхьэу, абы и директорхэм я советым хэту щытащ  Владимир.

ГубэщIыкI Владимир Дунейпсо Адыгэ Хасэм жыджэру хэтащ, и  псэ емыблэжу,  къэралым и пщIэр иIыгъыу, къызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэу, хэкурысхэмрэ  хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хилъхьа гуащIэдэкIыр  инщ.

Сыт хуэдэ Iуэху пэрытами, IэщIагъэлI жанрэ унафэщI Iущу зыкъигъэлъэгъуащ, и лэжьэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я деж хуэфащэ пщIэ къыщихьащ Владимир.

Апхуэдэ псэемыблэж лэжьыгъэм къыпэкIуащ КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр, республикэм и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр, УФ-м и МВД-мрэ Урысейм и ХъумапIэ банкымрэ я дамыгъэ бжыгъэншэхэр.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр дунейм ехыжа ГубэщIыкI Владимир и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ дахуогузавэ.

  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ

  Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment