Новости

Ди  лъэпкъэгъу лъапIэхэ, сынывохъуэхъу!

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм шыщхьэуIум и 1-м Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ар Адыгэ Республикам къэрал унафэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. ШыщхьэуIум и япэ махуэр къыщIыхахар япэ дыдэу Косо­ва къикIыжу ди лъэпкъэгъухэр абы щыгъуэм къызэрыкIуэжаращ.

Урысей Федерацэм и унафэщIхэм къыдаIыгъыу ирагъэкIуэкIа Iyэxy иным къигъэлъэгъуар ди къэралым и лъэпкъэгъухэм яхуищI гулъытэм и закъуэкъым, атIэ езым и пщIэри нэхъ лъагэ ищIащ, адэжь Хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм псэщIэ яхилъхьэжащ.

Мы зэманкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ къуэш республикэхэмрэ къагъэзэжауэ щопсэу Косова, Тыркум, Сирием, Израилым, Германием, Иорданием, Амери­кам и Штат Зэгуэтхэм къикIыжа ди лъэп­къэгъухэр. Псори зэхэту цIыху мини 5 мэхъу, абыхэм ящыщу мини 3-р Сирием къиIэпхъукIыжащ.

Ахэр псори къэралымрэ лъэпкъымрэ я зыужьыныгъэм толажьэ. Ди республикэхэм я унафэщIхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIах ди лъэпкъэгъухэр зыIущIэ лъэпощхьэпохэр щхьэщахыу адэжь щIыналъэм щекIуэкI гъащIэм тыншу хэзэгъэжыным теухуауэ.

Мыхьэнэшхуэ иIэщ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм яхудиIэ ПЫЩIЭНЫгъэр зыгъэбыдэ лэжьыгъэм. Ар адыгэм и зыхъумэжыныгъэм, зэкъуэтыныгъэм я закъуэкъым зыхуэщхьэпэнур, атIэ ахэр щыпсэу щIыпIэхэмрэ ди къэралымрэ зэдэлэжьэнымкIи сэбэпщ.

Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!

Хэкум къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм ди лъэпкъым, дэнэ къэрали щыпсэу адыгэхэм мамырыгъэ, ефIэкIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну сынывохъуэхъу. Сыхуейт мы махуэр ди лъэпкъэгъухэр адэжь Хэкум къезышэлIэж, нэхъ пэгъунэгъу хуэзыщI хъуну.

Узыншагъэ быдэ, дуней мамыр, ехъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ.

 СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Related posts

Leave a Comment