Новости

ИлъэсыщIэ хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ!

Си хэкуэгъу, лэжьэгъу лъапIэхэ!

Си гумрэ си псэмрэ къыбгъэдэкIыу ИлъэсыщIэмкIэ сынывохъуэхъу!

Илъэсхэм я зэблэкIыгъуэр тщIахэр къыщытпщытэж, къэкIуэнум худиIэ мурадхэр щыдубзыху пIалъэщ. 202I гъэр хэт дежкIи тыншу щытакъым, ауэ коронавирус уз зэрыцIалэм пэщIэтыным зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ дыхуигъэIущащ.

Пандемием дызригъэува щытыкIэ гугъум емылъэтауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд зэфIигъэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Ди зэгухьэныгъэшхуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 ирикъуащ, ДАХ-м и XIII Конгрессыр едгъэкIуэкIащ, ГъэзэщIакIуэ дяпэкIэ щылэжьэнухэр хэтхащ.

ДАХ-р сыт щыгъуи толажьэ абы и Уставым ит къалэнхэр гъэзэщIэным. Ахэр: адыгэ лъэпкъыр зэкъуэт щIыжынырщ, адыгэхэм (шэрджэсхэм) ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI щэнхабзэ, псэкупсэ къулеягъэр хъумэнырщ, зегъэужьынырщ, ди лъэпкъэгъухэр адэжь щIыналъэм къешэлIэжынымкIэ сэбэп хъунырщ, анэдэлъхубзэр хъумэнырщ.

Дунейпсо Адыгэ Хасэр къэрал куэдым зэдай, адыгэ лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэм телажьэ зэгухьэныгъэ инщ. БлэкIа илъэсым Хасащхьэм хэтхэмрэ ДАХ-м и къудамэу щIыналъэхэм щылажьэхэмрэ куэд зэфIагъэкIащ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэр зехьэнымкIэ, щIалэгъуалэр абы хуэгъэIущынымкIэ, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм ехьэлIа проект гъэщIэгъуэнхэр гъэзэщIэнымкIэ, хамэ къэралхэм щикъухьа ди къуэшхэм яхудиIэ зэпыщIэныгъэхэм зегъэужьынымкIэ.

Си фIэщ мэхъу ди гуащIэ и шхыгъуэ дызэрихуэжынур, длэжь Iуэхум дяпэкIэ фIы куэд къызэрыпэкIуэнур. А фIыр зыхэлъыр ди лъэпкъым и зэIузэпэщыныгъэр къызэгъэпэщынырщ, ди хабзэмрэ бзэмрэ зегъэужьынырщ, Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм дэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэныбжьэгъугъэрэ ди зэхуаку дэлъынырщ.

Адыгэу дунейм тетым сохъуэхъу зэIузэпэщыныгъэрэ зэпIэзэрытыныгъэрэ яIэну. Дызытехьэ илъэсыщIэм дэтхэнэми фи унагъуэм узыншагъэ быдэрэ насып куурэ Тхьэм кърилъхьэ!

Сэхъурокъуэ Хьэутий,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Related posts

Leave a Comment