Новости

АДЫГЭБЗЭМ И МАХУЭШХУЭ

ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ!

ХабзэфI тхуэхъуауэ гъатхэпэм и 14-м адыгэу дунейм тетым зэдыдогъэлъапIэ  Адыгэ тхыбзэм и махуэр.
Дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу, ди дежкIэ ди анэдэлъхубзэм  мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы дрипсалъэ къудейкъым, атIэ ар ди лъэпкъ щIэныгъэщ, лъэпкъ гъэсэныгъэщ, лъэпкъ щэнхабзэщ. Бзэм, тхыбзэм я мыхьэнэр къилъытэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм игъэувауэ щытащ нобэрей махуэшхуэр гъэлъэпIэныр. Абы лъандэри ар адыгэ псоми зэдыдоIэт.
Анэдэлъхубзэрщ лъэпкъым и псэр. Лъэпкъыр лъэ быдэкIэ увыныр, абы и тхыдэм, гъуазджэм, щэнхабзэм заужьыныр, лъэпкъым и цIыхухэм я зэхэщIыкIым зиузэщIыныр —  псори лъабжьэ быдэкIэ епхащ абы и бзэм. Абы къыхэкIыу адыгэ псоми ди зэхуэдэ къалэнщ ди бзэм зедгъэужьыныр, абы и дахагъым, къабзагъым хэдмыгъэщIу, ипэкIэ дгъэкIуэтэну. Бзэр щыIэмэ, лъэпкъри псэунущ. Догугъэ ди бзэ дахэр  зиузэщI зэпыту  дунейм куэдрэ тетыну.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу нобэрей махуэшхуэмкIэ си гуапэу сывохъуэхъу си лъэпкъэгъу псоми! Ину фIыщIэ яхузощI адыгэбзэр хъумэным зи къару, зэфIэкI, щIэныгъэ езыхьэлIэ дэтхэнэми.
Лъэпкъ узыншэ Тхьэм дищI.

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

Related posts

Leave a Comment