Новости

ТЕКІУЭНЫГЪЭМ И МАХУЭШХУЭМ И ЩІЫХЬКІЭ

Нобэ, Накъыгъэм и 9-м, ди къэралым лъэпкъ куэду зэхэт и  цIыхубэм догъэлъапIэ 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 77-рэ зэрырикъур.
Дэ зэи тщыгъупщэнукъым ди нэхъыжьхэм Хэку зауэшхуэ зэманым зэрахьа лIыхъужьыгъэм и инагъыр.
Сыт щыгъуи ди гум илъынущ ди щхьэхуитыныгъэм папщIэ зи гъащIэр зытахэм, псэууэ къэзыгъэзэжахэм
я цIэхэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIэ, си щхьэкIэ сэ къызбгъэдэкIыу Хэку зауэшхуэм и  ветеранхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми, дэнэ щыпсэу адыгэхэми (шэрджэсхэми)  ТекIуэныгъэм и МахуэмкIэ сынывохъуэхъу
узыншагъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну.
Быдэ ирехъу мамырыгъэр, къэралхэм я зэгъунэгъуфI зэхущытыкIэр,  ирефIакIуэ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэр, яку дэлъ цIыхугъэ лъагэр.

ПщIэ къыфхуэзыщI
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment