Новости

Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ

 Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ ирикъуащ. А зауэр тхыдэм къыхэнащ лъыгъажэ мыухыжкӀэ гъэнщӀа къэхъугъэ бзаджэу. ИлъэсищэкӀэ екӀуэкӀа зауэр зэрыувыӀэрэ куэд щӀами, абы лъэпкъым къридза уӀэгъаер нобэр къыздэсым кӀыжакъым. А гуӀэгъуэшхуэм уздегупсыс къудейм уегъэтхытх, цӀыху хейхэм къраха леймрэ гущӀэгъуншагъэмрэ пхузэгъэзахуэркъым.

Кавказ зауэр адыгэхэм я дежкӀэ лъапсэрыхыу къыщӀэкӀащ: лъэпкъым  и Ӏыхьэ пщӀанаращ и адэжь лъахэм къинар, адрейхэр хэкӀуэдащ, мэжэщӀалӀагъэм, щӀыӀэм, узым ихьащ, къэна мащӀэ дыдэр дуней псом трипхъащ. ХамэщӀ къыщыхута ди лъэпкъэгъухэми я щхьэ кърикӀуари щӀагъуэкъым: я бзэкӀэ псэлъэнуи я хабзэ зэрахьэнуи зыри хуитакъым, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм иригъэкӀуэкӀ зауэ кӀэншэхэм егъэзыгъэкӀэ Ӏуигъэхьэрт, я лъэр щӀиудырт.

Апхуэдиз нэщӀэбжьэр адыгэхэм я нэгу щӀэкӀа пэми, къызэфӀэщӀакъым, гужьгъэжь зыми яхуищӀакъым, къэзыухъуреихь лъэпкъхэм ягурыӀуэу ядопсэу икӀи ядогъуэгурыкӀуэ. И гъащӀэр Урысейм ирипха нэужьи, адыгэхэр къыхаха гъуэгум хущӀегъуэжакъым, хуэпэжащ. Зэманым къигъэлъэгъуащ лъэпкъым гъуэгу захуэ зэрытеувар: адыгэхэм яхузэфӀэкӀащ я хэкур яхъумэжын, я бзэмрэ щэнхабзэмрэ къызэтранэн, дуней псом цӀэрыӀуэ щыхъуа Адыгэ Хабзэр хамыгъэкӀуэдэжын.

Адыгэхэр жыджэру хэтщ къэрал ухуэныгъэм, абыхэм къахэкӀащ щӀэныгъэлӀхэр, политикэ, щэнхабзэ, гъуазджэ икӀи жылагъуэ лэжьакӀуэ цӀэрыӀуэхэр, дзэзешэхэр, ӀэщӀагъэлӀхэр. ХамэщӀым икъухьауэ щыпсэу адыгэхэри зыхэтхэм къахощ яхэлъ щэнхабзэ лъагэмкӀэ, кърагъэз дзыхьыр зэрахъумэмкӀэ, зыщыпсэу хэгъэгум зэрыхуэпэжымкӀэ. Абыхэм сыт щыгъуи ӀэнатӀэ лъагэхэр къыхуагъэфащэ, къэрал къулыкъущӀапӀэхэм, дзэмрэ хабзэхъумэ ӀуэхущӀапӀэхэм я тету трагъэувэ.

ПщӀэ зыхуэсщӀ ди лъэпкъэгъу лъапӀэхэ!

Дэ дыщыгъуазэщ Кавказ зауэм хьэзабрэ гугъуехьхэмрэ  лъэпкъ куэдым къазэрыхуихьар, лъыгъажэрэ банэкӀэ зэриудыныщӀар. А насыпыншагъэ къомри лъэӀэсащ урыс лъэпкъми.

Дэ игъащӀэкӀэ тщыгъупщэнукъым щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щӀэзэууэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьа ди нэхъыжьыфӀхэр, дигу ихунукъым Кавказ зауэм хэкӀуэда дэтхэнэри, тхъумэнущ я фэеплъ нэхур. Дэ ди къалэнщ ди адэжьхэм я щхьэ кърикӀуа гуауэм и пэжыр ди щӀэблэм ялъэдгъэӀэсыну, апхуэдэ гузэвэгъуэ къэмыхъужын папщӀэ абы и дерсхэм щӀэтпӀыкӀыну.

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ноби къыкъуокӀ лъэпкъхэр зэзыуштыну хущӀэкъу къарухэр, зэгурымыӀуэныгъэхэр къызэрыкӀ псалъэ мыфэмыцхэр зезыхьэхэр. Кавказ зауэм къыдит дерсхэм ящыщщ тэмакъкӀыхьыгъэ, шыӀэныгъэ тхэлъу унафэ зэгъэзэхуахэр къэтщтэн, дунейм къыщекӀуэкӀ Ӏуэхугъуэхэр ди лъэпкъым къызэрылъэӀэсынур зэпэтшэчэн зэрыхуейр. Лъэпкъ зэгурыӀуэр щхьэузыхь зыхуэпщӀ хъун щхьэусыгъуэ зыри щыӀэн хуейкъым – узэгурыӀуэныр, мамыр гъащӀэм зэгъусэу утелэжьэныр, зыр зым и щӀэгъэкъуэну сыт хуэдэ гугъуехьми пэщӀэтыныр дэтхэнэ зы цӀыхуми и пщэрылъ лъапӀэу щытын икӀи къилъытэжын хуейщ.

Аращ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми я унафэщӀхэм къэралми щӀыналъэми щыпсэу лъэпкъхэм я бзэр, я щэнхабзэр, я дуней тетыкӀэр хъумэнымкӀэ ялъэкӀ къыщӀамыгъанэр, хамэ щӀыпӀэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм щӀэгъэкъуэн щӀахуэхъур. Урысейр шэсыпӀэ йоувэ къыдэгъуэгурыкӀуэ псэкупсэ къэгъэщӀыгъэ псоми я щыжакӀуэу щытыну, дэтхэнэ лъэпкъми зихъумэжын икӀи зиужьын щхьэкӀэ.

БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зэрыхъунур. Дэтхэнэ зыри къыхузоджэ блэкIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну.

Лъэпкъым апхуэдэ гузэвэгъуэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ    

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Related posts

Leave a Comment