Новости

Апхуэдэ гузэвэгъуэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

ПщӀэ зыхуэсщӀ ди лъэпкъэгъу лъапӀэхэ!

Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дунейм адыгэу тетым Кавказ зауэм хэкӀуэдахэр ягу къагъэкӀыж. Хуитыныгъэмрэ Хэкумрэ щхьэкӀэ зи псэр зытахэм, ИстамбылакӀуэ гъуэгум трагъэувэу кӀуэдыпӀэ ирашахэм, кӀэ зимыӀэ бэлыхьхэр зытепсыха ди нэхъыжьхэм дахуощыгъуэ, яшэча гузэвэгъуэхэр щӀэрыщӀэу ди нэгу къыщӀыдогъэувэж. Илъэсищэм щӀигъукӀэ екӀуэкӀа зауэжьым и иужьрей топышэр зэрырагъэкӀрэ илъэси 160-рэ ирикъуащ, ауэ абы лъэпкъым къридза фэбжьыр иджыри къыздэсым хэгъуэщэжакъым, къыхуихьа гуӀэгъуэ бжыгъэншэхэр цӀыхубэм я щӀэжым хэкӀуэдыкӀыжакъым.

Адыгэхэм я дежкӀэ лъапсэрыхыу къыщӀэкӀа зауэм дыщегупсыскӀэ, уни жьэгуи къагъанэу щтапӀэ ихьэжа цӀыху минищэхэр дигу къыдримыдзеинкӀэ, зеиншэу къэна сабий хейхэм дигу ящӀэмыузынкӀэ, зэуапӀэм икӀуэда щӀалэхэм дахуемыплъэкӀынкӀэ Ӏэмал иӀэкъым. ИхъуреягъкӀэ нэпст, гуауэт, гуӀэгъуэт… КӀыхьу икӀи гущӀэгъуншэу цӀыху мамырхэм къращӀылӀа зауэм и кӀэр нэхъыкӀэжт – пщӀым щыщу бгъум и псэр щӀимытамэ, Хэкур ибгынэн хуей хъуащ. ЛъэпкъкӀуэдыр адыгэхэм къахуэзыхьа а зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м увыӀами, тхыдэм хилъэсэж къэхъукъащӀэхэр пхузэгъэзахуэркъым, щхьэм къыпхуигъэтӀасэркъым.

Кавказ зауэм теухуауэ куэд ятхащ, нэхъыбэжи жаӀащ, ауэ ар лъэпкъ щӀэжым ноби хэтщ. Ди адэжьхэмрэ къэкӀуэну щӀэблэхэмрэ я пащхьэ щыдиӀэ хьэкъхэм ящыщщ а фэеплъыр тхъумэныр, и пэжыр абыхэм деж нэтхьэсыныр, апхуэдэ нэщӀэбжьэ къэмыхъун папщӀэ тлъэкӀыр тщӀэныр.

Нобэ адыгэхэр лъэпкъыбэ Урысейм ящыщу я адэжь лъахэм щопсэу, зыхэтым къахэщу, я лъэпкъыщхьэр яхъумэу, пщӀэ зыхурагъэщӀу. Я бзэрэ хабзэрэ зэрахъумэжыным хущӀэкъуу ди лъэпкъэгъухэр къэрал 50-м щӀигъум исщ. Сыт хуэдиз гугъуехь хэмытми, къызыхэкӀар зыщагъэгъупщэркъым, зыпэрыт ӀэнатӀэм ехъулӀэныгъэшхуэхэр щащӀ, дуней псом адыгэцӀэр фӀы и лъэныкъуэкӀэ щагъэӀу.

БлэкӀам дыщыхуеплъэкӀыжым деж лъэпкъым и щхьэ кърикӀуа бэлыхьлэжьаем и мызакъуэу, нэщхъыфӀагъ зыхэлъ Ӏуэхугъуэхэри хэтлъэгъуэфын хуейщ: урыс-адыгэ зэхущытыкӀэхэм я фӀыгъэкӀэ ди лъахэм зэпымыууэ къихьэ зэрыпхъуакӀуэхэм къазэрыӀэщӀихар, мыухыж зауэхэм пэӀэщӀэ зэрахуищӀар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.

БлэкIа Ӏуэхугъуэхэм дащытепсэлъыхькӀэ, къыхыдогъэщ адыгэ тхыдэм къыщыхъуа гуауэщхьэуэхэм хуэдэ адрей лъэпкъхэми я щхьэ къызэрырикӀуар, нэпсрэ гуӀэгъуэкӀэ гъэнщӀа напэкӀуэцӀхэр я дыгъуасэ махуэхэм зэрыхэтыр. Ауэ нобэ псэухэм а псом дерс къыхэтхыныр ди пщэрылъщ, ди щӀэблэм я къэкӀуэныр дубзыхуныр, зэгурыӀуэмрэ зэхущытыкӀэфӀхэмрэ хэлъ фӀагъыр захедгъэщӀыкӀыныр ди къалэнщ. ЖыпӀэнуращи, а лъапӀэныгъэхэр щхьэузыхь зыхуэпщӀ хъун щхьэусыгъуэ щыӀэн хуейкъым – узэгурыӀуэныр, мамыр гъащӀэм зэгъусэу утелэжьэныр, зыр адрейм и щӀэгъэкъуэну сыт хуэдэ гугъуехьми пэщӀэтыныр дэтхэнэ зы цӀыхуми и къалэн лъагэу къилъытэжын хуейщ.

Адэжьхэм я фэеплъыр тхъумэкӀэрэ, дэ фӀым, ныбжьэгъугъэм, ди хэгъэгуми, къэралми, дунейми тет лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъын хуей мамырыгъэмрэ зэхущытыкӀэ тэмэмхэмрэ къызэрытӀэтыным дегупсысыпхъэщ.

Дэ игъащӀэкӀэ тщыгъупщэнукъым щалъхуа лъахэм и щхьэхуитыныгъэм щӀэбэнурэ зи щхьэр зауаем хэзылъхьа ди нэхъыжьыфӀхэр, дигу ихунукъым Кавказ зауэм хэкӀуэда дэтхэнэри, тхъумэнущ я фэеплъ нэхур. Хьэкъыу си фӀэщ мэхъу а фэеплъыр лӀэужькӀэрэ зэрызэӀэпахынур. Дэ къытхуэнэр а фэеплъым дыхуэфэщэнырщ, ди ужькӀэ къэкӀуэнухэм я пащхьэ щытхь пщэдэкӀыжыр зыщыдмыгъэгъупщэнырщ.

ЗэрытщӀэщи, екӀуэкӀ дзэ операцэ хэхам ди щӀалэхэр хэтщ, ди адэжьхэм я хабзэхэм тету, лӀыгъэ, хахуагъэ къыщагъэлъагъуэу. Зыхэт псэзэпылъхьэпӀэм щӀэхыу къыхэкӀыжу узыншэу я унагъуэхэм къахыхьэжыну, ди япэ итахэм яхъума адэжь лъахэм къэкӀуэжу мамыр гъащӀэм зратыжыну дохъуэхъу!

Лъэпкъыу щыӀэр ефӀэкӀуэну, заужьыну, фӀыгъуэ куэд щыӀэныгъэм къахуихьыну си гуапэщ. Адыгэ лъэпкъми дигу къэдгъэкӀыж гузэвэгъуэм хуэдэ Тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ                  

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

 

 

Related posts

Leave a Comment