ФокIадэм и 28-р Адыгэ фащэм и махуэщ
ПщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ! Си къуэшхэ, си шыпхъухэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьа унафэм ипкъ иткIэ, 2012 гъэм щыщIэдзауэ Адыгэ фащэм и махуэщIыр фокIадэм и 28-р щагъэлъапIэ ди лъэпкъэгъухэр зыщыпсэу щIыпIэхэм: Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм. Апхуэдэуи хамэ къэрал 50-м щIигъум щыпсэу ди къуэшхэм Адыгэ фащэм и махуэр къыддаIыгъ. Дунейм лъэпкъыу тетым зыр адрейхэм къазэрыщхьэщыкI дамыгъэ иIэжщ. Дэ ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ адыгэ фащэр. Щыгъын къудейкъым, ар — лъэпкъым и тхыдэ, гупсысэ, зэфIэкI, Iэзагъ къызыхэщыж IэдакъэщIэкIщ. Кавказыдж, этнограф цIэрыIуэ Студенецкая Еленэ итхащ: «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр…
Дальше