Самир Кардан выражает соболезнования в связи с кончиной Заура Налоева
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Ажахъуэ Къанщобий деж Егъэлеяуэ ди гуауэ хъуащ Нало Заур зэрымы1эжым и хъыбару къыт1эрыхьар. Абы и гъащ1эр адыгэ лъэпкъым хуэлэжьэным хуэунэт1ауэ щытащ. Дэнэ щ1ып1э щы1э адыгэми абы пщ1э къыхуащ1ырт ик1и абыхэм псоми хэщ1ыныгъэшхуэу къащыхъуащ Заур и л1эныгъэр. Алыхь талэм долъэ1ур дунейм ехыжам гущ1эгъу къыхуищ1ыну, и гуэныхьхэр къыхуигъэгъуну. Фэри, и 1ыхьлыхэми, и благъэхэми ар фщызыгъэгъупщэн Алыхьым фимыгъэлъагъу. Псоми Алыхьым и деж дгъэзэжынущ. Иорданием щы1э Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и Тхьэмадэ Къардэн Самир
Дальше