Гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэщ. Абы лъэпкъыр ехъумэ
Си лъэпкъэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым, си щхьэм къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ. Анэдэлъхубзэр дызэрызэгурыIуэ бзэ къудейкъым, атIэ ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI, лIакъуэхэм зэIэпахыу къыддэгъуэгурыкIуэ фIыгъуэщ, Iущагъщ, хабзэщ. Абы лъэпкъыр зэкъуегъэувэ, адыгэм и тхыдэмрэ бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ ехъумэ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми и бзэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ абы и щэнхабзэм. Дэ дропагэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым ди лъэпкъыбзэр къэралыбзэу къызэрыщалъытэм. ЕгъэджакIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, хэкупсэ жыджэрхэм я фIыгъэкIэ адыгэбзэр нобэ щадж курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, абы иропсалъэ адыгэу зыкъэзылъытэж цIыху нэсхэр. ДяпэкIэи къыпыдывгъащэ ди бзэм зиужьынымкIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм ябгъэдэлъхьэнымкIэ екIуэкI лэжьыгъэм. Урысейм ис лъэпкъ псоми я анэдэлъхубзэр Тхьэм иригъэфIакIуэ! МахуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ. Дорогие соотечественники! Поздравляю вас с Днем адыгского (черкесского) языка и письменности от имени…
Дальше