Лохвицкий Михаил «Уафэгъуагъуэ макъ». Повестым щыщ пычыгъуэхэр
Адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэда шапсыгъ унагъуэм и щIэблэщ. Пушкин къалэм 1922 гъэм мазаем и 22-м къыщалъхуащ, Тбилиси щыпсэуащ, абы университетым и филологие къудамэр 1947 гъэм къыщиухащ.
«Уафэгъуагъуэ макъ» повестым нэмыщI, Лохвицкэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ рассказ купщIафIэ куэд, «ЦIэимыIуэ», «Мэтехи фоч щоуэ», «Лъым хэт дыгъэ», «Тхьэм лъыхъуэурэ» романхэр.
ДжэгуакIуэм, Уэзырмэс, нэхъ благъэ сыхуэхъуащ, гу лъыстэ зэпытт ар зэрыIущым, куэдым зэрыщыгъуазэм. И псалъэр кIыхь ищI и хабзэтэкъым, хъыбар гуэр къыхидзэнумэ, абы утезэшэнрэ пфIэгъэщIэгъуэн хъунрэ зримыгъэщIауэ уригъэдэIуэнутэкъым. Зэгуэрым, зы псыхъуэ зэв дыдыхьауэ, къызэупщIащ: «Мы псыхъуэм и хъыбар уезгъэдэIуэнщ. Утезэшэнкъэ?»
Сызэрытемызэшэнур жесIащ.
— Куэд щIакъым: Тыркум къикIри, нэIиб гуэр къытхуэкIуащ, дигъэIущын, диущиин мурад ищIауэ, – жиIащ Уэзырмэс. – Кърагъэблэгъащ, хьэщIагъэ ирахащ. Тхьэмахуэ дэкIри, нэIибым и унафэ къахилъхьащ шапсыгъхэм: хы Iуфэм Iусхэм я бжыгъэр зригъэщIэн фIэигъуэщ тырку сулътIаным, шапсыгъ жылэхэр хы Iуфэм Iугуэшащи, пхуэбжынукъым, фызэхэтIысхьи, жылагъуэшхуэ фызэрыгъэхъу, къуажэ къэс цIыху мин нэхърэ нэхъ мащIэ дэмысу!
Шапсыгъ жылэхэр инкъым, унагъуэ къэс щхьэж и щIы Iыхьэр къедзащ.
НэIибым и унафэр яфIэкъабылтэкъыми, ар жраIэн щхьэкIэ, жылэ гуэрым я тхьэмадэмрэ зы лIыжь жьакIэхурэ кIуащ абы деж.
НэIибым зыхигъэзэгъакъым: тхьэмадэр иригъэукIащ, абы и гъусэ лIыжьыр жыг лъэдийм иригъэпхащ.
ЛIыжь жьакIэхум къуищ иIэт – щыри шэсащ, шууей тIощI хуэдизи дежьэнути, зэшхэм ядакъым: жылэм къыщыхъункIэ хъунур хэт ищIэрэ, апхуэдиз дежьэмэ, лъы дгъэжэнри хэлъщ, жэщибл-махуиблкIэ къэдмыгъазэмэ, фи тхьэ фызэ- реплъщ.
Зэшищыр тырку нэIибым деж кIуащ. НэIибыр къеупщIащ: «Фыхэт фэ?» «Дышапсыгъщ», – жраIащ. «Сытым фыкъытекIухьа?» – къеупщIащ нэIибыр. Зэшхэм я нэхъыжьыр щIэупщIащ: «Ди жылэ тхьэмадэр дэнэ щыIэ?» «Тырку пащтыхьым и унафэм еувэлIатэкъыми, фи жылэ тхьэмадэр езгъэукIащ», – къажриIащ нэIибым. «Уэ езыр ухэт?» – еупщIащ зэшхэм я нэхъыжьыр нэIибым. «Тырку сулътIаным и Iэ ижьыр сэращ». «СулътIаныр Истамбыл дэсщ, ар фщIэркъэ фэ?» – къахуэгубжьащ нэIибыр. «Истамбыл нэс укъикIауэ, ди хэкум унафэ щхьэ щыпщIрэ?». «Сэ сулътIаным срилIыкIуэщ». «Ди тхьэмадэр ебгъэукIын щхьэкIэ лIыкIуэ укъыщIытхуащIар? -жаIащ зэшхэм. – ЛIыкIуэ къыпщIэдгъэнынщ!»
Къамэ Iэпщэр зыкъуз зэшхэм щаIуплъэм, нэIибым унафэ ищIри, зэшищым я адэр къригъэутIыпщыжащ. Жэщым бзэхри, нэIибыр афIэкI ялъагъужакъым шапсыгъхэм…
Тхьэмахуэ дэкIри, Уэзырмэсрэ сэрэ бгым дихьащ, псы уэрым дызэпрыкI-дыкъызэпрыкIыжурэ. Бгыщхьэм дынэсри, зы хьэщIэщ дихьащ. Уэзырмэс саригъэцIыхуа нэужь, Аджыкъу урысыбзэкIэ къэпсэлъащ – бгырысхэм яхэ- кIуэса сэлэтхэм я деж щызригъэщIат абы урысыбзэр.
Шапсыгъхэм нэмыщI, жылэм ахъчыпсо, убых унагъуэхэри дэст. Аджыкъу и лъэпкъэгъухэр, хы Iуфэм Iэпхъуэн и пэ, къуршым адэкIэ щыпсэуащ – Адэгумрэ Супсэрэ я тIуащIэм. Урысхэм къыщытракъузэм, Аджыкъу едаIуэри, тIуащIэм дэсахэр хы Iуфэм IутIысхьащ. Псори кIуакъым хы Iуфэм, гъуэгу техьахэр, къызэуэкIыурэ, бгым щхьэдэхащ, ТIуапсэ нэсащ, Шэпсы, Мэкъуэпсэ зэпрыкIри, ХьэкIув деж къыщызэтеувыIащ, гъавэ ящIэн хуейти. Иужьым псыхъуэ зэвыр псэупIэ яхуэхъуащ, ахъчыпсэхэри къапэрыуакъым. Аджыкъу демыжьа унагъуэхэр убыххэм яхэтIысхьащ, абрэджу ежьэжаи къахэкIащ.
Аджыкъу сеупщIащ: хы Iуфэм Iус шапсыгъхэм е убыххэм щхьэ яхэмытIысхьарэ, сыт къущхьэ жьанэр хэщIапIэ щIащIар?
— Уи пащтыхьыр куэд щIауэ къыщIонэцI хы Iуфэм, – къызжиIащ аджыкъу. – Хы Iуфэм зыщигъэнщIмэ, абы и сэлэтхэр бгым къримыутIыпщхьэнкIи мэхъу. ЩIыкIэ ирикъунукъым уи пащтыхьыр.
— ЩIы и мащIэкъым урыс пащтыхьым, – жысIащ сэ.
— Емынэм зэрихуэрэ-тIэ: ди щIыр щхьэ зэрипхъуэрэ?
— СулътIаным щхьэкIэ сыт жыпIэн? – сеупщIащ Аджыкъу.
ЩIэх жэуап къызитакъым Аджыкъу. ЗаулкIэ гупсысэри, жиIащ:
— Фи пащтыхьымрэ фи дзэпщхэмрэ уи дзыхь нэхъ ебгъэз хъунущ, тыркухэм нэхърэ…
Жылэм дызэрыдыхьэрэ тхьэмахуэ дэкIауэ, Аджыкъу къызэупщIащ:
— УщIегъуэжакъэ? Уи мурадым утет иджыри?
— Сытетщ, – жысIащ сэ.
Сыт жысIэнт нэгъуэщI. Зы лъэбакъуэ счащ, етIуанэ лъэбакъуэр счын хуейуэ къысщIэлъ? Шэрджэсхэм жаIэ: узыхьыну псым зыдегъэзых. Сэ дыгъуасэм сыпыкIащ, си нобэри зэIубзкъым, си пщэдейри IупщIкъым. Псы уэрым сыщыхыхьакIэ, сыздихьынум сеплъынщ…
ЩIапIэ схуэхъунумкIэ къызэупщIащ Аджыкъу: дэнэ деж къыхэпхрэ? Iэнкун сыщыхъум, аджыкъу чэнджэщ къызихьэлIащ:
— Гъунэгъу дызэхуэхъунщ. ЩIыхьэху тщIынщи, унэ пхухэтсэнщ. ЗэкIэ уэттынуращ: зы жэм, мэлитху, джэд зыбгъупщI. Си шыбзыр лъхуэмэ, шыщIэр ууейщ. Хьэсэ пхуэхъун пщэдей къыпхухэсхынщ.
А псор къыщIызатынури абыкIэ къыщIысхуэупсэнури си нэгу къыщIэзгъэхьэфакъым: сэ мэл схуэгъэхъуну, жэм схузехуэну?
Аджыкъу къыщIигъужащ: «Унагъуэ ухъуху, хьэжыгъи фои ущыдгъэщIэнукъым».
Хамэ къащыхэтIысхьэкIэ, шапсыгъхэм щIыхьэху ящIри, унэ хуагъэув, Iэщ ират, шхын щагъащIэркъым – жылэр зэхохьэри апхуэдэ уна-фэ ящI. ЕтIуанэ махуэм Аджыкъу къызжиIаращ нэхъ гъэщIэгъуэныжыр:
— ЦIыхухъу зыщхьэщымытыж унагъуитху дэсщ ди жылэ, хэдгъэдэнщи, зигу нэхъ урихьым щхьэгъусэ уедгъэщIынщ.
Си щхьэр щIэзгуэн фIэкIа, сыт жысIэнт? Си нэгу къысхущIэгъэхьэркъым: цIыхубзхэр къокIуэри сызэпаплъыхь. Языхэзым жеIэ: «Сэзэгъын хуэдэщ мыр». Абы и ужь соувэри, и унэ сокIуэ, щхьэгъусэ сыхуэхъун щхьэкIэ. Iэнкун сызэрыхъуам гу лъитащ Аджыкъу, къы- зэплъри пыдыхьэшхыкIащ. «Мы щIалэр зылъыхъу хъун пщащэ къыкъуэкIынкъэ -преплъэ, щIэпIэщIэн щыIэкъым», – жиIагъэнщ игукIэ.
Сигу къэкIащ асыхьэтым: лIыщIэ хуэмейуэ пIэрэ Аджыкъу?
И Iэр зыщIигъакъуэри, заулкIэ щымащ Аджыкъу, итIанэ жиIащ:
— УкъыздэIэпыкъумэ, си жагъуэ хъунукъым. Дэ лIыщIэ къатщтэркъым, ди Iуэхур дэ зэфIыдогъэкI. Губгъуэм уныздихьэрэ укъыздэIэ-пыкъумэ, си гъавэм щыщ Iыхьэ къыплъысынущ. Ди цIыхубзхэр пхуэпщэфIэнщ, пхуэжьыщIэнщ.
ЦIыхубзищ ист Аджыкъу и унэм: Зарэрэ абы и шыпхъу нэхъыщIитIрэ – Зейдэтрэ Бибэрэ. Мэз бжэным хуэдэт щыри – Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэт.
Аджыкъу и унэм зы пэш схупащIыхьащ. КъысщымыгуфIыкIа дэсакъым жылэм. ЗэрызэраухылIати, Аджыкъу и пщIантIэм мэл, жэм лъхуащIа къыдахуащ, джэд, хьэжыгъэ, кхъуей, фо къысхуахьащ.
Нэхъ сахэсыхьа нэужь, Аджыкъурэ сэрэ мэз дыкIуащ, псей итырыгъуитI къэдгъауэри, Аджыкъу сеупщIащ апхуэдиз дзыхь къыщIызигъэзам и щхьэусыгъуэмкIэ. хэгъэрей сащIын дэнэ къэна, я бий кIэрыуфIыцIут сэ абыхэм сыкъалъытэн зэрыхуейр.
ЗаулкIэ зиIэжьэри, Аджыкъу и щхьэр къиIэтыжащ.
— Дэ, шапсыгъхэм, дигу зыми Iей хуилъкъым – ар иреурыс е иретырку. Хэти дыхуэгуапэщ, ди псэм къемыщэ закъуэмэ. Лей зытехьа ди щыпэлъагъукъым дэ, къытхыхьакъэ – тхузэфIэкIымкIэ зыщIыдогъакъуэ. Аращ цIыхуцIэ зезыхьэм хуэфащэр.
А псом сэр-сэру гу лъыстэн хуеящ сэ, щхьэ щысфIэткIэ. Абы гу лъыстамэ, фIыщIэр зейр Аджыкъущ. Урысейм хэгъэрейрэ ныбжьэгъурэ щызимащIэкъым сэ, итIани, мыбы си нэгу щыщIэкIыр яхуэсIуэтэжмэ, я фIэщ сымыхъункIэ сошынэ. «Шапсыгъхэм IэплIэешэкIкIэ урагъэблэгъауэ, уахэзэгъауэ жыбоIэ – ар дауэ ди фIэщ зэрыпщIынур?» – шэч къысхуэзыщIын къахэкIынкъэ си хэгъэрейхэми си ныбжьэгъухэми? Зыми сыпэувынукъым, зыми седэуэнукъым. Люлье шапсыгъхэм щхьэкIэ 1841 гъэм итхауэ щытам щыгъуазэ зрещI (Аджыкъу абы щыгъуэ щIалэ цIыкIут, сэ сыкъалъхуагъэххэтэкъым) си псалъэм шэч къытезыхьэхэм. А гъэм шапсыгъхэм, абэзэхэхэм, убыххэм, нэгъуэщI адыгэ лъэпкъхэм я хасэм къыщащтауэ щыта унафэм дыкъыщоджэ: «Урысейм къикIуэсыкIыурэ къытхыхьэхэм дапэрыуэ хъунукъым, къыддэзэуэн щхьэкIэ гъусэ зыкъытхуэзыщIхэм фIыщIэ яхуэтщIын хуейщ…»
Си Iэр къиубыдыжри, Уэзырмэс ежьэжащ. Щежьэжым сеупщIащ: «ЩIэх къытебгъэзэнкIэ хъуну?» Жэуап къызитащ: «Ныбжьэгъур ящыгъупщэркъым, мы лъэныкъуэмкIэ къэзгъазэмэ, узмылъэгъуауэ сежьэжынкъым».
Шапсыгъыр хэщIапIэ схуэхъуами, си ныбжьэгъухэр, си хэгъэрейхэр сщыгъупщэртэкъым, уеблэмэ сахуэзэшырт. Пэж жысIэнщи, езэшыпIи сихуэртэкъым: хьэсэм силэжьыхьырт, мэз сыкIуэрт, щакIуэ сежьэрт, бдзэжьей сещэрт – пщIэн бгъуэтынтэкъэ! Адыгэбзэм сыхэгъуазэу щIэздзат, щIэрыщIэу сыкъалъхужауэ къысщыхъурти, дунейм гу щысхуэртэкъым. Псом нэхърэ нэ-хъыщхьэрати, си псэрэ сигурэ сыхуитт сэ, зыми сыхигъэзыхьыртэкъым, леи залымыгъи срихьэлIэртэкъым.
Аджыкъу дзэм къыхэкIуэсыкIа сэлэтитI сигъэцIыхуащ – Кнышевымрэ Уэзырмэс и хьэщIэ Ильярэ.
«Сыт фи псэукIэ, дауэ фахэзагъэрэ шапсыгъхэм?», -жысIэу сащеупщIым, Кнышевым жэуап къызитащ:
— Ди жагъуэ къэзыщI дарихьэлIэркъым, дахэсыхьащ, пщIэ къытхуащI, зэрахузэфIэкIкIэ зыкъытщIагъакъуэ.
Илья макъыхъу гуэрт, щхьэпэлъагэт. Кнышевым и псалъэм пищащ абы:
— Уахэзэгъэнущ, я пщIэр плъытэрэ уапэмыпсэлъэжмэ. Хьэлэл защIэщ, зигу хьэрэм илъ срихьэлIакъым сакъызэрыхыхьэ лъандэрэ.
ТIуми щхьэгъусэ ягъуэтакIэщ. Кнышевыр зыбгъэдэсыр цIыхубз лъагъугъуафIэт – хэплъыхьри, кърагъэшат: «Мыр пхуэфащэщ», – жари. ЛъагъугъуафIэ къудейтэкъым – цIыхубз жант, дэни нэсырт, и Iэри и лъэри увыIэртэкъым. Илья топ къидыгъури къыхэкIуэсыкIащ дзэм – дамэкIэ къахуихьащ шапсыгъхэм, ар пщIантIэм дэлът. Псоми ныбжьэгъу яхуэхъуащ щIэх дыдэ, махъсымэ игъавэурэ жан хъуху йофэ, ефамэ, и фызым щыфIэнэри мащIэкъым. Хасэм щагъэжьащ абы щхьэкIэ: «Уи щхьэгъусэм дяпэкIэ Iэпэ теплъхьэнщи, къыптетхыжынщ, абы уемызэгъмэ, нэгъуэщI къодгъэшэнщ», – къыжраIащ. «Ерэхъу, – жиIащ Илья, – фи деж къыщыщемы-зэгъкIэ, афIэкIа и гугъу сщIынкъым». И цIэм щхьэкIэ пщIэ лей хуащIырт абы – Илья, адыгэхэр къызэреджэмкIэ, Елие, ар Щыблатхьэм и етIуанэцIэрт. Вы хуэдэ гуащIэшхуэ хэлът Илья, жыпIэнурамэ, домбейт. «Дэнэ ущыщ?» – жысIэри сеупщIати, жэуапу къызитаращ: «Сэ сыздыщымыщыр укIуэдыж, си лъэ здынэзмыхуса къэ- нэжакъым, ущылъыхъуэм сыкъыщыбгъуэтынукъым». Дзэм къызэрыхэкIуэсыкIам щыгъуазэ фысщIакIэщ. Дзэр егъэзыпIэ хуэхъун и пэ, хэт ищIэрэ, щIэпхъаджагъэ мащIэ илэжьагъэнкъым, Iэджэ щIыпIи къыщиджэдыхьагъэнщ – апхуэдэр щымащIэ Урысейм!
Щыхьылыр игъэжьэху, Илья хъыбар Iэджэ сригъэдэIуащ.
— ИлъэситIкIэ къуэдзэ къулыкъу зесхьащ, нэхъ белджылыуэ жыпIэмэ – Iэпыдзлъэпыдз. Iэпыдзлъэпыдз сызыхуащIа капитаным и фэкIэ дэбгъуэн щыIэтэкъым, игукIэ цIапIэт армыхъумэ. И хьэпшыпым и ныкъуэр шым теслъхьэурэ, шым хуэмыIэтыр сэ плIэкIэ хуэсхьырт. Верст тIощI ткIумэ, сэлэтхэм загъэукIурийти, загъэпсэхурт, я гущIыIу дэгъэзеяуэ. Сэ апхуэдэ хущIыхьэгъуэ сиIэтэкъым: капитаныр згъэшхэн, езгъэфэн хуейт. Абы сыкъыдэмыхуэурэ, сэлэтхэр къыщахурти, дежьэжын хуей хъурт. ДыздэкIуэм, сомэжалIэри, си щхьэр мэуназэ. Пхъэ гъури къэсщыпын хуейщ – пщыхьэщхьэм мафIэ сщIын щхьэкIэ. Псы пхуэлIами, сэлэтхэм къыплъагъэсыркъым, езыхэр Iугъуэлъхьащи. ЗытIэтыжарэ я ужь укъинакъэ – къэзакъ шухэр ди ужь икIыртэкъым, къыттеплъэкъукIыртэкъым, дыкIуэсэн я гугъэти.
(КъыкIэлъыкIуэнущ)
2012-02-22