Адыгэбзэм тепсэлъыхьащ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык къалэ дэтым зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ адыгэбзэм зегъэужьыным и Iэмалхэм, а мурадыр гъэзэщIа зэрыхъуну щIыкIэхэм.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Ажахъуэ Къанщобий. Зэхуэсым кърагъэблэгъа, адыгэбзэмрэ литературэмрэ ирилажьэ IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр тепсэлъыхьащ адыгэ лIакъуэхэр нобэ зэрыпсалъэ бзэхэм я щытыкIэмрэ хэхэс адыгэхэм я деж анэдэлъхубзэр щыхъумэным пыщIа гугъуехьхэмрэ, щIэныгъэ щрат IуэхущIапIэхэм лъэпкъыбзэр щегъэджыным и Iуэху зыIутым, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм дыхуэкIуэным къыпэрыуэ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.