Дэ дызэплъыр фэращ
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IX Конгрессым хэтахэм ящыщщ Нью-Джерси щыIэ Америкэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Юнус (Бэвий) Нихьэт. Ар а къулыкъум зэрыпэрытрэ илъэситI хъуауэ аращ, ауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэрыунэхурэ абы жыджэру холэжьыхь. ГъэщIэгъуэн фщыхъуну къытфIощI «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къытхуеблэгъа тхьэмадэр лъэпкъ Iуэхум зэреплъыр.
Обамэ адыгэхэр ирегъэблагъэ жыхуаIэр пцIыщ
— Дэнэ къуажэ ущыщ?
— Сэ Сирием, Джоланым, сыкъыщалъхуащ, Мансурэ къуажэм. Журтхэм 1967 гъэм дыкърахуа нэужь, си адэр щылажьэр Дамаскти, унагъуэри абы дыIэпхъуащ. 1969 гъэм Америкэм сыкIуащ. Абы щыгъуэ илъэс тIощIрэ плIырэ сыхъуу арат.
— Уи унэцIэр зэи зэхэсхакъым.
— Бэвийхэ абазэхэу си гугъэщ е бжьэдыгъущ. Ди лъэпкъыр цIыкIущ – унагъуищ дэсауэ аращ ди къуажэм. Илъэс пщыкIуплI и пэкIэ Мейкъуапэ сыкIуауэ щытащ, Конгрессыр Бжьэдыгъукъалэ (Краснодар) щыщекIуэкIам щыгъуэ. СыщIэупщIат ди унэкъуэщ щыIэми, тщыщ згъуэтакъым, ауэ Адыгейм щэнхабзэмкIэ и министр Чемсо Гъазий ди лъэпкъым теухуауэ тхылъ ятхауэ жиIащ, къызитынуи сыкъигъэгугъащ.
— Юнусыр уи адэшхуэхэм ящыщ зым и цIэу арагъэнщ.
— НтIэ. Сирием ди унэцIэ дыдэхэр ди цIэм пытхауэ щыщытащ зы лъэхъэнэ гуэр. ИтIанэ нэгъуэщI зэман къежьащ: ахэр пыдагъэхри, ди адэжьым и цIэр унагъуэцIэу къэтщтэну ягъэуващ.
— Нью-Джерси Хасэм некIуалIэ адыгэхэр щIыпIэ куэдым къикIа?
— Нью-Джерси дэс адыгэхэм я процент бгъущIыр Сирием къикIащ. Адрей пщIыр – Иорданием, Тыркум, Кавказым. Кавказым никIахэр зауэ нэужьым къэмыкIуэжыфахэращ, абыхэм ящыщу нэрыбгитI къудейщ псэужыр. ИтIанэ Кавказым никIауэ зы мин хуэдиз Бруклин, Нью-Йорк дэсхэщ мыбы щыщ хъыджэбзрэ щIалэщIэхэу.
— Ахэр сыт хуэдэ зэман ныщыкIуар?
— Мы илъэситху блэкIам лэжьэну е еджэну накIуэхэурэ къэнащ. Зы гуп соцIыху рестораным щылажьэхэу, хэт пщафIэщ, хэт Iэнэзехьэщ, къаIэрыхьэ лэжьыгъэр ягъэзащIэ.
— Хасэм и лэжьыгъэр тыншу зэтеува?
— Ди Хасэр зыщIэс унэр инщ, Iыхьищу зэхэтщ: еджапIэ, цIыху зэхуэсыпIэ, мэжджыт. Илъэс зыбжанэ хъуауэ шхапIэ щолажьэ, хьэлывэ гъэщIэгъуэнхэр ящI. Нэхъапэм къэхьэуэ, шей фIэкIа щыIакъым, иджы шхын щапщэфI. КъэфакIуэу щэрэ щэ ныкъуэрэ зыхэт гуп диIэщ. Зы мазэ закъуэ фIэкIа зэпыу ямыIэу загъасэ. Зыгъасэр Сирием никIа адыгэ щIалэщ. Хасэм и тхьэмадэхэр илъэситIым зэ IэIэткIэ хах. ИтIанэ нэхъыщхьэмрэ къуэдзитIымрэ абыхэм къыхахыж. Нэрыбгэ щийрэ щэ ныкъуэрэ хуэдиз ахъшэ яту Хасэм хэтщ. Иджыри къэс долларищэрэ тIощIрэ халъхьэу щытащ, илъэсыщIэр къэунэхумэ, долларищэрэ тIощIиплIым хуэкIуэнущ. ЩIыгу къэтщэхуащ хасэ унэм къыбгъэдэту. Iуэху щхьэхуэ гуэр щхьэкIэ мылъку дыхуей хъумэ, хъарзынэу къыхокI – я жыпхэм тыншу доллар мин, минрэ щитхурэ кърахри къыхалъхьэ.
— Хасэм и мылъкур цIыху щхьэхуэхэм къыхалъхьэра зэрыхъур хьэмэ къэралыр къывдэIэпыкъурэ?
— Къэралым къеIытхынуIауэ яужь дитакъым. Американ хьукмэтым къеIыпхыу щытмэ, нэхъ къыптекъуза уохъу, адыгэхэм нэмыщI нэгъуэщI лъэпкъхэри къевгъэкIуалIэ жаIэнущ. ЕджапIэм щхьэкIэ ахъшэ дыхуейщ жытIэмэ, къыдатынущ, ауэ хуиту ди лъэпкъым и закъуэ дытелэжьэн щхьэкIэ къеIытхыркъым.
— Фи Хасэм хэтхэм я нэхъыбэр Сирием щыщщ. Абы зауэ къызэрыщыхъейрэ къэрал зыбжанэм, абыхэм Тыркури Америкэри яхэту, щтапIэ ихьэжынухэр ирагъэблагъэу хъыбар къэIуащ. Обамэ Барак адыгэхэм къащхьэщыжыну хьэзыр хуэдэу жызыIи щыIэщ. Сыт а хъыбархэм я пэжыпIэр?
— Обамэ адыгэхэр ирегъэблагъэ жыхуаIэр хъыбарыпцIщ, япэрауэ. Къишэпэну сощIри, езы Обамэ деж унэмысу сенаторхэр, Клинтон Хиллари, езы американ хьукмэтыр арэзы хъун хуейщ. Къэрал IуэхущIапIэхэм, псалъэм папщIэ, «Толстой фаундейшн» дэ дызышауэ щытам хуэдэ, ар щыIэжкъым, къэбгъуэтын хуейщ.
— «Насып фаундейшн» жаIэу зыгуэр топсэлъыхь зэпыт мы Iуэхум.
— «Насып фаундейшн»-р зы нэрыбгэ закъуэщ зейр, ар щэнхабзэращ зытелажьэр. Ар зыгъэлажьэр Емышэ Жантищ.
— ЦIыху дапщэ нэкIуагъэн фи деж зауэр къызэрыхъейрэ?
— УнагъуитI нэкIуащ. НэкIуэну хуейуэ хъыбар къыдатауи щыткъым нэгъуэщIхэм. Мыбы, Хэкужьым, къэкIуэну хуейхэщ, ауэ Америкэм нэкIуэн мурад зиIэ щыIэу зэхэсхакъым.
— Псоми къазэрыфIэщIыр Сирием икIыу щтапIэ къэзылъыхъуэхэм я нэхъыбэр Америкэм накIуэущ, дэIэпыкъуэгъуи нэхъ ягъуэтущ?
— Хьэуэ, пэжкъым ар. А зи гугъу сщIа унагъуитIыр Дамаск никIащ, аркъудейщ.
— ИтIанэ, Америкэм демократие нэхъ зэрыщыIэм щхьэкIэ, адыгэ Iуэхури нэхъ тыншу щызэрахуэу жаIэ.
— Ар пэжщ. Дызыхуейр тщIэну дыхуитщ, зыми къытпиубыдынукъым, а хуитыныгъэр диIэщ. Дэ ди закъуэкъым, Америкэм ис дэтхэнэ зы лъэпкъми и щэнхабзэм, щIэныгъэм зригъэужьыну хуитщ, кIуэ, езы Америкэ къэралым и Iуэху ухэмыIэбэмэ, уи лъэпкъым узыхуей хуэпщIэну ухуитщ.
— Америкэм щыщ гуп гуэрхэм Сочэ Олимпиадэр щекIуэкIыу ддэнукъым жаIэ хуэдэу хъыбар къоIу.
— Ди Хасэм политикэ Iуэху зрихьэркъым. Ар «Сочэ дыхуейкъым» зэгухьэныгъэращ. Абы и лIыкIуэхэр Куржым къокIуэ, Европей Союзым макIуэ. Абыхэми зыгуэр ящIэ, ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, Урысейм уезауэкIэ упэлъэщынукъым, уезэуэни хуейкъым – дахэкIэ удэпсэумэ нэхъ фейдэщ.
— Мы Олимпиадэ Iуэхум дауэ уеплърэ? Иныкъуэхэм ткIийуэ пэщIэувэн хуейуэ ябж. Нэхъ щабэхэм, апхуэдэу хьэлыншэу зыдмыщIу, фIыкIэ зыкъедгъэцIыхумэ нэхъ тэмэмщ жаIэ.
— Дэ, Хасэр, дызэреплъращ: Олимпиадэр щекIуэкIкIэ, мы щIыпIэм исахэр мыпхуэдэ цIыхухэращ жытIэу зыдгъэлъагъуэмэ, нэхъ къэсэбэпынущ. Олимпиадэм деныкъуэкъуу, бэракъхэр тIыгъыу «ФэдгъэщIынукъым!» жытIэкIэ, мыхьэнэ иIэкъым. ЯщIынущ. НэгъуэщI щIыпIэ къикIахэр зыщIэбгъэнакIэу закъыхэбгъэщ нэхърэ, дахэкIэ дадэпсэумэ, ди цIэр нэхъ жыжьэ Iунщ. Дыхуей-дыхуэмейми екIуэкIынущ Олимпиадэр, аращи, зыщIэдгъэпудыжын щыIэкъым.
Кавказым псори дихуэнущ
— Хэкум мы къэкIуэгъуэм укъыщIеблэгъа хъуар Дунейпсо Хасэм и Конгрессырщ. Арэзы укъищIрэ ДАХ-м и лэжьыгъэм?
— ДАХ-р дызэриIэр дэгъуэ дыдэщ, диIэн хуейщ ар. Адыгэр икъухьащ. Краснодар 1998 гъэм Конгрессыр щекIуэкIыу жаIауэ щытащ: къэрал 64-м исщ адыгэхэр. Ливием, Суданым адыгэ ису тщIакъым, Германием нэрыбгэ заул еджэну кIуауэ зэрисыр сщIэрт, ауэ нэхъыбэ щыIэу къыщIэкIащ, Бельгием исщ. Псори дызэрыщIэн хуейщ. ЦIыхухэм къызэрагъэзэжыну щIыкIэм дегупсысыпхъэщ. Псори дихуэнущ Кавказым, дыкъэкIуэжмэ. Ауэ дыкъэкIуэжын и пэкIэ, Iуэху куэд зэфIэдмыгъэкIыу хъунукъым. Ар Кавказым исхэм я закъуэ ящIэн ялъэкIынукъым, Сирием исхэм я закъуи ялъэкIынукъым, дызэдэIэпыкъужын хуейщ. ИтIанэ – ди бзэр! Бзэр бгъэкIуэдмэ, бжыгъэм укъригъэлынукъым. Ар тIэщIэкIмэ, дыкъэзыугъуеижын щыIэкъым. Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу илъэс тIощIрэ пщIы ныб- жьым нэхърэ нэхъыщIэхэм адыгэбзэ ящIэркъым. Ар унагъуэми я лажьэщ, Хэкуми и лажьэщ, адыгэу дунейм тет псоми ди лажьэщ. Америкэм щыIэхэри дыапхуэдэ къабзэщ. Ди узщ адыгэ хабзэр нэхъ мащIэ зэрыхъур. Ди Хасэм щыдогъэдж адыгэбзэр, пэжщ зы махуэ закъуэщ – тхьэмахуэрщ – абы хухэтхыфыр. НетIэ зи гугъу сщIа Емышэ Жанти илъэситI и пэкIэ зы псалъэ закъуэ адыгэбзэкIэ ищIэртэкъым. Езым и закъуэ зригъэщIэжри, тхылъ итхыжащ, бзиплI къызэщIиубыдэу: адыгэбзэ, тыркубзэ, хьэрыпыбзэ, урысыбзэ. Иджы нэгъуэщIхэм ярегъэщIэж адыгэбзэ. Ухуеймэ, умыщIэфын мы дунейм теткъым.
— ЛъэпкъгъэкIуэдым и Iуэхур зэдауэ куэд къызыхэкIым щыщщ: Куржыр щыхьэту къэуващ ди лъэпкъым апхуэдэ лей къызэрытехьамкIэ, адрей къэралхэм зэкIэ зыри жаIэркъым. Сыт нэхъ зэлэжьын хуейр мы лъэныкъуэмкIэ?
— ЕгъэщIэн хуейщ къэралхэм ди лъэпкъыр зэрагъэкIуэдар. Ауэ лъэпкъгъэкIуэд къыдащIылIащ жытIэу махуэ къэс дыгъкIэ ди Iуэхур ефIэкIуэнукъым. Ди къалэнхэр махуэ къэс дгъэзэщIапхъэщ. Щыгъуэ махуэ къэралхэм щыдиIэщ. «Сочэ дыхуейкъым» жызыIэ гупым хэт нэрыбгэ заулымрэ ди Хасэмрэ зэгъусэу илъэс кIуам пэкIу къызэдгъэпэщащ. ДгъэкIуэдын хуейкъым а махуэр, дэ къыттепсыха гуауэм хуэдэ къызыщыщIа лъэпкъ мы дунейм тету къыщIэкIынкъым. Мелуаних-блы адыгэу Кавказым исащ лъэпкъгъэкIуэдым и пэ. Иджы мелуаным нэскъым. Адрейхэр хамэщ, дэ дигу хэхъуэу дыщыпсэун хуей щIым нэгъуэщIхэр исщ. ИтIанэ, дыкъэкIуэн хъумэ, визэ дыхуейщ. Ди Хэку дыкъэкIуэжын щхьэкIэ сыт визэ дыхуэныкъуэн щIыхуейр? Хамэм Кавказым и бжэр тхузэIуихрэ дыкъригъэхьэ- жу.
— Аэропортым уигу щызэщагъэуа къыщIэкIынщ.
— Хьэуэ, щIыпIэ куэдым сыщыIащ, зыри и лажьэкъым аэропортым, дэгъуэщ, тыншу Iуэхухэр зэфIагъэкI.
— Нобэ дэнэкIи щыIэ адыгэр зэлъоIэс. Хэкуми йокI икIи къохьэ, ауэ адыгэ Iуэхур къафэ-джэгум фIэмыкI хуэдэу щытщ, щэнхабзэм и гъунапкъэм икIыркъым. Хуэму, тэмакъкIыхьу политикэ и лъэныкъуэкIи зыгуэрхэр гъэкIуэтэн хуейкъэ? АбыкIэ сэбэп хъунур сыт? ЦIыху хьэмэ щIэныгъэ тхуримыкъур е дыхуэмыхуу аркъудей?
— Дэ дызэплъыр фэращ. Фэ щэнхабзэ, тхыдэ фиIэщ. Дэ дывгъэщIэн, къыдэфтын хуейщ а щIэныгъэр. Дэ, псалъэм щхьэкIэ, библиотекэ диIэщ Хасэм, ауэ цIыкIуIуэщ. Фэ фынакIуэурэ фщIэхэмкIэ фыкъыддэгуашэу щытын хуейщ. Дэ дызыунагъуэщ. Абы нэкIуэну нэрыбгитI-щым я кхъухьлъатэ уасэр дэ къыдэхьэлъэкIынукъым. Тыншу зызэпытщIэфынущ. Ди щIалэхэр къэдгъэкIуэн хуейщ. Гуп-гупурэ гуэшын хуейщ ныбжькIэ: хым щегъэжьауэ пщIым нэс, пщIым щегъэжьауэ пщыкIухым нэс, дэтхэнэ зыми и акъылым теухуауэ. Мыхьэнэ нэхъ зиIэу къысфIэщIыр илъэс 18-30 ныбжь зэхуакум дэтхэр зэлъэIэсынращ. Зэ-тIэу щIалэгъуалэ гуп къэкIуауэ щытащ. Щхьэ зэпыужа, сщIэркъым. Лъагъуныгъэ, ныбжьэгъугъэ ди щIэблэм яку дэлъ хъунущ, апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм я фIыгъэкIэ. НэхъыфIу зэрыщIэнухэщ хабзэм теухуауи. Зы махуэ гуэрым си щIалэр ныдэлъэдэжащ: «Кавказым сокIуэ», – жиIэри. Ар жиIэну зэи сигу къэкIакъым. Дыгъэ зригъэуну, псы гуэрым хэсыну кIуэн фIэкIа, Кавказым къэкIуэну зэи си гугъакъым. Сэрэ си щхьэгъусэмрэ дызэплъыжащ. Паспорт иIэт, визэ къыдихырт, арати, си фIэщ мыхъуурэ къыдэкIащ. КъыщыкIуэм, Тхьэ селъэIуащ а тхьэмахуищ къызэрытам: «ЩIыпIэр фIыуэ илъэгъуауэ къэкIуэжамэ арат», – жысIэурэ. Игу кIэрыпщIауэ нэкIуэжащ икIи.
Америкэм исхэр щхьэ къэмыкIуэжрэ?
— Дэ къызэрытфIэщI дыдэр жысIэнщ. Дыхуейщ адыгэхэр псори къэкIуэжыну, Сириеми Тыркуми хуэмурэ къокIыж, ауэ нэхъ къэмыхъейр Америкэмрэ Иорданиемрэщ. Дызэрегупсысыр: а къэралхэм гъащIэр нэхъ тыншу щокIуэкIри, абы щыпсэумэ нэхъ къащтэ.
— Ар пэжщ, пэж дыдэщ. Америкэм адыгэ искъым, Кавказым и гугъу имыщIу, фIыуэ имылъагъуу. ИтIани, дэ дызэрыгупсысэр бжесIэнщ. Мыбы, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ, исхэр тIэкIу елэжьын хуейщ мы Iуэхум. Сэ си ныбжьыр здынэсам мыбы сыкъэкIуэжмэ, адыгэбзэр сощIэ, ауэ урысыбзэр сщIэркъым. Урысыбзэ умыщIэу мыбы уисыну тыншкъым. ИтIанэ унэ узыщIэсыным и Iуэхур. Дэ ар къыдатын хуейщ жысIэркъым. Ауэ дэнэ дыщыпсэунур, дэнэ унэ щыдухуэнур, сыт ди псэукIэ хъунур – абы зыри егупсысыркъым, «Америкэм исхэр щхьэ къэмыкIуэжрэ?» – жаIэ фIэкIа.
— Америкэми Иорданиеми исхэр къэкIуэжу я унэ-лъапсэ мыбы щызэрагъэпэщыжыным я мылъкур къайлеекIыу яхурикъунущ, езыхэр хуэмейуэщ къызэрытфIэщIыр.
— Иорданием исхэр дэ нэхърэ нэхъ бейщ.
— Иорданием исхэм Сирием ис псори къыздашэжу къэкIуэжыфынукъэ?
— КъэкIуэжыфынущ! Иорданием исхэм мыр жысIауэ зэхахыжмэ, къысхуэшхыдэну къыщIэкIынщ, ауэ адыгэ мелуанырыбжэу а къэралым щэрэ щэ ныкъуэрэ исщ, я мылъкум и лъащIэм лъэмыIэсу. Сыт-тIэ а ахъшэм иращIэр? Езыхэр иротхъэ. Тхьэм игъатхъэ, ауэ адыгэ Iуэхуми хэIэбэн хуейщ. Дэри, Америкэм щыIэхэр, дыаращ. Псалъэм папщIэ, Сирием и Iуэхур Иорданием щыIэ адыгэхэм зэфIахыфын хуейщ.
— Сыт хуэдэ Iуэху ар?
— Адыгэ къэкIуэжхэм я Iуэху зэфIахын ялъэкIынущ. Щыпудщ мыбы псори, зыгуэр пщIэну уигу илъмэ. Иджы зэрызэхэсхымкIэ, къэкIуэжхэм урыс къуажэхэм унэхэр къыщыхуащэхуу хуежьащ. Ауэ абы дэтIысхьэхэр лэжьыгъэкIэ гугъу ехьынукъэ? Налшык километр щэ ныкъуэ хуэдизкIэ пэжыжьэщ зи гугъу ящI щIыпIэхэр. УнипщI хуэдиз къащэхуауэ жаIэ абы дагъэтIысхьэну. ТIэкIунитIэ нэхъ егупсысауэ щытын хуейщ. Дэ жыжьэ дыплъэркъым. Нобэ Сириеращ зи Iуэху зэфIэзэрыхьар. Пщэдей Иорданиер апхуэдэ хъункIи мэхъу, Тыркури аращ. Дыхуэхьэзырын щхьэкIэ, фонд диIэн хуейщ: Дунейпсо Гуманитарнэ Фонд. Мазэ къэс ахъшэ абы хэтлъхьэу. Сирием къыщыхъуам хуэдэ гуэр къэхъумэ, дымыгужьеин щхьэкIэ. Зыри къэмыкIуэжми, Америкэм къикIыжурэ пенсэм кIуахэр къэкIуэжынущ, ныбжь нэхъ зиIэхэр: тхущI, хыщI, блыщI ныбжьым иту ахъшэ тIэкIу зыгъэтIылъахэр. Е тыкуэн гуэр къызэIуахынщ, е нэгъуэщI Iуэху цIыкIуфэкIухэр, езыхэр зэрыпсэун къыхэкIыну. Ауэ псори къыщежьэн хуейр Кавказырщ.
— Натхъуэ Къадыр зэгуэр жиIауэ щытащ: иджыпсту къэрал щIыбкIэ щыIэ адыгэр нэхъ къарууфIэщ, Хэкум исым нэхърэ. Уэри апхуэдэу къэплъытэрэ?
— Хьэуэ. Хэкум исхэр фынэхъ къарууфIэщ. МылъкукIэ жысIэркъым, ауэ мыр фи Хэкущ. Сэ мыбы сызэрыщыIэ махуищ-плIым сыжеину сыхуейкъым, къэскIухьыну фIэкIа. Мыбы сыкъыщIыхьащ, псори адыгэбзэкIэ фопсалъэ, уэрамым утетмэ – адыгэбзэ зэхыбох. Тыкуэным ущIохьэри: «Мыр къызэт», – жыбоIэ. Сэ сесащи: «АдыгэбзэкIэ упсалъэрэ?» – жызоIэри соупщI. Си гъусэу ныщIыхьэхэр занщIэу адыгэбзэкIэ йопсалъэ тыкуэнтетым. Мыр фи хьукмэтщ, фи къэралщ.
— Фэри фыдигъусэу ди хьукмэтщ, ди къэралщ!
— Мыбдеж дэнэкIэ зыбгъазэми, гъуэгу гуэрым утехьэмэ, тIэкIу-тIэкIуу къыбдэхъунущ сытри. «ЗанщIэу «гражданство» къыдатын хуейщ», – жызыIэхэр щыIэщ. Ауэ апхуэдэу псынщIэу къыпIэрымыхьэми, умыпIащIэурэ узыхуей псоми улъэIэсыфынущ, сыкIуэжынщи сыщыпсэунщ жыпIэмэ.
— Фейсбукым зымахуэ зыгуэрым къритхат: «Ди адэжьхэм Хэкум имыкIын щхьэкIэ зрагъэукIащ, иджырейхэм Хэкум къэмыкIуэжын щхьэкIэ зрагъэукI» жиIэри.
— КъэкIуэжын куэд бгъуэтынущ, ауэ зэзэмызэ зэхызох: «КъэкIуэжыну хуейхэкъым», – жаIэу. КъэкIуэжынкIэ хъунухэми ягъэIу: «Мыбы дыхуейщ, мыр къытхуащIэн хуейщ». Ар жыпIэну къезэгъыркъым.
Ди хъыджэбзхэр хамэ щIалэхэм яшэну сыхуейкъым
— УнагъуэкIи укъацIыхумэ я гуапэ хъунт газетым еджэхэм.
— Сэ Америкэм сызэрыкIуэрэ илъэс тIощIитIрэ щырэ хъуащ. Дэ дыщыкIуам бзэр тщIэртэкъым. Абы къыхэкIыу сэ сызыхуей лэжьыгъэм сыпэрыхьэфын хуэдэу щыттэкъым. Ди бынхэр едгъэджэну яужь дитащ – школ, университет ирехъу. Тхьэм и шыкуркIэ, ар ди Iэ къикIащ. Езы американ унагъуэхэр апхуэдэу елIалIэркъым я быным щIэныгъэ нэхъыщхьэ иратыным. Езы сабийхэр еджэнумэ, къэралым щIыхуэ къыIах, «студент ахъшэ» и цIэу зыгуэр кърат, итIанэ хуэмурэ япшыныж. Дэ ди бынхэм щIыхуи къедмыгъащтэу едгъэджэфащ. Дохутырхэр къытхэтщ, уэчылхэр, компьютерым елэжьхэр диIэщ. Ди щIалэхэм емыджа яхэткъым.
Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, дэ дыщыкIуам ди ныбжьу нэрыбгэ зыбгъупщI дэсауэ аращ адыгэу. Къэтшэну тхуэфащэу хъыджэбзиплI къудейт щыIэр. Ахэр яшэри, къэшэн димыIэу дыкъэнащ. ИтIанэ лэжьыгъэм дыхэзэгъа нэужь, Сирием, Иорданием дыкIуэурэ къитшын щIэддзащ. Иджы адыгэ хъыджэбзу диIэр щIалэхэм нэхърэ нэхъыбэщ. Дахэхэщ, гъэсахэщ, мы дунейм яхужыпIэн щымыIэу. Си щхьэгъусэр Сирием щыщщ, и адэр абазэщ, и анэр бжьэдыгъущ, Аджашэхэ Тамарэ. Хъыджэбз диIэщ илъэс тIощIрэ тIурэ и ныбжьу, ди щIалэм тIощIрэ блырэ и ныбжьщ. Си хъыджэбзыр унагъуэ ихьащ. Ар зыдэкIуар мы Кавказым зауэ нэужьым никIа Молэмусэхэ я щIалэщ. ЩIалитI иIэщ, илъэсиплI-хы ныбжьым итщ, я бзаджэгъуэщ.
Ди щIалэгъуалэр хэмыкIуэдэным долэжь. Ди Хасэм адыгэ фIэкIа къыщIэдгъэхьэркъым, Кавказ лъэпкъыу щытми. Ди хъыджэбзхэр хамэ щIалэхэм яшэну сыхуейкъым. Мо «Толстой фаундейшн»-м и Iэтащхьэ гуэр Толстой тхакIуэм и пхъурылъху си гугъэт, Самсоновэ и унэцIэу, жэщ гуэрым дызэдэшхэу дыщысти, хъыбар къызжиIэжащ: «Нихьэт, зыгуэр бжесIэнущ, ауэ занщIэу зыщыгъэгъупщэ, укъызыфIэмыщIыж. СыныбжьыщIэу, Толстой унагъуэм дыщыщу, дыбейуэ мафIэгукIэ къэткIухьырт. Кавказым дихьэн е дыблэкIын хъумэ, дыщыжей мафIэгу унэ цIыкIум дыщIэлъэдэжырти, щыгъын нэхъ дахэу диIэр щыттIагъэрт, сэхусэплъ зыщытхуэрт, ди щхьэцхэр екIуу джьырти, нысашэ дыкIуэнум хуэдэу зыдгъэщIэращIэрт. ИтIанэ щхьэгъубжэхэм дыIутIысхьэрти, Тхьэ делъэIут: «Я дэ ди Тхьэ, мы мафIэгур адыгэ щIалэхэм егъэдыгъу, дэри абыхэм яшэнухэм ящыщ дыщI!» – жытIэу. Ар зыщызгъэгъупщэн дэнэ къэна, си гум и быдапIэм деж тестхэнущ жесIэгъат. Аращи, ди щIалэхэр хъупхъэхэщ, ди хъыджэбзхэр гъэсахэщ, щхьэ нэгъуэщIым Iэрыхьэн хуей?
— Хасэм и Зэхуэсышхуэм сыт хуэдэ унафэ къебгъэщтэнт?
— Сирие Iуэхур къызэрежьэрэ зыдгъэхьэзырын зэрыхуейр жызоIэ зэпыт. Хасэу мы дунейм тетым – Иорданиеми, Тыркуми, Сириеми, мы Кавказми зэ тхылъ яхуезгъэхьауэ щытащ Фонд гуэр зэгъусэу дывгъэщI жысIэри. Америкэм е Кавказым щхьэхуэу щымыIэу, псори зы щIыпIэ гуэрым щызэхуэхьэсауэ. Европэм, псалъэм папщIэ, банк гуэрым хэлъу, цIыху щхьэхуэхэр емыхъуэпсэн хуэдэу. Ар яхэслъхьащ. ИтIанэ бзэм теухуауэ блэкIыпIэ имыIэу унафэ гуэр къэщтэн хуейщ. Нэгъабэ щегъэжьауэ яжызоIэ Медиа – дызэпызыщIэ хъыбар зэIэпыхыпIэ – дызэрыхуейр. Иджы мы Сирием и Iуэхур къызэрежьэрэ псалъэмакъхэр зэхыдох: Налшык мин щыIэт, щищ мобдеж щыIэт, зы гупым яшхын яIэкъым жаIэ. И пэжыпIэр тщIэркъым. Сэ къыслъэIэсри, уэ къыплъэIэсри, Лондон нэсри зы хъыбару щытын хуейщ. Ар дызэрыщIэн, дымыбэлэрыгъын щхьэкIэщ. А Iуэхугъуищым мыхьэнэшхуэ изот.
Епсэлъар ЧЭРИМ Марьянэщ
Адыгэ псалъэ.