Адыгэбзэ Культура

Дыщэидэм и щэхур

Налшык дэт Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ дыщэидэм, хэдыкIым хуэIэпщIэлъапщIэ, Мейкъуапэ щыпсэу Бидэнокъуэ Мэлэчхъан и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Хъуажь Фахъри и псалъэ.

 

Пэшым и блынхэр яуфэ­бгъуащ лъэпкъым къыде­кIуэкI IэщIагъэм и Iэужь дахэ къызыхэщ хьэпшыпхэм. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа, хьэпIацIэщыгъэкIэ бла лъэпкъ дамыгъэхэр, IэкIуэ­лъакIуэу ухуэна къэдабэ щэкIыр, щагъэ пщэхъур, цIыхухъу, цIыхубз бащ­лъыкъхэр, дыщэидэкIэ гъэщIэрэщIа упщIэхэр, сурэтылъэ IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр, щIалэхэм я къэшэнхэм ирату щыта нэмэзщыгъэхэр (абыхэм я псыр тхыпхъэ­щIыпхъэ дахэу пщащэхэм IуданэкIэ зэIуащэрт)… куэд мэхъу зы бзылъхугъэм и зэфIэкIымрэ и гупсысэмрэ зрихьэлIа лэжьыгъэхэр.

Бидэнокъуэ Мэлэчхъан Тыркум и Эскишехир къалэм къедза къуажэхэм ящыщ зым къыщалъхуащ. Абы Анкара дэт пединститутыр къиу­хащ. И щIэныгъэм Инджылызым щыхигъэхъуащ, дэр­бзэрым щыхуагъасэу Брэдфорд щыIэ колледжым щеджащ. Ататюрк и цIэр зэрихьэу Анкара дэт университетым щыпхигъэкIащ фащэм ехьэлIа и кандидат диссертацэр. ИужькIэ а еджапIэм щылэжьащ фащэр зэрадым, упщIэ зэра­щIым, Тырку щэкI лIэужьы­гъуэхэм я тхыпхъэщIы­пхъэ­хэм щыхуигъасэу. Мэлэч­хъан и тхыпхъэ­хэм­кIэ гъэ­щIэрэщIа фащэхэр мызэ-мытIэу гъэлъэгъуэны­гъэхэм утыку къыщрахьащ.

Бидэнокъуэ Мэлэчхъан и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт альбом Анкара щ ыIэ Адыгэ Хасэм къыдигъэкIауэ щытащ. Мэлэчхъанрэ абы и шыпхъу нэхъыщIэ Мералрэ 1991 гъэм Анкара дэт Ахъшэ хъумапIэхэм ящыщ зым и пэшым я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуащ. Ди деж къашам и нэхъыбэри ахэращ.

Бидэнокъуэ Мэлэчхъан (ижьымкIэ щытщ) упщIэхэм жэуап ярет.

 Мэлэчхъан къыщыхъуа унагъуэм и бзылъхугъэхэр, и анэшхуэм деж щегъэжьауэ, лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ IэпэIэсэу, упщIэ щIыным, дыщэидэм, уагъэщагъэм хуэIэзэу щытащ. Дахагъэм щIапIыкIа цIыхубзым ар Iэпэгъу хуэмыхъуу къэнэнт?!

Бидэнокъуэ Мэлэчхъан къуитI иIэщ – Нартбэдынрэ Пэрытрэ, и унагъуэр Анкараи Мейкъуапи щопсэу…

ЗэIущIэр къызэIуихащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс. Абы къызэхуэсахэм фIэхъус ярихри, хамэ къэралыр зи псэупIэу щытахэм лъэпкъ IэпщIэ­лъапщIагъэм щыщ куэд зэрахъумар къыхигъэщащ, Iэджэ къыпхуэзыIуатэ Iэда­къэщIэкIхэм купщIэ куу зэраIэр жиIащ. ИтIанэ псалъэ иритащ Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

— Япэ дыдэу 1971 гъэм Тыркум дыщыкIуам щы­гъуэ, мыпхуэдэ Iуэху игъащIэкIэ къэхъуну зыми ди гугъэнтэкъым. Хамэ къэрал щыпсэуа унагъуэр Мейкъуапэ къыдэтIысхьэжу мы лэжьыгъэ къомыр Налшык къашэну, Мэлэчхъан и IэщIагъэр, и Iэпэм къыпыщ гуфIэгъуэр ди пащхьэ кърихьэну хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт.

Мэлэчхъан и щхьэгъусэ Инэмыкъуэ Мулид ди литературэм куэд хуищIащ – адыгэ тхакIуэхэм я тхыгъэ зыбжанэ тыркубзэкIэ зэридзэкIащ, хэхэсхэм ящыщу адыгэбзэкIэ зи усэ тхылъ япэу дунейм къытехьар аращ. КъэбэрдеймкIэ апхуэ­дэ зэфIэкI къэзыгъэ­лъэ­гъуар, зэрыфщIэжщи, АфIэ­у­нэ Абдулщ.

Мэлэчхъан, уи IэщIагъэм хэбгъэхъуэну, уемызэшу куэд­рэ лъэпкъым ухуэлэ­жьэ­ну, фи гур зыхузэIуха хэкум гуфIэгъуэ куэд щыф­лъагъуну ди гуапэщ.

КъыкIэлъыкIуэу къэпсэ­лъар Тыркум къиIэпхъукIыжу иджыблагъэ Налшык къыдэтIысхьэжа Хъуажь Фахърищ. Гъэлъэгъуэны­гъэр зей бзылъхугъэми, ар къызэгъэпэщыным хэлэ­жьыхьахэми, мылъку те­кIуэ­дар зи пщэ дэзылъхьэжа Абазэ Ибрэхьими, къы­зэхуэ­са псоми Фахъри фIыщIэ яхуищIащ.

— Мэлэчхъан Налшык къиша лэжьыгъэхэр (ахэр 60 хуэдиз мэхъу) адыгэ бзы­лъхугъэр дахагъэм зэры­хущытым и щыхьэтщ, – жиIащ Фахъри. – Ахэр яфIэ­дахэу еплъ къудей мыхъуу, эстетикэ щIэныгъэм ирилажьэхэм гулъытэ хуащIу зэпкърахыну, щIэлъ гупсысэ куумрэ и щэхумрэ ди пащхьэ кърахьэну сыхуейт. Апхуэдэуи Мэлэчхъан кърагъэблагъэ хъунут IэпэIэсагъэм хуезыгъаджэ бзылъхугъэхэм дерс яритыну. Шэч хэмылъу, абы я зэфIэкIыр хигъэхъуэнут.

Ахъшэм гулъытэшхуэ щыхуащI ди зэманым, кIэ­пIейкIи мы Iуэхум къыхимыхыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм Бидэнокъуэр къызэрыкIуар гу­лъытэ лейщ, ар дэзыIыгъахэми IуэхуфI ялэжьащ, – жиIащ Фахъри.

 Адыгэ бзылъхугъэр дуней псом къызэрыщащIэм, ауэ абы хэлъа IэпэIэсагъэм псо дыдэри щымыгъуэзэнкIэ зэрыхъунум тепсэлъыхьащ радиом и лэжьакIуэ, усакIуэ Аброкъуэ Бэллэ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ лъэп­къым, абы и щэнхабзэм хуэ­лажьэ Мэлэчхъан дыкъызэригъэфIар, дэнэ щIыпIэ щыпсэу адыгэри зэкъуэзыгъэувэ къарууэ абы и зэфIэкIыр къызэрилъытэр.

ЦIыхубз IэпщIэлъапщIэм, зи Iэпэм дыщэ къыпыщ жыпIэкIэ ущымыуэнум ­ехъуэхъуу къэпсэлъащ «Тамерис» шхапIэр зей Шыкуэ Шукран, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ, Сирием къикIыжа Бидэнокъуэ Нихьэт сымэ.

Мэлэчхъан псалъэ щратым, ар кIэщIу къытеувыIащ и къекIуэкIыкIам, и гуащIэм, гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ яхуи­щIащ.

ИСТЭПАН Залинэ.

Адыгэ псалъэ.

Related posts

Leave a Comment