Культура

Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым

Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэхиубла щIэныгъэ зэхуэс Налшык щекIуэкIащ

Иджыблагъэ Налшык щызэхэтащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къызэщIэзыубыда щIэныгъэ конференц. Зэхуэсым кърихьэлIат КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIэныгъэрылажьэхэр, а хэгъэгухэм я Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, ди республикэм и щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я управленэхэм я методистхэр, школхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджу цIыху 240-м нэс.

КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрийрэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ.

Конференцым и лэжьыгъэр зэрекIуэкIар адыгэбзэщ. КъызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуа унэтIыныгъэхэм ящыщт: адыгэбзэмрэ литературэмрэ — иджырей этнокультурэ егъэджэныгъэ лъахэм; адыгэ алфавитыр зы щIыжыным егъэщIылIа Iуэхугъуэхэр; адыгэбзэр егъэджыным хуэгъэза зэреджэ электрон тхылъхэр, методикэ тхылъхэр; лъэпкъыбзэмкIэ егъэджакIуэ гъэхьэзырыныр къызэгъэпэща зэрыхъумрэ абы пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ.

   Дунейпсо Адыгэ Хасэр зэрылажьэ хабзэм къигъэув Iуэхугъуэхэм языхэзщ анэдэлъхубзэр хъумэныр, зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ зэгъэпэщыныр. Анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ къудамэм хэтхэм утыку кърахьа мы Iуэхугъуэхэм жэуап пыухыкIа гуэр ягъуэтынуи хуабжьу щогугъ. Конференцым и пэIущIэ зэхуэсым къыщыпсэлъахэм мы Iуэхугъуэм теухуа я гупсысэхэр къагъэлъэгъуащ, я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэшащ.

Анчокъуэ Сурэт

  ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ иужьрей зэманым бзэм теухуауэ къекIуэкI псалъэмакъхэм дэнэ щыпсэу адыгэри къызэрызэщIиIэтар, уеблэмэ абы нэхъ дызэрызэрипхыжар.

Сыт хуэдэ лъэпкъ ирехъуи, и бзэр имыIэжмэ, ар дунейм темытыжу къэплъытэ хъунущ. Ди бзэр хъума хъун папщIэ ди щIэблэм ар яIурытлъхьэу дыкъекIуэкIын хуейуэ аращи, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ махуэ къэс сабийхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэм. Къэралым сыт хуэдэ унафэ къищтэми, къэрал къулыкъущIапIэхэм сыт япэ ирагъэщми, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэр сыт щыгъуи зытелажьэр лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм и анэдэлъхубзэр игъэбзэрабзэу къэгъэхъунырщ. Ахэращ а бзэм и хъумакIуэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунури, — жиIащ Сэхъурокъуэм.

Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ зэгъэпэщыным и телъхьэхэми, ар зимычэзууэ къэзылъытэхэми я Iуэху еплъыкIэхэмрэ ар къызыхэкIа щхьэусыгъуэхэмрэ утыку къыщрахьащ зэхуэсым. Апхуэдэу, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ мызыгъуэгукIэ анэдэлъхубзэм ехьэлIауэ «нэхъ дыщIэгузэвэн Iуэхугъуэ зэрыщыIэр».

Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщокъуэ Рэмэзан.

— Хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэри хэкурысхэм нэхърэ мынэхъ мащIэу иригузавэу къытхукъуэкIащ адыгэбзэр кIуэдыжынкIэ шынагъуэ къэзыгъэхъу Iуэхугъуэ. Абы нэхъыбэу дегъэпIейтей, зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным нэхърэ. Арами, жысIэркъым мы Iуэхум мыхьэнэ имыIэу. Гува-щIэхами абы дызэрыхуэкIуэнур къызгуроIуэ, — жиIащ ХьэфIыцIэм. Щапхъэуи къигъэсэбэпащ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Адыгэ макъымрэ» тхыгъэхэмкIэ зэдэгуашэурэ къытрадзэн щыщIадзагъащIэхэм щыгъуэ, къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ тхауэ Адыгейм ирагъэхьхэр адыгеибзэм ирамыгъэзагъэу, традзэн ямы-дэу зэрыщытар. Иужьрей зэманым «Адыгэ псалъэм» кIэмыргуеибзэкIэ традзэ тхыгъэхэри, къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ «Адыгэ макъым» щытрадзэхэри зэрынэхъыбэр, газетхэр зыIэрыхьэхэми а тхыгъэхэр нэхъыфIу къагурыIуэ зэрыхъуар къыхигъэщащ Мухьэмэд.

 КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес и псалъэм къыхигъэщащ псори зыгъэгузавэу иужьрей зэманым анэдэлъхубзэхэм ехьэлIауэ къекIуэкI Iуэхугъуэхэм мы зэхуэсыр къыпкърыкIыжауэ жыпIэ зэрыхъунур. Бзэр хъумэнри, абы зегъэужьынри ар зи анэдэлъхубзэ лъэпкъым зэрелъытар, апхуэдэу къэралыр щIэгъэкъуэн мыхъумэ, бзэр дэхуэха зэрыхъунур къагурыIуэу министерствэм и лэжьыгъэр зэрызэтриублэр, анэдэлъхубзэр джыным теухуа Iуэхур Iэмал зэриIэкIэ иунэтIыну игу зэрилъыр къызэхуэсахэм яжриIащ Къумыкъум икIи дыщIигъужащ министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм хуэщхьэпэн псалъэмакъ щIэныгъэ зэхуэсым щекIуэкIыну зэрыщыгугъыр.

КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор къызэхуэсахэм захуигъэзащ фIэхъус дахэкIэ икIи конференцым зыщытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэхэр сыт и лъэныкъуэкIи сэбэпышхуэ зэрыхъунум шэч къызэрытримыхьэр жиIащ. Хэхэс адыгэхэм я сабийхэм щIэх-щIэхыурэ ядолажьэри, бзэ и лъэныкъуэкIэ я Iуэхухэм гугъуехь гуэрхэр къызэрыхэхуэр, зэхуэсым къыщаIэта псалъэлъэмакъыр зэрыфIэкъабылыр къыхигъэщащ министрым.

Адыгэбзэ гупыр (секцэр) мэлажьэ.

 Филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэбзэмкIэ къудамэм и унафэщI БищIо Борис щIэныгъэ зэхуэсым къыщаIэта Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм теухуауэ иIэ Iуэху еплъыкIэр къызэхуэсахэм я пащхьэ кърилъхьащ:

 — Адыгэбзэм и тхыбзэ хабзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ зэтегъэхуэным, зы адыгэ тхыбзэ зэфIэгъэувэным дыхуэкIуэным сызэреплъыращ: сыт алфавитыр зы тщIымэ сэбэпу къыпыкIынур? Зэраныра, хьэмэрэ сэбэпыра нэхъыбэр? Апхуэдэ щIыкIэущ сызэрегупсысыр мы Iуэхум. Сыту жыпIэмэ, къэбэрдеибзэм щыщу хьэрфищ кIахэм ейм хуэдгъэкIуэну къыдогъэув. Псалъэм папщIэ, щ-р адыгей алфавитым хэт ш-мкIэ зэтхъуэкIмэ, адыгейм шъ-м дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр пыувэурэ къэхъуа хьэрф куэд хэтщ, ахэр къэбэрдей-шэрджэсыб-зэм къищтэфынукъым. Апхуэдэ зэтемыхуэныгъэхэм уебэкъуэфынукъым, зы алфавит дыхуейщ жыпIэ щхьэкIэ. Аращи, зэгуэрым зэщхь хъужынущ ди тхыбзэр жытIэ щхьэкIэ, ар щхьэгъэпцIэжу къысщохъу. КъищынэмыщIауэ, орфографие и лъэныкъуэкIэ зэхуэдгъэкIуэну жыдоIэри, ар нэхъ сэбэп хъуну си гугъэщ. Зэ еплъыгъуэкIэ тыншу къытщыхъу щхьэкIэ, зэфIэхын хуей Iуэхугъуэ куэду къызэрокI мыр. Мы зэхъуэкIыныгъэхэр хэтлъхьа нэужь, псалъэм папщIэ, кIахэм къыщыдэкI газетхэм, журналхэм, тхылъхэм еджэну сыт хуэдиз ис Къэбэрдейм? Е апхуэдэ дыдэу, ди республикэм къыщыдэкIхэм Адыгейм щеджэнум я бжыгъэр ма-щIэ дыдэщ. Мы зи гугъу тщIыр нэхъыбэу къызыфIэIуэхунур бзэ щIэныгъэлIхэращ. Апхуэдэхэр, республикищым исыр къапщтэмэ, цIыху 50-м нэсынщ. Бзэм теухуауэ зы унафэ къэтщтэн хуейщ жытIэмэ, зы литературэбзэ къэтщтэн хуейуэ абы нэхъ тызогъэчыныхь сэ. Ар тхузэфIэкIатэмэ, еджапIэхэм зы программэ яIэу егъэджэныгъэр зэтраублэнт, щIэблэм ар нэхъыфIу къащтэнт. Сэ си Iуэху еплъыкIэр аращ.

ДАХ-м зэхиубла щIэныгъэ зэхуэсыр къызэрагъэпэщащ Щоджэн Iэминатрэ Табыщ Муратрэ.

Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Иуан Зэуал конференцым хэтахэм хъыбар къазэрыригъэщIамкIэ, Тыркум щыIэ Къайсэр къалэм и Эрджиэс университетым адыгэбзэ къудамэ къыщызэIуахащ икIи абы япэу къащтэнухэм экзамен ятри, гупыр яубзыхуащ, иджы фокIадэм и 15-м еджэн щIадзэнущ. Ахэр зэрырагъэджэн тхылъхэр хэкум ирашынущ, программэхэр хьэзырщ.

Адыгэбзэм и тхыбзэхэр зэщхь щIыным теухуауэ Иуаным къыхигъэщащ Къумахуэм къыщIэна проектым хэмылэжьыхьыжу къэщтэн хуейуэ зэрыщымытыр, къэрал дэIэпыкъуэгъуншэу ди бзэр хъума зэрымыхъунур, тIууэ къекIуэкI бзэхэр зэрызэкIуалIэ Iуэхухэр япэщIыкIэ зэщхь тхуэщIынумэ, абы яужь итын зэрыхуейр, зы адыгэбзэ къэдгъэхъун папщIэ.

-А зи гугъу тщIы унификацэм дызэделэжьыну зы гуп (комиссэ) къызэдгъэпэщу, ДАХ-м и нэIэ щIэту игъэлэжьэну — мис апхуэдэу Iуэхур егъэжьа хъун хуейщ, — жиIащ щIэныгъэрылажьэм кIэух псалъэу.

-Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэр зэгъэпэщыным, анэдэлъхубзэр хъумэным ехьэлIауэ и гупсысэхэр конферен-цым и пэIущIэ зэхуэсым къыщиIуэ-тащ Табыщ Мурат.

 Мы псалъэмакъыр куэдыIуэрэ къызэрекIуэкIам къыхэкIыу ар зыфIэмыщIэщыгъуэжхэр щыIэу къыщIэкIынщ. ТхыбзитI щыувкIэ, тхыгъэ хабзэ гуэрхэри зэфIоувэ, литературэбзэ жыхуэтIэми зиужьу щIедзэ. Адыгэ тхыбзэхэм зэмыщхьу хэлъыр къызэнэкIыным теухуауэ щIэныгъэ зэхуэс мащIэкъым екIуэкIар. Ауэ пыухыкIауэ унафэ къыщащтэфар 1999 гъэм Налшык къалэ щекIуэкIа щIэныгъэ зэIущIэращ. Абдеж иджыри зэ къыщаIэтыжат зыуэ щыт адыгэ литературэбзэмрэ зыуэ щыт адыгэ тхыбзэмрэ я Iуэхур.

А зэхуэсым игъуэу къилъытащ илъэс пщIы бжыгъэ хъуауэ бзэ щIэныгъэм къыщызэдащтауэ щызекIуэ алыфбей, пэжырытхэ системэм адыгэ литературэбзэхэр зэрылажьэ тхыбзэхэр хуэшэныр. Мыбы IуэхугъуитI къыхокI: зы лъэныкъуэкIэ, адыгэ алыфбей икIи пэжырытхэ системэхэм хэлъ зэтекIыныгъэхэр егъэкIуэдри, бзэр зэщхь ещI, нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, адыгэбзэ псэлъэкIэ системэри зэщхь щIыным толажьэ. Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэм техьэныр сэ сфIэкъабылщ. Нобэ а зы гъуэгуращ адыгэм диIэр, зыуэ щыт адыгэ литературэбзэм дыхуишэу, — жиIащ Табыщым.

Апхуэдэу ар къыщызэтеувыIащ нэрылъагъу дыдэу адыгэ тхыбзитIыр зэгъунэгъу хъун щхьэкIэ хэлъхьапхъэ Iуэхугъуэхэм. Псалъэмакъыр куэд щIауэ къекIуэкIми, мыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм пщэрылъ зыщищIыжагъэххэу зэрыщытыр, гупсысэ пыухыкIарэ унафэ хэхарэ зэриIапхъэр къыхигъэщащ Мурат.

ЩIэныгъэ зэхуэсым и лэжьыгъэм адэкIэ щыпащащ гупхэм (секцэхэм). Зытепсэлъыхьыну Iуэхугъуэ елъыта-кIэ гуэша гупитIым я лэжьыгъэм яунэтIащ педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Рае, социологие щIэныгъэхэм я кандидат ГъукIэлI Зухра, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Тэнащ Тамарэ, Налшык къалэ дэт 4-нэ гимназием адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Уэркъуасэ Иринэ сымэ.

«Бзэм и лэжьэкIэр зэраджыну щIэныпхъэм и лъабжьэу зэрыщытым теухуауэ» — арат ХьэцIыкIу Рае утыку кърихьа псалъэмакъыр зытеухуар. Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ ущиIэн папщIэ зэребгъаджэ Iэмалхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым елъытауэ къыхэхын зэрыхуейр, абы къыхэкIыу, илъэс тIощI и пэкIэ зэрырагъэджа методикэр нобэрей махуэм къызэремызэгъыжынур, езым и къупхъэм къитIасэу школым зэрыщрагъэджэн тхылъ, абы хуэфэщэж методикэ зэманыщIэр зэрыхуэныкъуэр къыхигъэщащ Рае. Бзэр джыныр щIэщыгъуэ щIыным мыхьэнэшхуэ езыт егъэджакIуэм щапхъэу къегъэув ШэджыхьэщIэ Марие зэфIигъэува комплексно-процессуальнэ методыр, абы къыпкърыкIыжа структурнэ методикэр. Къызэхуэсахэм гурыIуэгъуэ ящищIащ абы зи гугъу ищI лэжьэкIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр:

— Методикэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, псалъэм и къэхъукIэр, абы хэлэжьыхь аффиксхэр, псалъэщIэ къыщыхъукIэ аффиксхэм я зэпыувапIэм щекIуэкI морфонологическэ Iуэхугъуэхэр яджкIэрэ, нэхъ тэмэму убзыхуа хъунущ псалъэм и тхыкIэ тэмэмыр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыкIухэр бзэ щIэныгъэм хэша мэхъу, щIэныгъэр зи лъабжьэ логическэ гупсысэкIэм тохьэ. Нэрылъагъу ящохъу тхэкIэ тэмэмым и хабзэхэр езы бзэм и зэхэлъыкIэм, ухуэкIэм, къэгъэсэбэпыкIэм къыпкърыкIыжу зэрыщытыр, армыхъумэ а хабзэхэр къагупсысу бзэр абы трагъэувэжауэ зэрыармырар. Структурнэ методикэм тету къызэгъэпэща егъэджэкIэм Iэмал къует бзэм теухуауэ школым щаджыпхъэ Iыхьэхэр зэпэщхьэхуэу, чэзууэ мыхъуу, зэхэлъ-зэщIэлъу ухуа хъунымкIэ. Бзэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэм гу лъызыта сабийм ар псэкIэ зыхищIэнущ, абы къыхэкIыуи, шэч хэмылъу, фIыуэ илъагъунущ.

Бабыгуей къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ Мэшыкъуэ Iэсият тепсэлъыхьащ Къэрал федеральнэ стандартхэм тету адыгэбзэр зэрегъэджыпхъэхэм, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ зэраджыну тхылъхэм бгъэдыхьэкIэщIэу хэлъыпхъэхэм. Iэсият зэрыжиIэмкIэ, анэдэлъхубзэр фIагъ хэлъу егъэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ зэреджэ тхылъхэмрэ пособиехэмрэ федеральнэ стандартхэм къагъэув къалэнхэр ягъэзащIэу узэщIауэ щытыным.

 Псори зытещIыхьыжауэ щытыпхъэр еджакIуэм щIэныгъэ хьэзырыр етыныркъым, атIэ а щIэныгъэм хуэкIуэфу, ар езым къихутэфу егъэсэнырщ; курыт еджапIэм щызрагъэгъуэта щIэныгъэм адэкIэ пащэным лъабжьэ хуащIыфу, теориекIэ къащIар я бзэм, тхыгъэм, творческэ лэжьыгъэхэм къызэрыщагъэсэбэпыфыным зэрыхуишэрщ; ягъуэта щIэныгъэхэмрэ есэныгъэхэмрэ я бзэм къыщагъэсэбэпыныр нэхъапэу, нэхъыщхьэу зэрыщытырщ, нэгъуэщI лъэпкъ щэнхабзэхэм нэхъыфIу хащIыкI зэрыхъурщ; езыхэм я Iуэху еплъыкIэм нэмыщI, нэгъуэщIхэми щIэдэIуфу, информацэ зэхуэмыдэхэр зэхуихьэсыфу, ахэр зэхидзыжыфу, нэхъыщхьэр къыхиубыдыкIыфу зэрыригъасэрщ; Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ къызэщIэзыкъуэж лэжьыгъэ игъэхьэзырыным, езым и дуней зыхэщIэкIэ иIэным зэрыхуригъаджэрщ. Iэсият и псалъэмакъым къыхигъэщащ зэреджэ тхылъхэмрэ пособиехэмрэ елэжьыным, ахэр стандартым къигъэув системно-деятельностнэ бгъэдыхьэкIэм тету зэхэлъхьэныр къызэрыщIэдзапхъэр, езы федеральнэ стандартхэр адыгэбзэкIэ зэдзэкIауэ ди егъэджакIуэхэм яIэрыхьэну зэрыфIэигъуэр, а Iуэху щхьэпэм пэлъэщыфынур щIэныгъэрылажьэхэрщи, мы зэхуэсым абы теухуа унафэ къищтэну зэрыщыгугъыр.

Тэнащ Тамарэ анэдэлъхубзэ дерсхэм текстым елэжьу щегъэсэным еп-ха Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ Налшык щеджэ хэхэс адыгэ щIалэгъуалэм, ДАХ-мрэ КъБКъУ-мрэ я жэрдэмкIэ, илъэситI хъуауэ адыгэбзэ зэрыщаджыр, хамэ къэралхэм къикIауэ ди деж щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт студентхэм зэрадэлэжьапхъэр. Апхуэдэу Тамарэ къыщызэтеувыIащ методикэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр зэрызэтриублэм икIи абы къыпэкIуэ ехъулIэныгъэхэм.

Къызэхуэсахэм гъэщIэгъуэн нэхъ ящыхъуахэм ящыщщ Налшык къалэ дэт 20-нэ курыт еджапIэм информатикэмкIэ и егъэджакIуэ ЛIуп Марьянэ и пэщIэдзэ азбукэм и мультимедие проектыр.

Адыгэбзэ азбукэр пэщIэдзэ еджапIэм щIэс цIыкIухэмкIэ нэхъ зэгъэщIэгъуафIэ хъун, темызэшэн щхьэкIэ, джэгукIэ Iэмалхэр хэлъу зэхэгъэува мультимедие лэжьыгъэщ мы проектыр. Абы къищынэмыщIауэ, Марьянэ зэрыжиIэмкIэ, мы проектыр хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм, хамэ лъэпкъхэм ящыщу адыгэбзэр зэзыгъэщIэну хуейхэми дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну щогугъ. Проектыр щагъэлъэгъуащ хэгъэгу зэпеуэ зыбжанэм, Москва щыIэ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм иригъэкIуэкIа «Ключевое слово» проектым абы къыщыхуагъэфэщащ «За сохране-ние языкового многообразия» щIыхь тхылъыр.

Апхуэдэу щIэныгъэ зэхуэсым жыджэру хэлэжьыхьахэм ящыщщ Адыгейм хыхьэ ПсейтIыку жылэм щыщ Нэтхъуэ Рустам, хьэжрэт Къэсейхьэблэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Шэрджэс Расьят, КъБКъУ-м хыхьэ педагогикэ колледжым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Лъостэн Марьянэ, «Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ — курыт еджапIэхэм» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къудей Фаридэ, социологие щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и къудамэм и пашэ ГъукIэлI Зухра (АР), филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтым и къудамэм и пашэ Анчо- къуэ Сурэт (АР), ДАХ-м хэт МэшхуэфI Нэждэт (АР), КъБКъУ-м хыхьэ егъэджэныгъэ программэхэм щыкIэлъыплъ управленэм и лэжьакIуэ Щоджэн Iэминат, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и аспирант Табыщ Динарэ, Къармэхьэблэ къуажэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Лыхь Людмилэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

Зэхуэсым егъэджакIуэ куэд къекIуэлIат. Абыхэм я гукъеуэхэм, зыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуап щагъуэтыну щыгугъырт. Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытыр УФ-м и Къэрал Думэм анэдэлъхубзэхэм ехьэлIауэ иджыблагъэ къищта хабзэрат. Дэхуэха хъункIэ зытешыныхь анэдэлъхубзэм и пщIэр емыхуэхыу Iыгъын зэрыхуейр, абы папщIэ я лэжьыгъэр дагъуэншэу, IэмалыщIэхэр къагъэсэбэпурэ зэтеублапхъэу зэрыщытыр ящIэжу дяпэкIи нэхъыфIыжу лэжьэ-ну гукъыдэж зэраIэр нэрылъагъуу зэбгрыкIыжащ егъэджакIуэхэр.

Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсым хэтахэм абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр, къалэн зыщащIыжахэр къыщыгъэлъэгъуа чэнджэщхэм (резолюцэм) комиссэр хэлэжьыхьыжри къащтащ. Апхуэдэу мыгувэу къыдэкIынущ щIэнIуатэм хэтахэм я къэпсэлъэныгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ.

ГурыIуэгъуэщ, бзэм ехьэлIа лъэпо-щхьэпохэм зы зэхуэскIэ дащхьэпрыкIынщ жыпIэу мурад пщIыкIэ, абы мыхьэнэ зэримыIэр, зы цIыху закъуэм и гуащIэкIэ мыр зэрыпхузэфIэмыхынур, зы гупым и гукъыдэжкIи зэгъэзэхуа зэрымыхъунур. Лъэпкъыр хуеипхъэщ лъэпкъыу къызэтенэным. Дэ тщыщ куэдым хэкумрэ бзэмрэ тынш дыдэу IэщIыб щащIыфкIэ, хуэфэщэн гулъытэ хуэдмыщIу Iуэху гуэрхэр щыIэу къыщIэкIынущи, а щхьэусыгъуэхэрщ лъэныкъуэ едгъэзыну дызыхущIэкъур. Абы ехьэлIауэ етхьэкI лэжьыгъэр къыдэхъулIэмэ ди гуапэщ.

    ЩОДЖЭН Iэминат.

  «Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсым къыщаIэтахэм япкъ иткIэ зэхагъэува чэнджэщхэр

  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту шыщхьэIум и 17-м Налшык къалэ щекIуэкIащ «Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы кърихьэлIащ КъБР-м, АР-м, КъШР-м я щIэныгъэ IэнытIэхэм я лэжьакIуэхэр, а республикэхэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр, ди республикэм и щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ я IуэхущIапIэхэм я методистхэр, курыт еджапIэхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджу цIыху 250-м нэс. Пэублэ зэхуэсымрэ гуп щхьэхуэхэмрэ щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ зыбжанэм: лъэпкъ щIэныгъэр (адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ) иджырей егъэджэныгъэм зэрыхэувэм; адыгэ алфавитыр зы щIыным егъэщIылIа Iуэхугъуэхэм; адыгэбзэр егъэджыным къыщагъэсэбэпыну зэреджэ электрон, методикэ тхылъхэр зэхэлъ-хьа зэрыхъунум; лъэпкъыбзэмкIэ егъэджакIуэхэр гъэхьэзырыныр къызэрызэрагъэпэща щIыкIэмрэ абы пыщIа къалэнхэмрэ.

Зэхуэс нэужьым къызэгъэпэщакIуэ-зэзыгъэуIу гупыр хэплъэжри, къэIэта хъуа псалъэмакъхэм къапкърыкIа чэнджэщхэр, дяпэкIэ зэлэжьыпхъэхэр наIуэ къищIыну и пщэ дилъхьэжащ:

1. Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэм техьэн папщIэ ДАХ-м и нэIэ щIэту алфавитым елэжьын щIэныгъэлI гуп къызэгъэпэщыныр.

2.ЩIэныгъэр и лъабжьэу, адыгэ лъэпкъхэр зы псэлъэкIэм, зыуэ щыт литературэбзэм тезышэ лэжьыгъэр егъэжьэныр.

3.ЦIыкIухэр адыгэбзэкIэ гупсысэу езыгъасэ программэхэм Iэмал имыIэу елэжьыныр, мультфильмхэр адыгэ таурыхъхэм къытещIыкIауэ ящIми, щыIэр зэрадзэкIми, ахэр нэхъыбэу утыку къихьэныр.

4.УрысыбзэкIэ псалъэхэм адыгэбзэр зэребгъэдж хъуну программэхэм хуэдэу, нэгъуэщI къэралхэм я бзэхэм ирипсалъэхэм ди бзэр зэрызрагъэщIэфыну программэхэр зэхэгъэувэныр.

5.Зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэм адыгэбзэр егъэщIэным хуэунэтIауэ драгъэкIуэкI лэжьыгъэр егъэфIэкIуэныр, абыхэм нэхъ хэкъузауэ гулъытэ яхуэщIыныр.

6.АдыгэбзэкIэ зэреджэ тхылъхэм къагъэув Iуэхугъуэхэр адыгэ хэгъэгуищ-ми зэхуэдэу щызэхэлъхьэныр.

7. ЕгъэджакIуэхэм я зэпеуэ нэхъыбэ егъэкIуэкIыныр.

8.Адыгэбзэр зэрадж методикэм теухуауэ къэхутэныгъэ нэхъыбэ егъэкIуэкIыныр, абы и лъэныкъуэкIэ нэхъ къыхэжаныкIахэм бзэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху цIэрыIуэхэм я цIэкIэ ягъэува стипендиехэр етыныр.

9.ЕгъэджэныгъэмкIэ щыIэ пщалъэхэр (зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэрагъасэ пщалъэхэм къыщыщIэдзауэ курыт еджапIэхэм я стандартищри (пэщIэдзэ классхэм, 5 — 9-нэ классхэм, 10 — 11-нэ классхэм егъэджэныгъэр къызэрыщызэрагъэпэщ пщалъэхэм щыщIэкIыжу) — адыгэбзэкIэ зэдзэкIыныр.

                                 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.

Related posts

Leave a Comment