Новости

Шэрджэс (адыгэ) лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм хэтхэмрэ яхуэгъэза псалъэ

США-м, Канадэм, Европэм, Тыркум, Израилым, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэми щыIэ шэрджэс (адыгэ) лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм хэтхэмрэ яхуэгъэза псалъэ

ПщIэ зыхуэтщI ди ныбжьэгъухэ!

Динрэ лъыкIэ ди къуэшу, ди шыпхъуу Сирием зыщызыубгъу зэпэщIэтыныгъэм и лейр илъэситIым щIигъуауэ зытехьэхэм къащхьэщыжынымкIэ фыкъыддэIэпыкъуну лъэIукIэ зыфхудогъазэ. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ а къэралыр зыгъэгулэз граждан зауэм цIыху минхэм я гъа­щIэр ихьащ икIи а зауэм и дэтхэнэ зы дакъикъэми нэхъы­бэ ещI цIы­ху­хэм, абыхэм адыгэ диаспорэри хиубыдэу, къа­техьа лейм хэхъуэнымкIэ шынагъуэр.

Дэ долъагъу шэрджэс жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэхуэхэм Сирием щыпсэу адыгэхэм шынагъуэр ящхьэщыхыным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIыну зэ­ры­хущIэкъур. Ауэ быдэу ди фIэщ мэхъу гуманитар дэ­Iэ­пы­къуныгъэ къудейкIэ Iуэхур зэрызэфIэмыкIынур.

Дэ ди Iуэху еплъыкIэхэр зэщIэдгъэуIуэу зэщIыгъуу дыкъэу­вын хуейщ залымыгъэм земыгъэубгъунымрэ Сирием ще­­кIуэкI зауэр гъэувыIэнымрэ я телъхьэу. Адыгэ лъэпкъым щыщу иджыпсту екIуэкIхэм игъэпIейтей псори дэ къыхудоджэ а хэкум илъ мафIэр зи зэран лъэны­къуэхэм языхэзым и телъхьэу а зауэм хыхьэну ху­щIэ­къу­хэм япэщIэувэну.

ДызэщIыгъумэ, дэ къэралхэмрэ дунейпсо зэгухьэны­гъэ­хэмрэ я унафэщIхэм яхуэдгъэувыфынущ Сирие къэралым щекIуэкIхэм къарукIэ хэIэбэну зэрамурадыр къызэтрагъэу­вы­Iэну, абы папщIэ политикэ зэпсэлъэныгъэхэр жыджэру ира­гъэкIуэкIыну, дунейпсо хабзэм и мардэхэм тету икIи Сирием щыпсэу, дин зэмылIэу­жьы­гъуэхэр зезыхьэ, лъэпкъ зэ­хуэмыдэхэм къыхэкIа цIыху­хэм­рэ социальнэ гупхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэр къалъытэу зэгурыIуэну. Быдэу ди фIэщ мэхъу мелуан куэд хъу адыгэ лъэпкъым и макъыр зыхуэ­фа­­щэхэм зэрызэхахынур икIи Сирие Хьэрып Республикэм щыIэ щытыкIэр икIэщIыпIэкIэ гъэтэмэмыжынымкIэ ар сэбэп зэрыхъунур.

ДыныволъэIу мамырыгъэр зэтегъэувэжыным хуэу­нэтIа мы ди жэрдэмыр къыддэфIыгъыну, мы тхыгъэм фэри Iэ щIэвдзу фи къэралхэм, дунейпсо зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iуэху­щIа­пIэ­хэмрэ яхуевгъэхьыну.

 

ПщIэ фхуэзыщIхэу,
 Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий,
КъБР-м и «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд,
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ
Тау Пщыкъан,
КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я ЗэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ
Къалмыкъ Жылэбий,
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и ректор Къарэмырзэ Барасбий,
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал аграрнэ университетым и ректор Щыхьмырзэ Мухьэмэд,
КъБР-м и Щэнхабзэ фондым и тхьэмадэ
Вэрокъуэ Владимир,
КъБР-м щыщу Абхъазым щызэуахэм я зэгухьэны­гъэм и тхьэмадэ Яхэгуауэ Къазбэч,
КъБР-м и Журналистхэм я союзым и тхьэмадэ
Мэзыхьэ Борис,
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталий. 

Related posts

Leave a Comment