Анэдэлъхубзэр шэрджэс диаспорэм я деж щыхъумэным теухуа ЕтIуанэ дунейпсо щIэныгъэ конференцэм хэтхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ яхуэгъэзауэ
Тырку Республикэ, Анкара къалэ
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентымрэ Правительствэмрэ я цIэкIэ, сэри къызбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэ фызох шэрджэс диаспорэм я деж анэдэлъхубзэр щыхъумэным теухуа ЕтIуанэ дунейпсо щIэныгъэ конференцым хэтхэм.
Адыгэхэм я щэнхабзэ фIыгъуэ нэхъыщхьэу щыт анэдэлъхубзэр хъумэным теухуауэ фи зэхыхьэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэнщ. Конференцэм щызэхуэсар зэлъэпкъэгъу къудейуэ аракъым, атIэ бзэр, къапщтэмэ, лъэпкъ щэнхабзэр зи гум, зи псэм хэлъ, абы пщIэшхуэ хуэзыщI, ар гъащIэм щызыгъэнэхъапэ, зы гупсысэм, зы IуэхущIафIэм зэришалIэ гупщ.
Жылагъуэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щыщекIуэкI лIэщIыгъуэм щIэх-щIэхыурэ урохьэлIэ лъэпкъхэм я щхьэр яхъумэжыфу псэуным пыщIа гугъуехьхэм, нэхъыбэуи ахэр зэпхар щэнхабзэмрэ бзэмрэщ. А щытыкIэм къалэну къытхуегъэув лъэпкъыр лъэпкъыу щызыгъэIэж и бзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ, апхуэдэу щыщыткIи анэдэлъхубзэм и гъащIэм къыпыщэныр Iуэхугъуэ нэхъыщхьэщ.
Анэдэлъхубзэр хъумэным теухуауэ Анкара щекIуэкI дунейпсо конференцэм лэжьыгъэ купщIафIэ щызэфIахыну, абы хэт дэтхэнэ зыми ехъулIэныгъэ иIэну, и Iуэхухэр ефIэкIуэну си гуапэщ.
КЪАНОКЪУЭ Арсен,
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ.
Налшык къалэ 2013 гъэ, фокIадэм и 26