Новости

Адыгэ хьэпшыпхэр Гамбург щагъэлъагъуэ

Гамбург Этнографиемк1э дэт музейм щэк1уэгъуэм и 24-м къыщызэ1уахащ «Шэрджэсхэр: Кавказым щыщхэмрэ дуней псом щикъухьахэмрэ» гьэлъэгьуэныгъэр

Ар къызэрагъэпэщащ музейм и унафэнщ1 Кепке Вульф, Европэм щы1э Шэрджэс Хасэхэм я федерацэм, Щэнхабзэ центрым, Тыркум, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм щыщ адыгэхэм, Санкт-Петербург Ельциным и ц1эр зэрихьэу дэт библиотекэм.

Гъэлъэгъуэныгьэр къыщызэ1уихым Кепке Бульф къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ 1уэхур къехьэжьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар щ1ып1э куэдщ икъухьа хъуа шэрджэс лъэпкъым и щэнхабзэм, дунейпсо тхыдэм щигъэзащ1э мыхьэнэм европейхэр щыгъэгъуэзэныр зэрыарар.

Европэм щы1э Кавказ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Т1амжьыкъуэ Умар-Фарукъ, КъШР-м щы1э Кавказ Ищхъэрэ ресурс центрым и унафэщ1 Пэф Мухьэмэд, Абхъаз-Адыгэ щ1алэгьуалэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и вице-президент Бэджий Замир сымэ къыщыпсалъэм къыхагъэщащ Кавказым и щэнхабзэр, тхыдэр европейхэм егъэц1ыхуным, щ1алэгъуалэм лъэпкъ зэхэщ1ык1 я1эу къэгъэхъуным, хабзэр хъумэным, хамэ къэралхэм щикъухьа адыгэхэр зэры1ыгъыным, я адэжь щ1ыналъэм епха хъуным и 1уэхук1э гъэлъэгьуэныгьэм мыхьэнэшхуэ зэри1эр.

Зэ1ущ1эм къыщыпсэлъащ Тыркум, Германием, Иракым, Сирием, Урысейм ик1а л1ык1уэхэр.

Музейм щызэхуэхьэса хьэпшыпхэм ящыщхэр Мюнхен, Санкт-Петербург дэт музейхэм къыщ1ахащ, адрейхэр Европэм щыпсэу шэрджэсхэм яхъумахэрщ. Унэм и зы блыныр хухахат Берлин щы1э Абхъаз Хасэм и гъэт1ылъыгъэхэм. Ар къызэзыгъэпэщар Рудат Биолеттэрэ Ачимбэ Хиблэрэщ. Музейм и лэжьак1уэм зэрыжи1амк1э, 1990 гъэхэм абхъаз щэнхабзэм и гъэлъэгъуэныгъэ щек1уэк1ауэ щытащ абы.

Гъэлъэгьуэныгъэр къызэlyaxa нэужь, адыгэ макъамэ дахэхэр къыщеуа концерти щы1ащ, джэгуи ящ1ащ.

А махуэм хьэпшып гъэщ1эгъуэнхэм еплъыну музейм къек1уэл1ат ц1ыху 1200-м щ1игъу.

 «Адыгэ псалъэ»

ШЫПШ Даянэ.

 

 

 

Related posts

Leave a Comment