Псоми ди зэхуэдэ къалэнышхуэ
Адыгэ тхыбзэм и махуэр ди лъэпкъ махуэшхуэхэм ящыщ зы зэрыхъурэ илъэс 11 ирикъуащ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм къищта унафэ щхьэхуэм ипкъ иткIэ, илъэс къэс гъатхэпэм и 14-м ар зэдыдогъэлъапIэ ЩIы хъурейм адыгэу тет псоми. Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1853 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 14-м дунейм къытехьауэ щытащ лъэпкъ щIэныгъэлI Бырсей Умар и къалэмыпэм къыпыкIа, адыгэбзэкIэ тха япэ тхылъыр – «Адыгэбзэ псалъалъэр».
Анэбзэр хъумэн къалэнышхуэм илъэс куэд лъандэрэ хуэлажьэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэр. КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ къыхалъхьауэ щыта а зэпеуэм и проектыр 1998 гъэм къащтауэ щытащ. Япэ зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщащ 1999 гъэм. АдыгэбзэкIэ ежьа зэхьэзэхуэм зиубгъуащ. Школ, сабий сад зэмылIэужьыгъуэу 15 – 20, егъэджакIуэу 100-м щIигъу, еджакIуэу 1000 – 1500-рэ илъэс къэс зэхэзышэ зэпеуэр иджы балъкъэрыбзэкIи, урысыбзэкIи йокIуэкI. КъищынэмыщIауэ, абы зыщиубгъуащ Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми. Адыгэхэр зэрыс щIыналъэхэр я лIыкIуэхэмкIэ зохъуажэ, зэпеуэр зэрегъэкIуэкIыпхъэ IэмалхэмкIэ зэдогуашэ. Ди гугъэщ проектым адэкIи зедгъэужьу, дунейпсо мардэм нэдгъэсыну, Тыркум, Иорданием, Израилым щылажьэ адыгэ школхэри абы къыхэтшэну.
Фестиваль жыпхъэр зыгъуэта, щIэныгъэ-къэхутакIуэ лэжьыгъэм хуэкIуа зэпеуэм унэтIыныгъэщIэхэр егъуэт. Апхуэдэу абы зэрешалIэ лъэпкъым и къэкIуэнум, ди анэдэлъхубзэм папщIэ зигурэ зилрэ уз цIыху куэд, я ныбжьымрэ яIыгъ къулыкъумрэ емылъытауэ. «Си бзэ – си псэ, си дуней» зэпеуэр, зэрынэрылъагъущи, школ Iуэху къудей мыхъуу, къуажэпсо, щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэм хуокIуэ. Абы и щыхьэтщ щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр, къуажэдэсхэр, адэ-анэхэр абы жыджэру зэрыхэтыр, лъэпкъ Iуэхур еджапIэхэми егъэджакIуэхэми даIыгъыу.
Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу дунейм тет дэтхэнэ
лъэпкъри хущIэкъун хуейщ и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр зэригъэлъэгъуэным, ар зэрихъумэным. Апхуэдэхэм, шэч хэмылъу, дащыщщ адыгэхэр. Абы къыхэкIыуи бзэр егъэфIэкIуэным, къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэным пыщIа Iуэхугъуэ псори лъэпкъым и цIыху дэтхэнэми я зэхуэдэ къалэнщ: унафэщIхэми, адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми, бзэм елэжь щIэныгъэлIхэми, тхакIуэхэми, газетым, радиом, телевиденэм я лэжьакIуэхэми.
Анэдэлъхубзэр хъумэным, абы адэкIи зиужьыным сыт хуэдэ жылагъуэ гулъытэ игъуэтми, абы и къарур щIэзыгъэбыдэр къэрал унафэщIхэм а Iуэхум хуаIэ щытыкIэрщ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ехьэлIауэ жыпIэмэ, псом япэ а махуэшхуэр 2000 гъэм къыщащтащ Адыгэ Республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсым – Хасэм. Апхуэдэ къэрал мыхьэнэ а махуэшхуэм 2005 гъэм щратащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ Зэхуэсми (Парламентми). Адыгэ тхыбзэм и махуэр ди щIыналъэми махуэшхуэу щыгъэувыным ехьэлIа проект КъБР-м и Парламентым щIэлъщ 2007 гъэ лъандэрэ. АрщхьэкIэ абы иджыри къэс къэрал унафэ игъуэтакъым. Республикэм и унафэщIхэм дащогугъ зэман благъэм къриубыдэу лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум гулъытэ хэха хуащIыну, унафэ щхьэхуи тращIыхьыну.
Адыгэбзэр мыкIуэдыжыным, зегъэужьыным псори дыхуэлэжьэн хуейщ, ди республикэм, къэралым, дуней псом абыкIэ щызекIуэ хабзэхэр тегъэщIапIэ тщIыуэ.
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.