Хэхэс адыгэхэр: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием илъэси 10-м нэблэгъауэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтым лэжьакIуэхэм папщIэ семинар гъэщIэгъуэнхэр къыщызэрегъэпэщ. Абы кърагъэблагъэ сурэтыщIхэр, композиторхэр, тхакIуэхэр, артистхэр, дохутырхэр, щIэныгъэлIхэр, нэгъуэщI IэщIагъэлI зэхуэмыдэхэр.

Апхуэдэу зи чэзу семинарым кърихьэлIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Ар институтым и лэжьакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ дуней псом щызэбгрыдза ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм.
— Сэ 1965 гъэ лъандэрэ сыщыгъуазэщ дуней псом щикъухьа ди лъэпкъэгъухэм я Iуэхум, – жиIащ ХьэфIыцIэм. – А илъэсым щегъэжьауэ нобэр къыздэсым сэ сыщыIащ ахэр щыпсэу къэрал куэдым. Адыгэхэр щопсэу КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Америкэм, Европэм я къэрал куэдым, Тыркум, Китайм, Японием. Языныкъуэ къэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ди лъэпкъэгъухэр щопсэу къэрал 56-м. Ауэ ар пэжкъым, адыгэхэр щыпсэууэ дэ къэтлъытэр ахэр зэкъуэзыгъэувэу къызэрагъэпэща жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щылажьэ къэралхэрщ. Дуней псом адыгэу тетым я бжыгъэр мелуани 9-м ноблагъэ. Ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэур Тырку Республикэрщ. Къапщтэмэ, Истамбыл адыгэу мелуаным нэблагъэ дэсщ. Тыркум щыIэщ Кавказ Хасэхэм я федерацэ (КАФФЕД). Абы къызэщIеубыдэ а къэралым и щIыналъэ (вилайет) псоми щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу 58-рэ. КАФФЕД-р илъэс 22-рэ хъуауэ жыджэру Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтщ. НэгъуэщI къэралхэм щылажьэ апхуэдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэу иджыри 15 ДАХ-м хэтщ.
АдэкIэ Мухьэмэд тепсэлъыхьащ Иорданием, Сирием, Израилым, адыгэхэр щыпсэу нэгъуэщI къэралхэми щыIэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм. КIэщIу къытеувыIащ мы мазэм и кIэм ДАХ-м и хасащхьэм и зэхыхьэ Налшык зэрыщыIэнум. Абы щытепсэлъыхьынущ Сочэ щекIуэкIа Олимп Джэгухэм, нобэ Украинэм щыIэ щытыкIэм, апхуэдэу Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъу махуэм зэрызыхуагъэхьэзыр щIыкIэм, нэгъуэщIхэми.
— Хамэ щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъуа ди хэкуэгъухэм зыхэс лъэпкъхэм я деж я пщIэр сытым дежи щылъагэу йокIуэкI, – жиIащ ХьэфIыцIэм. – Къапщтэмэ, Мысырым щыпсэуа адыгэ мамлюкхэр илъэси 135-кIэ тепщэу щытащ икIи а къэралым зиужьыным, ефIэкIуэным я гуащIэшхуэ халъхьащ.
Мухьэмэд къытеувыIащ хэхэс адыгэхэм Олимп чемпионхэр, дунейпсо, лъэпкъ литературэхэм я классикхэр, политик, маршал, генерал, адмирал цIэрыIуэхэр, артист, сурэтыщI Iэзэхэр, Нобель саугъэтым и лауреат къазэрыхэкIам.
— Хэхэс адыгэхэм я Iуэхум теухуауэ нэхъ дызыгъэгузавэр сыт жыпIэмэ, бзэр зэраIэщIэхурщ, ар зыIурылъхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъурщ, – пищащ адэкIэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. – Абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэхур хъарзынэщ Израилым щыIэ адыгэ къуажитIым – Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ. А къуажэхэм щыIэ еджапIэхэм класс псоми адыгэбзэр щадж. Иорданием щыIэ пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ еджапIэми сабийхэм адыгэбзэр щрагъэдж, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм я анэдэлъхубзэкIэ куэд къыбжаIэфынукъым. Тыркум илъэсищ и пэкIэ унафэ къыщащтауэ щытащ адыгэбзэр еджапIэхэм щрагъэджыну хуит ящIу. Иджыпсту а къэралым адыгэбзэр щадж еджапIищым. Телевиденэм махуэ къэс сыхьэтитIкIэ адыгэ нэтынхэр къет. Абы и лъэныкъуэкIэ, я Iуэхухэр зэтеувэхукIэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм защIигъэкъуащ, тхылъхэр, учебникхэр, журналхэр, газетхэр, ди телевиденэм щагъэхьэзыра нэтынхэр хуагъэхьащ.
Сирием щыпсэу адыгэхэр а къэралым щекIуэкI зауэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъум къызэрихутами тепсэлъыхьащ ХьэфIыцIэр. Абы и гугъу ищIащ ахэр я псэупIэкIи, я шхынкIи, щатIэгъэнкIи гугъу зэрехьым, нэгъабэ ДАХ-м иригъэкIуэкIа псапащIэ Iуэхум къыхэкIа сом мелуани 2,5-р абыхэм Iэрагъэхьэну иджыри къэс Iэмал зэрамыIэм, Хэкум къэзыгъэзэжа цIыху 678-м нобэкIэ яIэ псэукIэр зыхуэдэм.
— Гуапэращи, – къыхигъэщащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, – адыгэхэр щыпсэу къэралхэм къыщалъытэ, ахэр зыпэрыт Iуэхухэм ехъулIэныгъэ щаIэщ, я IэнатIэр жэуаплыныгъэ пылъу зэрырахьэкIым къыхэкIыу къулыкъушхуэхэр дзыхь къыхуащI.
ЗэIущIэм и кIэм Мухьэмэд къызэхуэсахэм я упщIэхэм жэуап яритащ. Апхуэдэу ахэр зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэм ящыщт республикэм щыпсэухэми я анэдэлъхубзэр яIэщIэхункIэ шынагъуэ зэрыщыIэр.
— Псори къыщежьэр адэ-анэхэм я дежщ, – жиIащ Мухьэмэд. – Унагъуэм бзэр щыземыкIуэмэ, абы къихъуэ щIэблэми ар яIурылъынукъым. Нобэ адэ-анэ куэдым я бынхэм адыгэбзэр ирагъэджыну хуейкъым. Иужьрей зэманым дэ иужь дитщ анэдэлъхубзэр еджапIэхэм тэмэму щрагъэджыным теухуа Iуэхур республикэ унафэщIхэм я деж щыпхыдгъэкIыну. Японием щыщ щIэныгъэлI гуэрым жиIащ: «Сабийм и ныбжьыр илъэс 12 ирикъухукIэ и анэдэлъхубзэмкIэ псалъэмэ, абы ар зэи щыгъупщэнукъым». Адыгэ къуажэхэр, жылагъуэхэр щыIэху, ди анэдэлъхубзэр кIуэдынукъым.
Адыгэ бзылъхугъэм сыт хуэдэ зэманми хэлъын хуей хьэл-щэн нэхъыщхьэм щыщIэупщIэм, ХьэфIыцIэм абы и жэуапыр кIэщIу яритащ: «Адыгэ бзылъхугъэр сытым дежи зыгъэдахэр и нэмысыфIагъымрэ и псэкупсэ къулеягъэмрэщ».
«Адыгэ псалъэ»
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.