Гъатхэпэм (мартым) и 14-р – адыгэ тхыбзэм и махуэщ
Гъуэгъу къежьапIэ
«Адыгэбзэр сыт щIэдджынур,
Зыдынэсыр КъалэкIыхьырщ», –
Ар ауану Iэджэм жаIэр,
Мышыу псалъэм тIэкIу хэчыхьу.
ЩызэхэсхкIэ сэ а псалъэр,
А гушыIэр сигу темыхуэ.
Станцым нэскIэ унигъэсмэ,
Ар бзэм дежкIэ уфIэмащIэ?
Бзэр шу лъагъуэм хузогъадэ,
Бгъузэу щытми, станцым нос.
Унэсакъэ – гъущI гъуэгушхуэм
Къыщыппэплъэу тетыр поездщ.
Уи гъуэгуанэр жыжьэу щытрэ
УкIуэфынум къыумыгъазэу –
Шым епсыхи, кIуэ мафIэгукIэ,
Тетщ а гъуэгум вагъуи мази.
Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу,
ГъущI гъуэгушхуэм сытехьакъым,
Адыгэбзэр зэзмыгъащIэу,
Урысыбзэр сщIэн слъэкIакъым.
Iуащхьэмахуэ телъ уэс къабзэу,
Сянэм и бзэр сэри сфIэфIт!
Си букварыр зэIусхауэ
Сыкъеджамэ, махуэр уэфIт.
Ноби школым кIуэм а тхылъыр
Я блэгущIэм цIыкIухэм щIэлъщ,
Урысыбзэм и гъуэгушхуэм
Нытехьэну я гум хэлъщ.
Адыгэбзэр, хэт фIэгугъуми,
Ещхьщ си дежкIэ псыIэрышэм.
Ар уэрэду зэхызохыр,
Къурши губгъуи къыдэушу.
Хэт ухуейми сыкъыдожэ,
Iэджэм япэ сэ сищащ.
Адыгэбзэу си шы Iэсэм
Шы тесыкIэ сигъэщIащ.
Ар си гъуэгум и къежьапIэщ,
Ар си дамэщ, ар си напщIэщ,
Ар сымыщIэу щытыгъатэм,
КIэщI дыдэнут сэ си гъащIэр.
Сянэм и бзэу си нэм хуэсхь,
Уэ къыптехуэр схуохъу удын.
Гъуэгу тетыныр сэ щызухкIэ,
Уи Iэр сIыгъыу сыухынщ.
КIЫЩОКЪУЭ Алим
Си анэдэлъхубзэ
ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хузотх
Си анэдэлъхубзэу си псэ,
Си анэдэлъхубзэу си нэ,
Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу
Нобэ уэ адыгэ унэ?
Си анэдэлъхубзэу дахэ,
Си анэдэлъхубзэу пагэ,
Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти
Дуней псом зэрахэтыр!
Си анэдэлъхубзэу гуапэ,
Си анэдэлъхубзэу гуащIэ,
Уи бын пэжхэр щIым гуп-гупу
Щызэбгридзакъэ гъащIэм.
МащIэр хъурэ гуащIэмащIэ?
МащIэр хэкIуэдэжрэ занщIэу?
Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,
Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!
Си анэдэлъхубзэу нахуэ,
Си анэдэлъхубзэу хахуэ,
Зы шу закъуэу щытми, нартыр
Пэувыфти и дзэм чынтым!
Си анэдэлъхубзэу уардэ,
Си анэдэлъхубзэу быдэ,
КIуэщIыр пэжмэ уэ уи лIыгъэр,
Ар дэращ зи хуэмыхугъэр.
Си анэдэлъхубзэу си псэ,
Си анэдэлъхубзэу си нэ,
Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу
Нобэ уэ адыгэ унэ?
И тхылъ тIэкIухэр пхуэхъуу мащэ,
Уехыжауэ дунейм къищIэм, –
Си анэдэлъхубзэу хъыжьэ,
ТхакIуэр уи сын мывэжькъэ!
Ямыпсыхьу къэна куэпкъырщ
Сосрыкъуэ иIар лIапIэу.
Си анэдэлъхубзэу лъапIэ,
Уэ улIэжмэ –
ЛIэжащ лъэпкъыр.
БИЦУ Анатолэ