Шэрджэс щэнхабзэм и махуэхэр
«Шэрджэс щэнхабзэм и махуэхэр» зэхыхьэм и еханэрей зэIущIэшхуэр 2014 гъэм мэлыжьыхьым и 19 – 21 махуэхэм Германием и къалащхьэ Берлин дэт «Тайкио» «Teikyo» хьэщIэщым щекIуэкIащ.
Мыгъэрей зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэу щытар Европэм щыIэ Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я федерацэм хыхьэ Берлин Адыгэ Хасэрат. Зэхуэсым кърихьэлIащ Германием, Голландием, Швейцарием, Италием, Тыркум, Израилым, Канадэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей республикэхэм къикIа цIыху 250-рэ хуэдиз. Ар «Шэрджэс щэнхабзэм и махуэхэр» фестивалыр Европэ хэгъуэгу псоми цIэрыIуэ зэрыщыхъуам и нэщэнэщ. БлэкIа гъэхэм елъытауэ, Сирием щыщ адыгэхэр, хэкурысхэр, Европэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр мы гъэм куэду зэрыхэтар гуапэ тщыхъуащ.
ГуфIэгъуэ зэIущIэр фIэхъус псалъэкIэ къызэIуахащ Берлин щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къумыкъу Уэхьбийрэ Европэм и Шэрджэс Щэнхабзэ Хасэхэм я федерацэм и Iэтащхьэ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукърэ.
— Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ зетхьэу лъэпкъыр лъэпкъыу дыкъызэтенэну дыхуеймэ, хэкум фIэкIа плъапIэ диIэкъым, дэтхэнэ зы хэхэсми и гумрэ и псэмрэ адэжь лъахэмкIэ гъэзауэ, хузэфIэкIыу щытмэ, абы игъэзэжын хуейщ, – жиIащ Уэхьбий. – Хэкурысхэри дэ-Iэпыкъуэгъу къытхуэхъун хуейщ, лъэпкъыр зэрефIэкIуэнум зэгъусэу дыхущIэкъупхъэщ. Абы ипкъ иткIэ, хэкурысымрэ хэхэсымрэ зэпыщIэныгъэ быдэ ди зэхуаку дэлъу, дызэчэнджэщыжу ди лъэпкъыр къызэтезыгъэнэну Iэмалхэр Iущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпу дызэдэлэжьапхъэщ.
Псалъэ щхьэпэхэр къыщыIуа зэIущIэм иужькIэ, Адыгэ Республикэм къикIа «Жъыу» уэрэджыIакIуэ ансамблым и концерт екIуэкIащ. ГъукIэ Замудин зи унафэщI мы гупым шыкIэпшынэрэ къамылрэ къагъэсэбэпу уэрэдыжьхэр дунейм къытрагъэхьэжу аращи, жыпIэ хъунущ блэкIамрэ къэкIуэнумрэ дэгъуэу зэпащIэу.
Берлин щыIэ Адыгэ Хасэм и лъэIукIэ, «Жъыу» гупым я гъусэу къэкIуа, «Налмэс» къэфакIуэ ансамблым хэт, пшынауэ Псыблэн Мурати зэхыхьэр игъэдэхащ адыгэ пшынэм къригъэкIа макъа- мэ жьгъырухэмкIэ. Апхуэдэу, программэм хэмыту, я зыкъэгъэлъэгъуэкIэмкIэ пшыхьыр гъэщIэгъуэн ящIащ Голландием къикIа Хьэткъуэ Фэтхьи, Тыркум щыщ Сезан Седат, Кёльн къалэм къикIа Псыблэн Фарукъ сымэ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм екIуэкIа зэхуэсым къыщыпсэлъащ Канадэм къикIа СтIащ Орфан. Абы и гугъу ищIащ а къэралым щыхэхэс адыгэхэм, хэкум зыгъэзэжынухэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъун папщIэ яухуа Хасэм и лэжьыгъэм. ГъэщIэгъуэнт Германием къыщыхъуауэ, илъэс 20 хуэдиз зи ныбжь щIалэгъуалэу хэкур зэзыгъэлъэгъуахэм я гукъэкIыжхэмрэ Iуэху еплъыкIэмрэ уедэIуэныр. Къыхэгъэщыпхъэщ щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ хэкум ехьэлIауэ яIэ гупсысэр фIым хуэунэтIауэ зэрыщытыр.
Уджыхъу Ехьсан тепсэлъыхьащ Сирием ис ди лъэпкъэгъухэм хэкур щабгына зэманым къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху я щхьэ кърикIуахэм, ахэр иджыпсту зыхэт гузэвэгъуэхэм, «Адыгэ пхъуантэ» фондым зэфIигъэкIхэм, нэгъуэщIхэми.
Зэхуэсым и зы пщыхьэщхьэр хухэхауэ щытащ КъБКъУ-м и «Амикс»-м и концертым. Къул Амир зи унафэщI гупым зэIущIэр тхуагъэдэхащ, зэкIужу ящыгъа щыгъынхэмрэ зэпымыууэ ягъэIуа адыгэ макъамэмрэ гухэлъ уэрэдхэмрэ гуакIуэт, хэкум къыздрахыу ягуэша кхъуей лIэужыгъуэхэмрэ IэфIыкIэхэмкIэ къекIуэлIахэр ягъэтхъэжащ.
Джанджатэ Айкъут зи унафэщI «Гугъэ» пшыналъэ гупми я зэфIэкIым щхьэхуэу къытеувыIапхъэщ. Ар Германием щыцIэрыIуэщ, куэдым ягу дыхьэу зыкъагъэлъагъуэ. Я программэм хагъэхьа уэрэдыщIэхэмкIэ мы гъэми цIыхубэр къахьэхуащ. Гухэхъуэт пшыхьым и кIэухым зэдежьууэ утыку къихьа гупищым зэхаша уджыр. Апхуэдэу дахэу иухащ фестивалым и зы махуэр.
«Шэрджэс щэнхабзэм и махуэхэр» зэхуэсым и мыхьэнэр, къалэн нэхъыщхьэр Европэм щыпсэу адыгэхэр зэхуэшэсыныр, зэрыгъэцIыхуныр, щIэблэр адыгэ щэнхабзэм хэшэныр аращ. А псоми къадэкIуэу, мы гъэм къалэн зыщытщIыжат хэкурысхэмрэ хэхэс-
хэмрэ зэпыщIа хъунымкIэ Iэмалхэр къэдулъэпхъэщыну. адыгэ республикэхэм я къэфакIуэ уэрэджыIакIуэ гупхэр къахэтшащ, ди щIэблэм едгъэлъэгъуащ, хэкум хуаIэ пыщIэныгъэм зрагъэубгъуным а псор щхьэпэну ды- щогугъ. Берлин щыIэ Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкIыу иджыри зэ фIыщIэ яхудощI, сэлам гуапэ ядохыж ди махуэшхуэм хэтахэм.
ЕтIанэгъэ ебланэрей «Шэрджэс щэнхабзэм и махуэхэр» зэхуэсыр зэхэзышэну зи пщэ дэлъыр Гамбург къалэм щыIэ Адыгэ Хасэращи, абы дыщызэхуэзэныр зэхудипIалъэу дызэбгрыкIыжащ.
Берлин щыIэ Адыгэ Хасэ.