ХэткIэ щхьэпэ?
Ди щхьэм зыгуэр кърикІуамэ е къэхъукъащІэ гуэр щыІэу щытмэ, зыкІи гурыщхъуэ фымыщІ: абы и гъуэгур зэІузыхар Iуэхум зи фІагъ хэлъыр аращ. Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэхэм я КАФФЕД зэгухьэныгъэм иджыблагъэ унафэ къищтащ ДАХ-м дэлэжьэныр пIалъэкэ къызэтригъэувыІэну.
АтIэ адэжь щІыналъэмрэ хамэ къэралхэмрэ щыпсэу адыгэхэм ди зэпыщІэныгъэр къэтIасхъэмэ е пхузэмыгъэпэщыжыну лъэлъэжыпэмэ, хэт абы зи фейдэ хэлъыр? Апхуэдэ къэхъукъащIэм зыкІи имыгъэгузавэхэрщ, зи щІакхъуэ Іыхьэр Урысейм ебииным къыхэзыххэрщ, и гъащIэри, и гупсысэри, и IуэхущIафэхэри абы тезыухуахэрщ, КАФФЕД-р адэжь лъахэм зэрыпыщІа къуэпсхэр зэпызычыну хэтхэрщ, Хэкужьым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр къарууншэ хъуныр нэхъ къэзыщтэ нэгъуэщІ лъэпкъхэрщ, н.къ. Апхуэдэхэм яхыубжэ хъунущ КАФФЕД-р зэхэгъэлъэлъэныр къалэн зыщызыщІыжахэри (феплъ: «КАФФЕД-м дэ дызэрыхуейуэ зеузэщІыж» жызыІэхэм).
Дунейпсо Адыгэ Хасэр шэм къыхаха бжэмышх хужьу (зыри имылажьэу) жысІэркъым. Пхэнжу зэфIиха Iуэхуи, ищІапхъэу имыщІэ е хуэмыщІэ куэди щыІэнкІэ мэхъу. Узыхуэмейр ДАХ-м и тхьэмадэрамэ, абы и лэжьэкІэм арэзы укъимыщIмэ, ар зэблэхъуным, тегъэкІыным и Іуэху зэрызэфIахри ДАХ-м и Уставым къыщыгъэлъэгъуащ. Ауэ зыбгъэгусэу уикІуэтыныр е лъэныкъуэ зебгъэзыныр Iуэхум хэлъ ныкъусаныгъэхэр зэбгъэзэхуэжыным и хэкIыпIэкъым, зэрыхуэфащэу уелІэлІэн, уелэжьын хуейщ.
Илъэс 25-м щIигъуащ ДАХ-р зэрыщыIэри, нобэрей махуэм къэсыху ерагъыу къызэдгъэпэщыфа, зэтедубла зэпыщІэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къэтIэсхъэным ди лъэпкъэгъуу хэкурысхэми хэхэсхэми ди фІагъ хэлъкъым, абы зи фейдэ хэлъыр ищхьэкІэ зи гугъу щысщІахэращ.
КАФФЕД-м и хасащхьэм къищта унафэр сэркІэ хьэлъэІуэщ икIи захуагъэкъым. Ди зэпыщІэныгъэр кІащхъэ хъумэ, зэпычыпэным нэсынри зыхуэIуа щыIэкъым, итІанэ пхузэмыгъэпэщыжынкIи, лъэпкъым зэран хуэхъун лажьэшхуэ къыхухэкIынкIи хъунущ. Гугъуехь куэд хэту хэкурысымрэ хэхэсымрэ я кум щаухуа лъэмыжыр щIэзыIыгъэ пкъохэр щIэзыудхэм фемыдаIуэу, нэхъ лъэщ зыщIыну Iуэхухэм девгъэгупсысыну фыкъыхузоджэ.
Шыгъэлыгъуэ (Къадыоглу) Уэжид,
2011-2013 гъэхэм КАФФЕД-м и тхьэмадэу щыта.
Анкара къалэ