ЛIымыщокъуэ Рэмэзанщ Адыгэ Республикэм щылажьэ Адыгэ Хасэм Хасэм и тхьэмадэр
Щэбэт кIуам Мейкъуапэ щекIуэкIащ Адыгэ Республикэм щылажьэ Адыгэ Хасэм и ХIX къэпщытэныгъэ-хэхыныгъэ съездыр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Хьэсанэ Мурат, АР-м и япэ Президент Джарым Аслъэн, АР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КъумпIыл Мурат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м, КъШР-м, Краснодар крайм щыIэ хасэхэм я унафэщIхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Аслъэн Алий, КIэкIыхъу Мэжид сымэ, республикэм щызэхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къулыкъущIапIэхэм я лIыкIуэхэр.
Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КъумпIыл Мурат жиIащ Хасэм хэтхэмрэ къэрал властым- рэ купщIафIэу зэрызэдэлажьэм сэбэпынагъ куэд къызэрыпэкIуар, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд зэрызэфIахар.
«Илъэс куэд хъуауэ Адыгэ Хасэм лэжьыгъэ щхьэпэ зэфIигъэкIыу къогъуэгурыкIуэ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, зегъэужьыным, ди хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, ди хэгъуэгум мамырыгъэрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным теухуауэ, – къыхигъэщащ КъумпIылым.
Адыгэ Хасэм блэкIа пIалъэм къриубыдэу илэжьахэм нэхъ убгъуауэ тепсэлъыхьащ абы и тхьэмадэ ЛIымыщо-къуэ Рэмэзан. Къапэщылъ къалэнхэм щыщу тхьэмадэм къыхигъэщащ Сирием къикIыжу хэкум къэзыгъэзэж ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуныр, адыгэ тхыдэмрэ анэдэлъхубзэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэм егъэджыныр, адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ я зыужьыныгъэм телэжьэныр.
ХамэщI къыщалъхуа ди къуэшхэр Урысейм «ди лъэпкъэгъуу» къилъытэ- ным теухуауэ псалъэмакъ щхьэхуэ щекIуэкIащ зэIущIэм, абы и хэкIыпIэхэри къагъэлъэгъуащ.
Съездым и лIыкIуэхэм ЛIымыщокъуэ Рэмэзан Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу илъэсищ пIалъэкIэ хахыжащ. Апхуэдэуи Хасащхьэм хэтынухэмрэ Къэзыпщытэ гупым и унафэщIымрэ IэIэткIэ ягъэбелджылащ, «Гъуазэ» газетым и редактор нэхъыщхьэри ягъэуващ.
Дохъушокъуэ Синэ.
«Адыгэ псалъэ»