Новости

Къалмыкъ Юрий щалъхуа лъахэм хиубыдэ къуажэ псоми абы и цIэр зезыхьэ уэрамхэр щыIэнущ

Къэрэшей — Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Бэшорэ Беслъэн, абы и къуэдзэхэу       Сидакъ Азэмэтрэ Арэшыкъуэ Амиррэ иджыблагъэ щахуэзам, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Арэшыкъуэ Рауф къыхилъхьащ мы районым хиубыдэ дэтхэнэ жылагъуэми щыIэ уэрамхэм ящыщ зым Къалмыкъ Юрий и цIэр фIащыну. А цIыху гъуэзэджэр, псоми зэращIэжщи, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату, иужькIэ УФ-м юстицэмкIэ и министру щытащ икIи къэралым и закон зыбжанэ зыгъэхьэзырахэм ящыщщ. Къалмыкъ Юрий Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ тхьэмадэу щытащ.

 Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис дэтхэнэри щыгъуазэщ Къалмыкъ Юрий и къекIуэкIыкIам икIи районым ис псоми апхуэдэ жэрдэмыр я гуапэу даIыгъащ.

«Ди дэтхэнэ къуажэми щыIэ уэрамхэм ящыщ зым Къалмыкъ Юрий и цIэр зэрихьэн зэрыхуейм шэч лъэпкъ хэлъкъым», – жеIэ Хьэбэз къуажэм щыпсэу Даур Мухьэмэд.

«Абы и акъылым, и щIэныгъэм я фIыгъэкIэ, ди къэралышхуэм ис псоми къащIащ шэрджэсхэр зищIысыр. Ар къызыхэкIа лъэпкъым и лIыкIуэ пэжу щытащ икIи абы и фэеплъыр мыкIуэдыжу тхъумэну тхуэфащэщ», – районым исхэм ящыщ зым къыхуитхащ Арэшыкъуэ Рауф.

Жэрдэмыр Арэшыкъуэ Рауф къыхелъхьэ

 Районым щыIэ адыгэ къуажэ 13-м къыщызэрагъэпэща жэрдэмщIакIуэ гупхэм я мурадщ зыхуэфащэ унафэ къащтэн папщIэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ советхэм я депутатхэм тхыгъэкIэ зыхуагъэзэну. Абы иужькIэ къуажэ къэс къыщыунэхунущ я хэкуэгъу щэджащэм и цIэр зезыхьэ уэрам.

Къалмыкъ Юрий, адыгэ лъэпкъым и къуэ гъуэзэджэр, Урысейм и къэрал лэжьакIуэшхуэщ, профессорщ, юридическэ щIэныгъэхэм я докторщ, «УФ-м щIыхь зиIэ и юрист», «УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ. Ар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату,               СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм законодательствэмкIэ и комитетым и унафэщIу щытащ, Урысей Федерацэм юстицэмкIэ и министру лэжьащ. Ар законопроект зыбжанэ зыгъэхьэзырахэм яхэтащ, Граждан законодательствэм и лъабжьэхэмрэ Граждан кодексымрэ зэхэлъхьэным елэжьащ, Урысей Федерацэм и Конституцэм, УФ-м ПсэупIэмкIэ и кодексым я проектхэр зэхэзылъхьахэм ящыщщ.

Къалмыкъ Юрий Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэгъэпэщынымкIэ жэрдэмщIакIуэу къэувахэм яхэтащ икIи а зэгухьэныгъэм и япэ тхьэмадэу щытащ, абы 1991 гъэм игъэхьэзыращ ДАХ-м и япэ уставри.

«А цIыху гъуэзэджэм бгъэдэлъ фIыщIэмрэ абы зэфIигъэкIахэмрэ куэд мэхъу. Шэч хэлъкъым Къалмыкъ Юрий Хьэмзэт и къуэм и фэеплъыр хуэсакъыу дэтхэнэ зыми и гущIэм зэрыщихъумэм, абы и фэеплъыр Къэрэшей-Шэрджэсым и тхыдэм, ди лъэпкъым и тхыдэм дыщэпскIэ тхауэ къызэрыхэнэнум», – къыхигъэщхьэхукIащ Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым хэт Арэшыкъуэ Рауф.

Газета «Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment