Новости

Дэтхэнэ лъэпкъми и псэ

Бзэр лъэпкъым и псэщ, жызыIар щыуакъым. Нэхъыщхьэ дыдэу лъэпкъым бгъэдэлъын хуейр бзэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аращ ар къызэрацIыхур. ЦIыху-хэр иризэпсалъэу къэунэхуа а Iэмал гъуэзэджэр лIэужьыгъуэ куэду зэтепщIыкIащ. Къапщтэмэ, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, бзэхэм я бжыгъэр мини 6-м ноблагъэ.

 Абыхэм яхэтщ дуней псор ирипсалъэу цIыхубэм къызэдащтахэри, гуп мащIэ дыдэ фIэкIа мыхъухэм ягъэшэрыуэхэри. Лъэпкъыр лъэпкъыу къэплъытэ щыхъунур абы езым и анэдэлъхубзэ Iурылъыжмэщ, итIанэщ тхыдэр хъума щыхъунур, щэнхабзэм зыщебгъэужьыфынур, цIыхур цIыхуу къыщызэтенэнур. Апхуэдэ щхьэусыгъуэхэм къыхахри, 1999 гъэм анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къищтащ ЮНЕСКО-м. Ар траухуауэ щытащ мазаем и 21-м – 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым зэрыщызэтраукIам и фэеплъу. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.

2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу.

Адыгэбзэмрэ абы хэкум щыхуащI пщIэмрэ къапщтэмэ, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ къыхалъхьауэ 1999 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щокIуэкI «Си бзэ – си бзэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэр. Адыгэбзэр хъумэным, ар щIэблэм яIуры-         лъу къэгъэтэджыным, курыт еджапIэхэм гулъытэ нэхъыбэ щигъуэтыным теухуауэ кърахьэжьа Iуэхум зы гъэ еджэгъуэм къриубыдэу еджакIуэ 1500 – 2000-м нэблагъэ, школ 20-м щIигъу щыхэт щыIэу екIуэкIащ, ауэ иджыпсту нэгъуэщI жыпхъэхэм иуващ. Апхуэдэу IуэхуфIыр къыщызэдащтащ Адыгэ Республикэми, Къэрэшей-Шэрджэсми, Шапсыгъми. Республикэ зэпеуэм нэхъыфIу зыкъыщызыгъэлъэгъуа егъэджакIуэхэр Урысейм анэдэлъхубзэмкIэ щекIуэкI къэралпсо зэхьэзэхуэхэми хэтщ, пашэныгъэхэр къыщахьу.

Анэдэлъхубзэм и къарур нэхъри зыхозыгъащIэ Iуэхугъуэщ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм зи хэку зрагъэбгы-на ди лъэпкъэгъухэм я натIэ кърикIуар. Нобэ пыщIэныгъэ зыхудиIэ къэралхэм щыщ ди къуэшхэр адыгэбзэкIэ зэрыпсалъэм уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Щхьэж зыхэсхэм кърат хуитыныгъэм теухуауэ школ къызэIуахми, телевиденэ ягъэлажьэми бзэр иджыри къыздэсым къэгъуэгурыкIуащ, илъэси 150-м къыпхахыфащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар нэхъапэм зэраIурылъам ещхьыжкъым, Иорданием, Сирием, Тыркум, нэгъуэщI къэралхэм бзэр зымыщIэ щIалэгъуалэр куэд щыхъуащ, ар мащIэ-мащIэурэ IэщIыб зэращIым гу лъыботэ. Пэжщ, Израилым щыпсэухэм я деж бзэм и Iуэхур щынэхъыфIщ. Ахэр зэуIуу адыгэ къуажитIым зэрыдэсыр арагъэнщ апхуэдэу къыщIызэтенар. Хамэбзэу щы зэдадж пэтми, япэ итыр я лъэпкъыбзэрщ – псэлъагъащIэ сабийм Iурылъыр адыгэбзэщ, щIалэгъуалэр зэрызэдэгушыIэр адыгэбзэщ, я нэхъыжь зэрыущиер адыгэбзэщ. Абы и IэфIымрэ и фIыгъуэмрэ зыхащIэу мэпсэу журтхэмрэ хьэрыпхэмрэ яхэс ди лъэпкъэгъухэр.

ЛъапIэныгъэ псоми ефIэкIыу лъэпкъым иIэ хъугъуэфIыгъуэр хъумэным егупсысащ Дунейпсо Адыгэ Хасэри. 2003 гъэм ДАХ-м къищта унафэм ипкъ иткIэ, гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэу ягъэуващ. А махуэр хэгъэнэхукIыным лъабжьэ хуэхъуащ Бырсей Умар и Iэдакъэ къыщIэкIа, 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м адыгэбзэкIэ тхауэ дунейм япэу къытехьа тхылъыр – «Адыгэбзэ псалъалъэр». Псом япэ а махуэшхуэр 2000 гъэм къыщащтащ Адыгэ Республикэм и ЦIыхубэ Зэхуэсым – Хасэм, апхуэдэ къэрал мыхьэнэ а махуэшхуэм 2005 гъэм щратащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ЦIыхубэ Зэхуэсми (Парламентми). Бзэр хъума, егъэфIэкIуа зэрыхъуным егъэпIейтей дэтхэнэ хэкупсэри. Бзэр щыIэщ, мэлажьэ, ар зей лъэпкъым и цIыхухэм яIурылъмэ, я унагъуэхэм щрипсалъэмэ, я сабийхэм ирагъащIэмэ, Iуэху иризэфIахыу къэрал IуэхущIапIэхэм къыщагъэсэбэпмэ.

НэщIэпыджэ  Замирэ,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент.

Related posts

Leave a Comment