БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ
ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэтеувэм и нэIэ тегъэтыныр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ. А пщэрылъхэр гъэзэщIа хъун папщIэ, ДАХ-м лэжьыгъэ зыбжанэ ирегъэкIуэкI. Абыхэм хеубыдэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ КъБКъУ-м ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ и Адыгэ щэнхабзэ центрымрэ ящIыгъуу иригъэкIуэкI жэрдэм щхьэпэхэр.
Адыгэ ныпым и махуэм и жьауэм щIэту зэхашами, зэIущIэм адыгэбзэм, адыгэ щэнхабзэм, лъэпкъ хабзэхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэд къыщаIэтащ. Абы къыхыхьа адыгэ студентхэм гупитIу загуэшри, тхыдэмрэ IуэрыIуатэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ зэныкъуэкъуу хьэрхуэр гуимыхуж ирахьэкIащ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэр адыгэ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм ящыщ пычыгъуэхэм гукIэ къеджащ, къэфэкIэм зэрыхуэIэзэр ягъэлъэгъуащ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм пшыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэр кърагъэкIащ.
«КъызыхэкIыр гурыIуэгъуэми, хамэ щIыналъэм къикIыу къытхуэкIуэж ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм ящыщу адыгэбзэр зыщIэр мащIэ дыдэщ. Ауэ ар зэзыгъэщIэну хуэмейуэ зы цIыху закъуи яхэткъым. Дэ едгъэкIуэкI курсхэм къагъэлъэгъуащ бзэр абыхэм щIэхыу къызэрапхъуатэр, уеблэмэ, игъуэ щихуэкIэ, къагъэсэбэпыну зэрыхущIэкъур», — жиIащ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм гуапэу хэплъэж, хамэщI къикIа ныбжьыщIэхэм адыгэбзэмкIэ ядэлажьэ Щомахуэ Алёнэ.
КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор ТIымыжь Хьэмыщэ фIыщIэ яхуищIащ зи къуэпсхэр къэзыхутэжыну, зыщыщ лъэпкъым лъэ быдэкIэ яхэувэжыну хуей щIалэгъуалэм. «Зи къежьапIэр зымыщIэ, зи бзэр зыфIэкIуэд цIыхур лъэпкъым щыщу къыпхуэлъытэнукъым. Апхуэдэхэм еплъытмэ, фэ фи зэфIэкIыр жыжьэ нэсащ, фи гуащIэ фемыблэжу бзэр зэгъэщIэным иужь фитмэ, къывэмыхъулIэн щыIэкъым. ФефIакIуэ, зывузэщI!», — захуигъэзащ нэхъыжьым адыгэ щIалэгъуалэм.
КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм IэщIагъэлI Дзасэжь Андзор студентхэм утыку кърахьа лэжьыгъэм щыгуфIыкIащ, зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм зэрыригушхуэри къыхигъэщащ. «Си япэкIэ къэпсэлъахэм жаIар ядызоIыгъ — бзэр умыщIэмэ, лъэпкъым ущыщыжкъым. ЕдгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм мыхьэнэ зэраIэр, абыхэм къапэкIуэ фIыгъуэм уи лъэр жан зэрищIыр мы зэпеуэм нэрылъагъу ищIащ. Хэкум къихьэжам абы и акъужьыр къызэрытелъэщIыхьам и щыхьэт наIуэ хъунущ и анэдэлъхубзэр зригъащIэмэ, и лъэпкъ хабзэхэм куууэ защигъэгъуазэмэ. Фэ ар къалэн зыщыфщIыжащ икIи зэвгъэхъулIащ. Тхьэм фригъэфIакIуэ!» — жиIащ Дзасэжь Андзор.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьэ жэрдэм зэмылIэужьыгъуэхэм я гугъу щищIым, ДАХ-м и хэщIапIэм и Iуэхузехьэ Нанэ Лерэ къыхигъэщащ абыхэм я нэхъыбэр студент щIалэгъуалэм я лъэпкъ гурыщIэр къызэщыгъэуным, адэжьхэм къащIэна щэнхабзэ щIэиным я гур хуэгъэушыным, лъэпкъ хабзэхэм я щIэжьыуэр дэнэ щIыпIэ щымыпсэуми, абы щагъэIуным зэрыхуэгъэпсар. «Гуапэщ зым къыхилъхьэ жэрдэмым адрейхэр къыпыувэурэ лъэпкъыр хъумэным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэр зэфIэха зэрыхъур», — жиIащ Лерэ.
Зэпеуэм хэтахэм ДАХ-мрэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ къабгъэдэкIыу фIыщIэ тхылъхэр иратащ, тыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ягъэгушхуащ. Къыхэгъэщын хуейщ жэрдэм щIагъуэр жылагъуэ зэхэтыкIэмрэ гупсысэкIэмрэ зегъэужьыным хуэунэтIа Президент грантхэм я фондым къыхэкIа мылъкумкIэ къызэрызэрагъэпэщар.