Новости

Сэхъурокъуэ Хьэутий: ДАХ-м и Iуэху щыдэкIынур Урысейращ

 

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я Федерацэм унафэ къищтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм щригъэкIуэкI лэжьыгъэр къызэтригъэувыIэну. Абы и щхьэусыгъуэу къагъэлъэгъуар ДАХ-м хасэ къудамэхэр къызэригъэгугъахэр имыгъэзащIэу, адыгэ жылагъуэм я деж  жэуап  щимыхьу   къызэрилъытэрщ. Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, абы иджыри зы щхьэусыгъуэ иIэщ-КАФФЕД-м и унафэщI Хьэгъундокъуэ  (Асланкая) Яшар Урысейм къихьэну хуимыту 2016 гъэм и фокIадэм зэрыхуагъэуварщ.

Мы Iуэхум зэреплъыр «Сaucasus times.com» сайтым и журналистым хуиIуэтащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

— Хьэутий, уэри узэрыщыгъуазэщи, КАФФЕД-м и унафэщI Хьэгъундокъуэ Яшар иджыблагъэ Урысейм ирагъэкIыжащ. Сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар?

— Япэрауэ, ар ирагъэкIыжакъым икIи ирахужакъым. 2016 гъэм фокIадэм и 19-м ДАХ-м и зи мычэзу Конгрессу Налшык щекIуэкIам къакIуэри хэтащ Яшар. Дэ дыщыгъуазэкъым ар щыкIуэжым гъунапкъэм деж къыщагъэувыIэу, дяпэкIэ илъэси 4-кIэ ди къэралым къихьэ мыхъуну щIыхуагъэувам и щхьэусыгъуэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, гъунапкъэхъумэхэм  къаIуэтакъым ар къызэхэкIар. Абы, шэч хэмылъу, дыщIэупщIащ, жэуапым дыпоплъэ. Нэхъапэхэми къэхъуащ ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэр Урысейм къыщрамыгъэхьэ. Мы зыгъуэгукIэ  а щIэщхъур КАФФЕД-м хэт адрей ди къуэшхэм яжьэхэуакъым. Ауэ а къэхъукъащIэр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ иджыпсту интернетым къыщрахьэкI псалъэмакъым. Апхуэдиз кърамыхыу, щхьэусыгъуэмрэ ди упщIэм и жэуапымрэ наIуэ къэхъуху пэплъамэ, нэхъыфIт.

— Хьэгъундокъуэ Яшар хэкум къызэрырамыгъэхьэнура КАФФЕД-м ДАХ-м щригъэкIуэкI лэжьыгъэр къызэтегъэувыIэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар  хьэмэрэ нэгъуэщI гуэрхэри хэлъа Iуэхум?

— Яшар  сэрэ  зэгурымыIуэныгъэ ди зэхуаку дэлъакъым. Иужьрейуэ ар къыщыкIуам, сыпежьэри къезгъэблэгъащ, сэ езгъэжьэжащ. Сыт щыгъуи дызэрызэпсэлъэн бзэ къэдгъуэтыфу дызэдолажьэ. Мы Iуэхум жагъуэу хэлъыр, ди зэгухьэныгъэм  и кIуэцI къыщыхъу Iуэху цIыкIуфэкIухэр ягъэбагъуэурэ псалъэмакъышхуэхэм лъабжьэ зэрыхуащIырщ, ДАХ-м и лъэр щIаудыну зэрыхэтырщ. Дэ дызэреплъымкIэ, зи лэжьыгъэр къызэтезыгъэувыIэу жызыIа ди къуэшхэр тIэкIу епIэщIэкIащ. А хъыбарыр зэхэтха нэужь, сэ Налшык щызэхуэсшэсащ ДАХ-м хэт нэхъыжьхэр, Iулыдж зиIэ цIыхухэр. Абыхэм яхэтащ ДАХ-р къызэгъэпэщыныр зи жэрдэму щыта  Хьэткъуэ   Фатхьи (Голландие), тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ (Мейкъуапэ), ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым хэтхэу Темыркъан Борис, Шыхъуэстэн Амдул-Хьэмид, ДАХ-м и тхьэмадэу щытахэу Нэхущ Заурбий, Дзэмыхь Къасболэт, Ажахъуэ Къанщобий. КъэпщытакIуэ гупым и Iэтащхьэ ГубэщIыкI Владимир, куэд щIауэ Iуэхум хэлэжьыхь Къуэдзокъуэ Анатолэ, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, мэздэгу, шапсыгъ хасэхэм, Ставрополь щызэхэт адыгэ центрым я унафэщIхэр, Тыркум, Сирием, Иорданием щыпсэу ди къуэшхэм я лIыкIуэхэр. Къызэхуэсахэм къыхагъэщащ КАФФЕД-м кърихьэжьа Iуэхур жагъуэ зэращыхъур, ахэр къедгъэблагъэу ди зэхуаку къыдэ-          хъуа щIэщхъум дытепсэлъыхьын зэрыхуейр. КъищынэмыщIауэ, дэ УФ-м и Президентым и Администрацэм, Урысейм и къулыкъущIапIэ хэхахэм запытщIащ, къэхъуар зэхэдгъэкIыну, Хьэгъундокъуэ Яшар хэкум къихьэным, ДАХ-м щылэжьэным пэрыуэгъу къыхуэмыхъуну дыщIэлъэIуу. ЗэкIэ къыдата жэуапыр, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советыр мазэ зыбжанэм зэ зэхуэсу аращи, Iуэхур абы елъытауэ зэрыщытырщ.

Адыгэхэм къытхэтщ Урысейм худиIэ пыщIэныгъэр нэгъуэщI зыгуэру къэзыгъэсэбэп цIыху щхьэхуещэхэр. Апхуэдэуи Урысейм и бий лъэпкъхэр щыIэщ, адыгэ Iуэхур кърахьэжьэурэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр Урысей Федерацэм пэщIагъэувэну, е ДАХ-м и лъэр щIаудыну хэту. Ди зэгухьэныгъэшхуэр къызэрызэрагъэпэщрэ блэкIа илъэс 25-м апхуэдэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI зэрыщыIэм дыщыгъуазэщ, абыхэм я мурадыр, щыIэ щытыкIэр къагъэсэбэпурэ, адыгэм и зэкъуэтыныгъэр, зыхэс лъэпкъым зэрыхущытыр зэтракъутэнырщ.

Уэ узэреплъымкIэ, КАФФЕД-м Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэкIыжыпэну уна-фэ къищтэмэ, адэкIэ дауэ зиужьыну Iуэхум?

— Илъэс куэд лъандэрэ зэтраухуэ зэпыщIэныгъэр зэрызэпычынур фIыкъым, дауи. Ауэ мыгъуагъэ гуэр кърикIуэну къэслъытэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Тыркум нэгъуэщI адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри щыIэщ ДАХ-м къыдэлэжьэну жэрдэм яIэу. Къэрал 14-м щыIэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зыхэт Дунейпсо Адыгэ Хасэм КАФФЕД-р хэкIыж щхьэкIэ ди лэжьыгъэр къызэтеувыIэнукъым. КъищынэмыщIауэ, иджыри зэгухьэныгъи 6 нэгъуэщI къэралхэм щыщу мэлъаIуэ ДАХ-м къыхыхьэну хуейуэ, абыхэм  я унафэр къыкIэлъыкIуэ Конгрессым тщIыну аращ.

Интернетым къралъхьэ хъыбар мышыу къомым цIыхухэр зэхэзехуэн ящI. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыIэ хасэхэр хэкIыжауэ ягъэхъыбар. Ар къэхъункIэ Iэмал зимыIэщ, ахэр ДАХ-м хэтщ, дызэгурыIуэу дызэдолажьэ. Дэ къыткъуэтщ ДАХ-р къызэзыгъэпэщахэр, адыгэ лъэпкъым и къуэ пажэхэр.

Езы КАФФЕД дыдэр къапщтэми, Хьэгъундокъуэ Яшар ищIэмкIэ мыарэзыхэри яхэтщ абы. Апхуэдэу занщIэу пыупщIа хъуну Iуэхукъым мыр. Сочэ ЩIымахуэ Олимп джэгухэр щегъэкIуэкIыныр ямыдэу къэувахэм яхэтат Яшар Iуэхур къыщежьагъащIэм, ауэ иужькIэ и телъхьэ хъужри, акъылэгъу къыддэхъуат ДАХ-м хэтхэм. Хьэгъундокъуэм нобэ къыщыщIар дэри ди жагъуэ мэхъу икIи абы сыт и лъэныкъуэкIи дызэрыдэIэпыкъуным иужь дитынущ. Ауэ Тыркумрэ Урысеймрэ ис зэлъэпкъэгъухэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр а зым щхьэкIэ зэпыбудыныр щыуагъэщ.

— Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лъэр быдэ дыдэу щымыту жыпIэ хъуну нобэ?

— Iэмал иIэкъым жыпIэнкIэ. Сыт щхьэкIэ? Мыр хасэ кIуэцIым къыщыхъуа щIэщхъу цIыкIущ, къищынэмыщIауэ, ДАХ-м къыхуэдзэлашхэхэм ягъэIуа псалъэмакъ купщIэншэщ. Дэ быдэу къыдгурыIуэн хуейщ адыгэбзэр къэралыбзэу къыщалъытэу щыIэр Урысейр зэрыарар – Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм. Дэ Iэмал куэд диIэщ ди бзэр,  хабзэр, щэнхабзэр тхъумэжынымкIэ, абыхэм нэхъри зедгъэужьынымкIэ. Абы папщIэ дэнэ щыIэ Хасэ къудамэми я лIыкIуэхэр нэхъ жыджэру лэжьэн хуейуэ аркъудейщ. Къэбгъэлъагъуэмэ,   ДАХ-р   политикэ  зэгухьэныгъэкъым – жылагъуэ Iуэхущ зэрихуэр. Абы ипкъ иткIэ, интернетым зызыгъэлIу исхэм къагъэув Iуэху мыхъумыщIэхэр абы и пщэ къыдэхуэркъым, дэ нэхъыбэу дызэлэжьыр ди Уставым къыщыгъэлъэгъуа унэтIыныгъэхэрщ.

— ДАХ-р дуней псом адыгэу щыпсэур зэзыгъэуIу IуэхущIапIэщ. Абы хамэ къэралхэм щыIэ зэгухьэныгъэ куэд къызэщIеубыдэ икIи хэхэсхэр хэкум къыпыщIа хъунымкIэ куэд елэжь. Ауэ, абы емылъытауэ, куэдым ар ягъэкъуаншэ лъэпкъ Iуэху нэхъыщхьэхэр лъэныкъуэкIэ къигъанэу, адыгэхэр лъахэм къэшэжынымкIэ, бзэр хъума хъунымкIэ хузэфIэкI псори имыщIэу.

— Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытми ищIапхъэхэр игу къэбгъэкIыжыныр IуэхуфIщ, дэ ар къыдгуроIуэ, икIи дыхуэнабдзэгубдзаплъэщ апхуэдэ псалъэмакъхэми. Ауэ Дунейпсо Адыгэ Хасэр нобэ зыгъэлажьэр  абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и закъуэкъым, абы щащI унафэхэри псори зэдэарэзыуэ IэIэткIэ къызэдащтэу аращ. ДАХ-м нобэкIэ илэжьар къызэрехъулIам сытепсэлъыхьыну къемызэгъми, абы хэтхэм я гупсысэр къэзгъэлъэгъуэнщи, иужьрей илъэсиплIым мащIэ зэфIигъэкIауэ пхужыIэнукъым. Илъэс 25-кIэ зэфIахахэм къыпытщэу, дэри куэд щIауэ зиужь дити, мы илъэсхэм къытлъыкъуэкIа гугъуехьи яхэтщ  абыхэм. А пIалъэм къриубыдэу цIыху 3000-м щIигъум я хэку къагъэзэ- жащ. Сирием щекIуэкIа зауэм кърихужьэжа ди къуэшхэр хэгъуэгу зэмылIэужьыгъуэхэм къитIысхьэжащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэжа унагъуи 100-м унэ къахуэтщэхури, я псэуалъэ идгъэтIысхьэжащ. Абыхэм я Iуэхур тыншу мыбдеж щыдэкIынымкIэ защIыдогъакъуэ, сымаджэщ, еджапIэ хуэдэхэм щыдогъэтх. Телемарафон ин къызэдгъэпэщри, хамэ къэралхэри хэту, ахъшэ зэхуэтхьэсащ, ахэр Сирием едгъэхьыжри, зыхуэныкъуэхэм Iэрагъэхьащ. Ди университетым къыщIэтIысхьэ адыгэ студентхэм я бжыгъэри тIукIэ нэхъыбэ хъуащ, хамэ къэралхэм  щыщ ди къуэшхэр хэту Iуэхугъуэ куэд идогъэкIуэкI. Хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуа адыгэхэм я бзэр къыдэкIуэтей щIэблэм яIэщIэмыхужын папщIэ, ахэр щIэх-щIэхыурэ къыдогъэблагъэ, ди зэхэтыкIэр, хэкум и дахагъыр едгъэлъагъуну, бзэр нэхъ шэрыуэу щедгъэщIэну. Апхуэдэу сабии 120-рэ Тыркум, Израилым, Иорданием къитшащ нэгъабэ. УзыщыгуфIыкIыну тхузэфIэкIахэм ящыщщ 2013 гъэм, ди жэрдэмкIэ къыхэтлъхьэу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр КъБР-м зэрыщагъэувар. Ар куэдкIэ сэбэп хъунущ лъэпкъым ифI игъэлъапIэу, и цIыхубэр зэхыхьэу, и Iуэху игъэкIуатэу къекIуэкIынымкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ бзэр хъумэныр псом япэ зэридгъэщыр. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым. Абы ипкъ иткIэ, щIэныгъэ лъабжьэ зиIэ лэжьыгъэ куэд идогъэкIуэкI.

— Уэ узэреплъымкIэ, Сирием щыпсэу адыгэхэр гуп щхьэхуэ ящIу къэрал дэIэпыкъуныгъэ иратыну, абыхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщыну Урысей властым ДАХ-р щхьэ гурымыIуэфарэ?

— Уэ   дауэ къызыщыбгъэхъурэ   зауэ щекIуэкI щIыналъэм зыгуэрхэр щхьэхуэу къыщыхэбгъэщыныр? Дэ абы исхэр адыгэрэ нэгъуэщI лъэпкъкIэ тхуэгуэшынукъым, псори зэхуэдэу хэтщ а мафIэм. Ди къуэшхэр къызэщIэткъуэу къытхуишыжакъым абы. КъищынэмыщIауэ, мыри къэлъытапхъэщ: адыгэхэм я Iуэхур щымыщIагъуэм я хэку ирагъэтIысхьащ абыхэм, иджы нобэ къыщIэпхъуэжыну зыхуагъэфащэрэ? Абыхэм якъуэтыну Iэмал зиIэхэр иджыри щыIэщ Сирием, къэкIуэжыну хуейхэм зэрытлъэкIкIэ, дадоIэпыкъу. КъищынэмыщIауэ, ахэр къызэщIэпкъуэу къипшыжкIэ зэфIэкIыркъым, нобэ абыхэм яхэтщ лъэныкъуитIми щызауэхэр. Урысейм ахэр зэхигъэкIын хуейщ.

Хэхэс адыгэхэр хэкум къэшэжынымкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр дяпэкIэ къигъэсэбэпыну ДАХ-м?

— Дунейпсо Адыгэ Хасэм гуп (комитет) щхьэхуэ иIэщ ди лъэпкъэгъухэм хэкум къагъэзэжыным телажьэу. Дэ зыкъытхуэзыгъазэ псоми я Iуэхур нэхъ тыншу, псынщIэу зэрызэфIэдгъэкIыным иужь дитщ. Сэ нэгъабэ УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей сыщыхуэзам дызэпсэлъащ абы теухуауэ икIи къыддэIэпыкъуну дыкъигъэгугъащ. Иджырей щытыкIэр къапщтэмэ, хэкум къэзыгъэзэжыну хуейхэм зыри пэрыуэгъу яхуэмыхъуу къокIуэж. Ауэ, адрей къэралхэми ещхьу, абыхэм пщэрылъ зыкъом зэфIагъэкIын хуей мэхъу.

— Хьэутий, ДАХ-м и тхьэмадэм и къалэн нэхъыщхьэхэр зыхуэдэм укъытхутепсэлъыхьын?

— Псом япэрауэ, фIы сощIэ жыпIэурэ, зэран къызыпэкIуэн Iуэху умылэжьынырщ. ЕтIуанэрауэ, адыгэ лъэпкъым сыт и лъэ-                 ныкъуэкIи хуэщхьэпэнырщ,   абы и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэр хъумэнырщ, хамэ щIыпIэхэм щикъухьа ди къуэшхэр зэрыгъэщIэнырщ. Дэ иджыпсту къэрал куэдым пыщIэныгъэ яхудиIэщ, иджыри нэгъуэщIхэри ДАХ-м къыхэдгъэхьэну ди мурадщ.

Сэ быдэу си фIэщ мэхъу: ДАХ-м и Iуэху щыдэкIынур   Урысейращ   икIи зи хэку исыж адыгэхэм зыми хуадэнукъым ди лъэпкъыр хамэ Iуэху фIейхэм щхьэкIэ къагъэсэбэпу.

Епсэлъар  Iэшэ  Мадинэщ.

Related posts

Leave a Comment