Новости

Лъэпкъым и къэкIуэнум девгъэгупсыс

 

Кавказ  Хасэхэм  я  Федерацэм  и  унафэщIымрэ   а  зэгухьэныгъэм  и Советым  хэтхэмрэ  яхуэгъэзауэ

ПщIэ  зыхуэтщI  ди  лъэпкъэгъухэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ, КъэпщытакIуэ гупхэм хэтхэм я жагъуэ хъуащ КАФФЕД-м къикIыу къытIэрыхьа хъыбарыр – фи тхьэмадэ Асланкая (Хьэгъундокъуэ) Яшар Урысей Федерацэм къихьэныр пIалъэкIэ къызэрызэтрагъэувыIам пыщIа гугъуехьхэр зэфIэкIыху, Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэкужьым щригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм – пIалъэкIэ фыкъыхэмыхьэну унафэ къызэрыфщтар.

Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм сэбэпынагъ пымылъу икIи фIыуэ фемыгупсысауэ къыдолъытэ.

Дэ псом ди дежкIи гуапэкъым хамэ кърал щыпсэу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм и тхьэмадэр, ДАХ-м хэтыр, ди къэралым пIалъэкIэ къихьэну хуимыту Урысейм и къулыкъущIапIэ щхьэхуэхэм зэрагъэувар. Фэ фхуэдэ дыдэу дэри ядэтIыгъыркъым апхуэдэ унафэ зыщIахэм. Къэхъуа Iуэхум дропIейтей икIи ДАХ-м иIэ Iэмал псори къэдгъэсэбэпынущ ар зэхэдгъэкIын, дгъэзэкIуэжын папщIэ.

Фэ къывгуроIуэ зи гугъу тщIыр Iуэху къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр, гугъуехь зэрыпыщIар, зэмани зэрытекIуэдэнур.

ДАХ-р къызэрызэрагъэпэщрэ блэкIа илъэс 25-м апхуэ-дэ щIэщхъу куэд къэхъуащ, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ зэрызэрымыщIэм къыхэкIыу. Апхуэдэ дэнэ къэрали къыщохъу.

Фыщыгъуазэщ нэхъапэми абы ещхь къиин ди лъэпкъэгъу языныкъуэхэм къалъыкъуэкIауэ зэрыщы-там (Юнал Мухьиттин, Джандемыр Джихьан, Озмен Орхьэн, Гюль Дженгиз). ДАХ-ми КъБР-ми я унафэщIхэм сыт щыгъуи гулъытэ хэха хуащI апхуэдэ Iуэхур зэхэгъэкIыным, ди къуэшхэр гугъуехьыншэу Хэкум къихьэжыныр къызэгъэпэщыным. Иджыри фи фIэщ фщIы Хьэгъундокъуэ Яшар къылъыкъуэкIам дызэрыхэлIыфIыхьынур.

Ди гугъэщ, фэри нэхъ куууэ фегупсысу Iуэхум фыбгъэдыхьэну, ДАХ-р адыгэ псори зэзыгъэуIу зэгухьэныгъэшхуэу зэрыщытыр къэфлъытэу.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Iуэху зыIутыр фэри фощIэ. Абы жагъуэгъу и куэдщ, и лъэр щIэзыудыну зи мурадхэри мащIэкъым.

Ари, Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ я политикэ, экономикэ зэхущытыкIэхэри къэтлъытэу, дэ псори набдзэгубдзаплъэу иужь дитын хуейщ дызыIууэ лъэпощхьэпохэр зэгъусэу къызэднэкIыным.

Дунейпсо Адыгэ Хасэр сыт щыгъуи дгъэлъэпIэну, тхъумэну ди къалэнщ, абы пIалъэкIэ и унафэщIымрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэмрэ емылъытауэ. Адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнуращ дызэгупсысыпхъэр!

Сэ си щхьэкIэ сыхьэзырщ хэти сыхуэзэну, уеблэмэ ДАХ-м иджыпсту и Iуэху зыIутым теухуауэ зэман гъунэгъум зэIущIэ езгъэкIуэкIыну сыарэзыщ адыгэм нэхъ Iулыдж зиIэу и лIы щыпкъэхэр, ДАХ-м и къежьапIэм щытахэр, абы и унафэщIу лэжьахэр, и Iуэху зезыхьахэр хэту.

 ПщIэ къыфхуэзыщI СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Related posts

Leave a Comment