Новости

Иорданым щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и деж

 

ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъап1эхэ!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи ину фIыщIэ  худощIыр  Къардэн Самир,  абы и гъуса  Хасащхьэ гупым Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгьэм илъэс куэд лъандэрэ жыджэру зэрыхэтам папщIэ.

Къардэн Самир и псэ емыблэжу,  адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд илэжьащ икIи ноби елэжь. Самир Иордание къэралыгъуэм и пащхьэм щиIэщ фIыщIэ, лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэнымкIэ  лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. ДяпэкIи фыщыпсэу къэралым и пщIэр иIыгъыну, фыкъызыхэкIа лъэпкъым и хабзэр, и щэнхабзэр ихъумэну, хэкурысхэмрэ  хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хилъхьэ гуащIэдэкIыр нэхъ ин хъуну, ехъулIэныгъэшхуэхэр иIэну, и лэжьыгъэм и хъер илъагъуну Тхьэм жиIэ!

Иджыблагъэ Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу хэфха Жамбэч Зухьдии, Хасащхьэ гупми  ди гуапэу дохъуэхъу.

Зухьди  зыпэрыува къулыкъум и мыхьэнэр лъагэщ икIи лъапIэщ.  Дэ абы дыщогугъ адыгэ лъэпкъ хабзэ дахэхэр, адыгэбзэр Иорданием щыхъумэным, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ куу икIи быдэ хъун папщIэ сыт щыгъуи гулъытэ хуищIыну, ипэкIэ игъэкIуэтэну. А къалэн мытыншым зэрыпэлъэщынур ди фIэщ мэхъу.

ДигукIи ди псэкIи дывохъуэхъу Хасащхьэм хэтхэм узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ,  гъуэгуанэ дахэ ин фиIэну.

ПщIэ къыфхуэзыщI,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзащIак1уэ гупым къыбгъэдэкIыу

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий

Налшык къалэ,

2017 гъэ, щIышылэм и 18

Related posts

Leave a Comment