Новости

Зэкъуэтыныгъэмрэ зэгуры1уэныгъэмрэ япэ ирагъэщ

Гъатхэпэм и 21-м  Черкесск къалэ щызэхэтащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Гъэзэщ1ак1уэ гупым и зэхуэсыр. Абы кърихьэл1ащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Адыгэ, Къэбрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Шапсыгъым щылажьэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ л1ык1уэхэмрэ. Зэ1ущ1эм кърагъэблэгъат КъШР-м и Правительствэм и Унафэщ1 Къардэн Мурат, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, адыгэ 1уэхум гурэ псэк1э хуэлажьэ нэгъуэщ1 1эщ1агъэл1хэри.

Къызэхуэса псоми ф1эхъус псалъэк1э захуигъэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий ик1и 1уэхур зэрек1уэк1ынур яубзыхури къызэдащтащ.

Пэублэ псалъэр иратащ КъШР-м и премьер-министр Къардэн Мурат. Абы жи1ащ дуней псом щикъухьа адыгэм дежк1э мыхьэнэшхуэ зи1э Хасэшхуэм и лэжьыгъэр я щ1ыналъэм зэрыщек1уэк1ыр и гуапэ зэрыхъур, кърахьэжьэ сыт хуэдэ 1уэхури тыншу, зэгуры1уэныгъэ хэлъу зэф1ахыну зэрыф1экъабылыр. «Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэн, зы зыщ1ыжын унафэхэр къыщащтэ, зэгуры1уэныгъэм, зыужьыныгъэм хуэлэжьэн лъэпкъыл1 куэд щызэрыщ1э зэгухьэныгъэу куэдрэ тхьэм щигъэ1э ДАХ-р. Нобэ Хасэм и тхьэмадэр пэжым тету, 1уэхум и хэк1ып1эф1хэр иубзыхуфу, нэгъуэщ1хэм жа1эр зэхихыу, игурэ и псэрэ етауэ адыгэ 1уэхум зэрелэжьым шэч къытесхьэркъым. Ф1ым уеджэмэщ ф1ыр къыщык1уэнури, сыт щыгъуи абы дытевгъэт, у1эбэм бгъуэтыр гъунэгъуращи, ди гъунэгъуу псэу лъэпкъхэм пщ1э яхуэдывгъэщ1, уи щхьэ 1уэху зепхуэжыфмэщ къепхьэжьэр щык1уэтэнури,  дызэгуры1уэу абы иужь дивгъэт», — жи1ащ Къардэным.

Хасащхьэм хэтхэр Сирием бэлыхь щыхэхуа ди лъэпкъэгъухэм я 1уэху зы1утымрэ хэкум къэ1эпхъуэжахэм я щы1эк1э-псэук1эмрэ къызэхуэсахэр щыгъуазэ щ1ыныр арати, СХьР-м щылажьэ Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ Гугу Акрэм псалъэ иратащ.

— Сирием адыгэхэр нэхъ зэгъэу1ауэ щыпсэууэ и1а  къуажэхэр зауэм и лъэхъэнэм зэрызэтракъутам фыщыгъуазэщ, Дамаск дэсхэрат зи 1уэху нэхъыф1ри, райониблым щыпсэууэ щытахэм ящыщу, къалащхьэм и зы хьэблэращ адыгэ щыпсэужыр. Адрейхэр зэбгрык1ащ. Дэ хуабжьу дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъуащ Урысейр, УФ-р мыхъуамэ Сириер щы1эжтэкъым. Ауэ ди лъэпкъэгъухэр хэкум къэ1эпхъуэжыным пыщ1а гугъуехьхэм ди 1уэхухэр къалъахъэ, ахэр къыхэщу дгъэхьэзыра тхыгъи къыздэтхьащи, зылъэгъэ1эсын хуейхэм я пащхьэ итлъхьапхъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэк1ыу, — къыхигъэщащ Гугум.

Сирием иджыпсту щыщы1э щытык1эм и гугъу щищ1ым, Акрэм жи1ащ адыгэ ц1ыху мин 25-м я унэхэр зэрызэтракъутар, ц1ыху мини 7 хуэдиз Тыркум, Иорданием, Урысейм, Европэм зэры1эпхъуар,  адыги 160-рэ зауэм зэрыхэк1уэдар, ц1ыхуи 108-рэ хьэпсым щ1эсу зэрыхуагъэфащэр, абыхэм ящыщ гуэрхэри хъыбарыншэу зэрык1уэдар.

Гугум игъэбелджылащ Дунейпсо зэгухьэныгъэу бэлыхь хэхуахэм ядэ1эпыкъухэм Сирием щылажьэ Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм дзыхь зэрыхуащ1ыр, ахъшэ, ерыскъы, хущхъуэ хуэдэхэм адыгэхэр зэи зэрыщымыщ1эр, абы и ф1ыщ1эк1э зауэр зэрыщ1идзэрэ дохутыр 1уэхутхьэбзэхэр зылъэмы1эсаи, мэжэл1аи, щыгъын хуэныкъуаи зэрахэмытыр.

Акрэм ДАХ-м и тхьэмадэм зэрызыхуигъэза лъэ1ухэм ящыщщ  Сирием къик1ыжхэм Урысейм и паспорт иратын папщ1э урысыбзэмк1э экзамен ятыныр къыпамубыду зэтраухуэфмэ еплъыну. «Зи хэкужь къэ1эпхъуэж ди лъэпкъэгъухэм урысыбзэмк1э экзаменыр къыпамубыдыныр захуагъэт, адыгэбзэр зэрыкъэралыбзэр къалъытэу», — дыщ1игъуащ къэпсалъэм.

КАФФЕД-м и л1ык1уэу Хасащхьэм и лэжьыгъэм хэта, Гъэзэщ1ак1уэ гупым щыщ Думэн 1умит Сирием маф1эр къызэрыщыхъейрэ Тыркум 1эпхъуахэм я псэук1эм тепсэлъыхьащ. Къэралыр зэрак1элъыплъым нэмыщ1, Тыркум 1эпхъуа адыгэхэм КАФФЕД-м куэдк1э защ1егъакъуэ. Абы к1уахэр нобэр къыздэсым псэуп1э хуэныкъуакъым, лэжьыгъэ пэрагъэувэ, пэжщ студентхэр университетхэм щ1эгъэт1ысхьэным гугъуехь нэхъ пыщ1ащ.

ДАХ-м и гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд КъБР-м къэ1эпхъуэжа ди лъэпкъэгъухэм республикэм хуищ1а гулъытэм щытепсэлъыхьым жи1ащ телемарафон ин зэрырагъэк1уэк1ар, абы къыхэк1а ахъшэр Сирием бэлыхь щыхэхуахэм зэры1эрагъэхьэжар, хэкум къэк1уэжахэм ц1ыхубэри хуабжьу зэрахуэнабдзэгубдзаплъэр, шхынрэ хьэпшыпк1э щ1эгъэкъуэнышхуэ зэрыхъур.

— Къэбэрдей-Балъкъэрым къэ1эпхъуэжахэм ящыщу унагъуэ 86-м къуажэхэм унэ къыщыхуащэхури дагъэт1ысхьэжащ. Языныкъуэ жылэхэм унагъуэ 20-м нэблагъэ дэсщ, хьэблэу зэхэсхэри мащ1экъым. Иджыри унагъуэ 14 санаторэхэм къыщ1энащи, абыхэми я 1уэху зэрахуэ.  Къыхэгъэщыпхъэщ сабий гъэсап1э, курыт школ, еджап1э нэхъыщхьэ к1уэн хуейхэм теухуауэ республикэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщек1уэк1ар, абык1э гукъеуэ зэрыщымы1эр. Иджыри унэ хуэныкъуэхэм папщ1э Налшык нэхъ пэжыжьэ къуажэхэм лъапсэ пщ1эншэу къыщезытыни щы1эхэщ, ауэ ди лъэпкъэгъухэр к1уэн ядэркъым къалэм пэжыжьэ, ущыпсэун папщ1э куэд зэращ1эжын хуей унэ-лъапсэхэм, — къыжи1ащ Хьэф1ыц1эм.

Мы 1уэхум теухуауэ Иорданием щы1э Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир къыхигъэщащ Сирием щыщ куэд нэхъ пасэу Иорданием зэры1эпхъуар, занщ1эу зыкъэзы1этыфар мылъку нэхъ зыбгъэдэлъхэр зэрыарар. «Мелуанит1ым нэблагъэ ц1ыху нэ1эпхъуащ Иорданием. Ахэр шэтырхэм щ1агъэт1ысхьащ. Абыхэм ящыщу унагъуэ 500-р адыгэти, ди 1э къызэрик1к1э дадэ1эпыкъуащ, унэхэм щ1эдгъэт1ысхьащ. Иджы  Сирием къик1ахэр ди деж щылэжьэну хуимыту, шэтырым щ1эсыну, къэралым ахъшэ яритыну  унафэ къащтащ. Абы нэхъ гугъуехь дыхидзащ, лэжьап1э къызыхуэдгъуэтахэри лэжьэну хуимыт хъуащ. Мы 1уэхум хэк1ып1э гуэр и1эн хуейщи, зэман гъунэгъум яубзыхуну дыпоплъэ. Нэхъыщхьэращи ди къуэшхэр зэи ди нэ1э щ1эк1ыркъым», — къыпищащ Самир.

Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгэ Республикэмрэ 1эпхъуа ди лъэпкъэгъухэм я 1уэху зэрыдэк1ым теухуауэ къэпсэлъащ ДАХ-м и вице-президент  Шэрджэс Мухьэмэд (КъШР),  Гъэзэщ1ак1уэ гупым хэт Мэшхуэф1 Нэждэт (АР), Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ К1эк1ыхъу Мэжид (Краснодар край) сымэ. Нэждэт къыхилъхьащ Урысейм и хэкуэгъуу къилъытэу бэлыхьыншэу къэралым къригъэхьэжхэм ятеухуа законхэр  Сирием къи1эпхъук1ыж адыгэхэми ехьэл1ауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейр. Ар апхуэдэу зэтраублэн папщ1э республикищми я 1этащхьэхэм зыхуагъэзэну, УФ-м и Президент Путин Владимир деж лъэ1у тхылъ ирагъэхьыну зэрыф1экъабылыр дыщ1игъуащ. Апхуэдэуи къыхигъэщащ Абхъаз Республикэм и унафэщ1хэм епсэлъауэ, ди къуэшхэр адэжь хэкум къэшэжынымк1э абыхэм я1э 1эмалхэр къэгъэсэбэпын зэрыхуейр.

Шэрджэс Мухьэмэд убгъуауэ тепсэлъыхьащ  адыгэ псэкупсэ щ1эиныр хъумэнымрэ щэнхабзэм зегъэужьынымк1э Хасэм иригъэк1уэк1 лэжьыгъэхэм. Мухьэмэд и псалъэхэм къыхэщащ, къызэхуэсахэми жа1ащ  адыгэ лъэпкъыр адрей псоми къащхьэщызыгъэк1 и бзэр, хабзэр, тхыдэр,  щэнхабзэр,  1уэры1уатэр хъумэныр, а хъугъуэф1ыгъуэхэм нэхъри зегъэужьыныр, къыдэк1уэтей щ1эблэм, щ1алэгъуалэм ябгъэдэлъхьэныр лъэпкъыр щы1эным, зиужьыным и 1эмалыф1у зэрыщытыр.

Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зы 1элыфбейм хуэк1уэнымк1э комитетым и лэжьыгъэхэм щытепсэлъыхьым Мэшхуэф1 Нэждэт жи1ащ:

— Адыгэ псоми зы литературэбзэ ди1эным и мыхьэнэмрэ зы тхыбзэм дыхуэк1уэн зэрыхуеймрэ къызыгурымы1уэ къытхэткъым. 1836 гъэм Нэгумэ Шорэ зэлэжьар зы грамматикэщ, 1925 гъэм Сихъу Сэфарбий жи1ауэ щытащ зы тхыбзэ дызэри1апхъэр, 1929 гъэм 1эщхьэмаф Даут итхащ, зы тхыбзэ димы1эмэ, адыгэр зы лъэпкъ дызэрымыхъуфынур. Иужьк1э бзэм елэжьа  Къумахуэ Мухьэдин, Урыс Хьэталий сыми къа1уэтащ а 1уэхум зэреплъыр. Иджы мыр дэ къедмыхьэжьэмэ, бзэ щ1эныгъэл1хэр къыхэдмышэмэ, зэпэ1эщ1э дыхъу зэпыту дыпсэунущ.

Нэждэт къыхигъэщащ  анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ Урысейм къыщащта унафэр адыгэбзэм ехьэл1ауэ зэрымылажьэр, Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э министерствэм а хабзэм пэщ1эуэхэр къыдигъэк1ыурэ лъэпкъ ц1ык1ухэм я бзэхэр щадж сыхьэт бжыгъэхэр курыт школхэм зэрыщигъэмащ1эр,  адыгэбзэр къэралыбзэу ягъэуварэ пэт, абы къик1 зэрыщымы1эр.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къыхигъэщащ щ1эныгъэл1хэри а 1уэхум епха нэгъуэщ1 1эщ1агъэл1хэри зэхуэсу зы 1элыфбей зэхалъхьэныр зэрыф1экъабылыр, ди щхьэ 1уэхум демыгугъужмэ, ди бзэр псоми зэхуэдэу къэдмыгъэсэбэпмэ, зы тхыбзэ димы1эмэ, абы лъэпощхьэпо куэд къызэрырик1уэнур.

А 1уэхум теухуауэ езым и еплъык1эр убзыхуауэ къигъэлъэгъуащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд.

— Ди бзэр иджыпсту зытет гъуэгум тетмэ, еф1эк1уэну ф1эк1а ек1эк1уэнукъым. Ауэ 1элыфбейр зэтхъуэк1ын щ1эддзэмэ, кърик1уэнур нэрылъагъущ – анэдэлъхубзэмк1э еджэ мащ1эри хьэрфыщ1эхэр зэгъэщ1эным иужь имыхьэу 1эщ1ыб ящ1ынущ.

Зы адыгэ литературэбзэ къэгъэщIыныр, IэлыфбеищIэ зэхэлъхьэныр, зы бзэм техьэныр хуабжьу  гугъущ. Мыр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм мыхъуну къалъытэ. Абы тегушхуэр а Iуэхум хэзымыщIыкI, бзэм иримылажьэхэрщ.

1963 гъэ лъандэрэ къокIуэкI мы псалъэмакъыр. Иджыри къыздэсым Iуэхур ипIэ щIимыкIар мыхъумыщIэу къыпэкIуэнур зэрынэхъыбэр арагъэнщ. Зы тхыбзэ уиIэн папщIэ, зы щIыналъэ узэдису щытыпхъэщ. Дэ ди республикэхэр щхьэхуэу мэпсэу, уеблэмэ Урысейм и федеральнэ щIыналъэ зэпэщхьэхуэщ дызэрысыр.

Диалект зыбжанэ зиIэ лъэпкъыр зым щыхуэкIуэкIэ IуэхугъуитIкIэ яубзыху: япэ ирагъэщыр нэхъыбэр зэрыпсалъэ бзэращ, етIуанэу зэплъыр нэхъ тыншращ. Абы тепщIыхьмэ, дэ дызыхуэкIуэн хуейр мелуан ныкъуэм ф1ыуэ щ1игъу къэбэрдеибзэращ, армыхъумэ мин 40-м яIурылъ бжьэдыгъубзэракъым. КIахэм я псэлъэкIэмрэ дэрэ  нэхъ дызэрызэтемыхуэр макъхэращ, дэ димыIэу макъ зыбжанэ хэтщ абыхэм я бзэм, кIахэми ямыIэу дэ диIэр хьэрфищ къудейщ. КъищынэмыщIауэ, Къэбэрдейм нэхъ зыщиужьащ адыгэбзэм, абыхэм нэгъуэщIыбзэхэм щыщу къагъэсэбэп псалъэ куэд дэ ди анэдэлъхубзэм къидгъэтIэсащ, тхэкIэри жыпхъэ гъэпсам тетщ, — къыхигъэщащ Мухьэмэд.

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ тхыдэдж Уэз Фат1имэ бзэм нобэ и1э щытык1эмрэ ар зыхуэк1уэнк1э хъунумрэ зэреплъыр утыку кърихьащ. «Адыгэр адрей лъэпкъхэм къазэрыщхьэщык1ыр и бзэращ, псоми я бзэр щ1ахъумэр, щ1ызрагъэужьыр лъэпкъыр псэун щхьэк1эщ. Дэри нэхъыбэр зытетым дривгъак1уэ. Сэ къызэрыслъытэмк1э, зы адыгэ литературэбзэ 1эмал имы1эу ди1эн хуейщ,  ет1уанэрауэ, республикэхэм я Правительствэхэм я деж лабораторэ щыухуэн хуейщ терминхэр щызэрадзэк1рэ бзэм къыхагъэхьэу. Ди бзэр ди гъащ1эм къык1эрыхуащ, ар абы лъэщ1ыхьэжын, дек1ун папщ1э абы елэжь гуп щы1эн хуейщ. Ещанэрауэ, щ1эблэм я анэдэлъхубзэр ящ1эу, пщ1э хуащ1у къыдэк1уэтеин папщ1э, школым и пэщ1эдзэ классхэр нэхъ мыхъуми и анэдэлъхубзэмк1э егъэджэн хуейщ», — жи1ащ Уэз Фат1имэ.

КАФФЕД-м и л1ык1уэу, Хасащхьэм хэту зэ1ущ1эм кърихьэл1а Гугъэжь Джихьэнрэ Думэн 1умитрэ тепсэлъыхьащ Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм  2014 гъэм иригъэк1уэк1а 1уэхухэм. Абыхэм жа1ащ илъэсыр адыгэм ехьэл1а 1уэхугъуэф1хэмк1э гъэнщ1ауэ КАФФЕД-м зэрыщек1уэк1ар, 1уэхугъуэ нэхъ ину Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ зэрыхъур Истамбыл къызэрыщызэрагъэпэщар, адыгэхэр зыхэта щ1эныгъэ зэ1ущ1э зыбжанэ зэрызэхашар. Апхуэдэуи къагъэлъэгъуащ мураду яубзыхуар куэд зэрыхъур, ДАХ-р я щ1эгъэкъуэну къалэнхэр зэрагъэзэщ1энум иужь зэритынур.

Иорданием щылажьэ Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и тхьэмадэ, Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и сенатор Къардэн Самир къыхигъэщащ я Хасэм хэтхэр зэгуры1уэу зэрызэдэлажьэр,  къэралыр сыт и лъэныкъуэк1и къазэрыдэ1эпыкъур. «Иорданием и унафэщ1хэр сыт щыгъуи къытхуэнабдзэгубдзаплъэщ, дэри апхуэдэ гулъытэр къыдгуро1уэри,  къэралым щызэрахьэ 1уэхухэм жыджэру дыхэтщ. Ди Хасэм лэжьыгъэу игъэхъар куэд дыдэ мэхъу, а псори дэфтэрым иту ди1эщи, сытепсэлъыхьынкъым. Ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейт дуней псор зэлъигъэ1эсауэ дахэу лажьэу къежьа  «Нарт ТВ»-р зэхуащ1ыжыным нэсати, Адыгэ Ф1ыщ1э Хасэм и  нэ1э зэрыщ1игъэувар, дяпэк1э нэхъ лъэщу дгъэлэжьэну дызэримырадыр. Ик1и ди гуращэщ адыгэ хэгъуэгухэм запытщ1эу къэттыну нэтынхэмк1э, хэкужьым щек1уэк1 гъащ1эр къызыхэщхэмк1э къыддэгуэшэну делъэ1уну», — жи1ащ Самир.

Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 151-рэ зэрырикъур накъыгъэм и 21-м зэрырагъэк1уэк1ынум, а махуэм ехьэл1ауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыщызэрагъэпэщынухэм зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд.

— Нэгъабэ ещхьу 1эта дыдэу зэхэдмышэми, гъэ къэси хуэдэу, Налшык щыгъуэ пэк1у щызэхэтынущ,  къалэхэм, районхэм, къуажэхэм 1уэху дахэхэр,  курыт школхэм, еджап1э нэхъыщхьэхэм дерс купщ1аф1эхэр къыщызэрагъэпэщынущ, — пищащ Мухьэмэд. – А псори къыщыгъэлъэгъуа, 1уэхугъуэ 19 Къэбэрдей Адыгэ Хасэм зэхилъхьащи, ДАХ-мрэ республикэ унафэщ1хэмрэ ди щ1эгъэкъуэну зэф1эдгъэк1ыну ди мурадщ.

А 1уэхум теухуауэ адрей республикэхэм щек1уэк1ынухэм тепсэлъыхьащ л1ык1уэхэр.

Адыгэхэм я дунейпсо махуэр 2015 гъэм фок1адэм и 20-м Урысей Федерацэмрэ адыгэ щыпсэу нэгъуэщ1 къэралхэмрэ щыгъэлъэп1эным и 1уэхук1э зэпсэлъащ къызэхуэсахэр. Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэдрэ жа1ащ а 1уэху дахэм дяпэк1и зрагъэужьу, ц1ыху нэхъыбэ хэту, гуф1эгъуэр зы1эт къафэри, хъуэхъури, джэгури щызэхэухуэнауэ егъэк1уэк1ын зэрыхуейр. Ар хамэ къэрал щыпсэухэми къызэрыда1ыгъыр, адыгэм и гуф1эгъуэ махуэр нэхъыжьхэм я гурыф1ыгъуэ, нэхъыщ1эхэм я щхьэр езыгъэ1эту зэхэшэныр зэрысэбэпышхуэр къыхагъэщащ.

ДАХ-м и Хасащхьэм хэтхэр зэчэнджэщащ я еплъык1эхэр къагъэлъэгъуащ, унафэ пыухык1ахэр къащтащ ДАХ-м и X Зэхуэсышхуэр зэрек1уэк1ынум, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хабзэм (Уставым) халъхьэну зэхъуэк1ыныгъэхэм теухуауэ.

Нэщ1эпыджэ Замирэ.

Налшык-Черкесск.

 

Related posts

Leave a Comment