Новости

ДАХ-м и лIыкIуэхэр Тыркум щыIащ

Iуащхьэрэ Iуащхьэрэ зэхуэзэркъым, цIыхурэ цIыхурэ зэхуозэ, зэхуэзэр зэрощIэ, зэрыщIэр зэдощI, зэдэщI гуащIафIэщ.

Къэрал зыбжанэм 1уэху щызэф1агъэк1ыну ежьа гупыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я ц1ыхубэ тхак1уэ, АР-м и Тхак1уэхэм я зэгухьэныгъэм и 1этащхьэ Мэшбащ1э Исхьэкъ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд сымэ япэу здэк1уар адыгэ нэхъыбэ щыпсэу Тырку къэралыгъуэращ. Гупыр япэу  КАФФЕД-м и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Къылыш (Джатэ) Метин и унагъуэм ихьащ (Бурсэ къалэ), абы и щхьэгъусэ – абхъаз бзылъхугъэ – Ферданерэ и къуэ Нартанрэ щ1эпхъаджащ1эхэм зэра1эщ1эк1уэдам щхьэк1э хуэгузэвэну.  Хьэщ1эхэм я гъусащ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар,  ДАХ-м и Хасащхьэм хэт Къущхьэ Догъэн, Бурсэ щылажьэ Адыгэ Щэнхабзэ Хасэм и  тхьэмадэ Тургут Левент сымэ.

ДАХ-м и лIыкIуэхэм адэк1э я гъуэгум къыпащэу Анкара к1уащ.  КАФФЕД-м къызэригъэпэща зэхуэсым Хасэ 42-м я тхьэмадэхэр, я лIыкIуэхэр къекIуэлIат. Апхуэдэуи абы хэтащ Европэм щыIэ Кавказ Хасэхэм я Зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, Гермнаием  къикIа ДыщэкI Эртан.

Къызэхуэсахэм я гуапэу ирагъэблэгъащ хьэщIэхэр. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар.

ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэр щратым,  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэщ1хэм я сэлам гуапэр хэхэсхэм ярихыжащ, адыгэ лъэпкъым ХIХ-нэ лIэщIыгъуэм и щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэр, абы и ягъэкIэ дуней псом щикъухьа дызэрыхъуар  зэи зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунум к1эщ1у къытеувы1ащ. Лъэпкъыр щыгъуэ къудейкIэ зэрымыпсэуфынур, щыгушхуэн, щыгуфIэн махуи зэрыхуэныкъуэр, лъэпкъ псоми апхуэдэ махуэ зэраIэр, адыгэм ар иджыри къэс зэримыгъэувыфар жи1ащ абы. «ДАХ-м и Хасащхьэм ар къилъытэри, нэгъабэ къыщыщIэдзауэ фокIадэм и 20-р Адыгэхэм я дунейпсо  махуэу дгъэнэхуащ, ар ди республикэ унафэщ1ми къыдди1ыгъри, унафи къищтащ. Нэгъабэ 1уэхур дахэу ек1уэк1ащ, мы гъэм нэхъ 1этауэ дгъэлъэп1эну ди мурадщи, ди къуэш хэхэс адыгэ куэди недгъэблэгъэнущ», — къыпищащ Сэхъурокъуэм.

 Апхуэдэу тхьэмадэр  тепсэлъыхьащ  ДАХ-р иужьрей илъэсищым зэлэжьахэм, бзэр, хабзэр хъумэн, зегъэужьын зэрыхуейм, Сирием къыщыхъуа тхьэмыщкIагъэм кърихужьэжа ди къуэшхэр Тыркум, Иорданием зэры1эпхъуам, Хэкум къэк1уэжахэм зэрадэIэпыкъуам, нэгъуэщ1хэми.  Абы къыхигъэщахэм ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и зэранк1э, цIыхущхьэ бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуами, дуней псом дытекъухьами, дызэкъуэтмэ, дызэрыIыгъмэ — абы фIыгъуэ куэд къызэрытхуихьынур.

 Адэк1э псалъэм къыпищащ гупым нэхъыжьыф1у яхэт, тхак1уэ ц1эры1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ:

— Куэд къэзгъэщIащ сэ, ауэ сынасыпыфIэрэ сынасыпыншэрэ иджыри схузэхэгъэк1акъым, — жи1ащ абы. – Япэрауэ, сынасыпыншэщ. Сыту жыпIэмэ, сыщIалэ цIыкIуу ибэу сыкъэнат, сызып1ыжар си нанэти, зы махуэ гуэрым сриджэри: «Модэ, мо щхьэгъубжэри мо бжэри хуэщIи, къакIуи мыбдеж къэтIыс», —  жиIащ. Бжэ-щхьэгъубжэр хуэсщIри, сет1ысэхащ. Нанэ и пшынэр къищтэри, «Истамбылак1уэ» гъыбзэм сригъэдэIуат езым жиIэурэ. ТIуми ди нэпсхэр къелъэлъэхт. Абдеж щызыхэсщIат адыгэм ди щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэр зыхуэдэр, ар зэрыгуауэшхуэр, икIи насыпыншэу зыслъагъужат. Абы къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъым къытехуа хьэзабым и лъэужьыр къэсхутэу есхьэк1ащ си гъащIэр.

Лъэпкъ куэдым я лейуэ адыгэм ди щхьэ кърик1уа гузэвэгъуэшхуэм романитху зэрытриухуар жиIащ абы, нэхъ иужьу и 1эдакъэ къыщ1эк1а романыр, «Хэхэсхэр» зыфIищар, иджыблагъэ зэриухари  дыщ1игъуащ.  Мэшбащ1эм насыпыф1эу зыщ1ибжыжхэм ящыщщ ди лъэпкъыр къэушауэ, зэдэIуэжу, зэчэнджэщу, акъыл зэхэлъкIэ ди Iуэхухэм щIэгупсысу, елэжьу иужьрей зэманым елъагъури.

— Хэхэс адыгэхэм сазэрыдэлажьэрэ илъэс 50-м нэблэгъащ, — жи1ащ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд и псалъэхэм я пэублэу. – Дуней псом щикъухьа адыгэхэм ящыщу зыгуэр зыхузэфIэкIауэ сымыцIыху, сызыщымыгъуазэ щы1эу къыщIэкIынкъым. Дэ нобэ ди цIыху бжыгъэр мащIэ щхьэкIэ, лъэпкъ цIыкIуу зытлъагъуж хъунукъым. Сыт хуэдиз цIыхушхуэ къытхэкIа — къэрал Iуэху зэзыхьи, сурэтыщIи, тхакIуи, усакIуи, бэнакIуи… Псалъэм къыдэк1уэу жып1эмэ, хьэрып къэрал 22-м Дунейпсо Олимп Джэгухэм  япэ увыпIэр къыщахьауэ  цIыхуи 3 къудей я1эу аращ,  дэ апхуэдэ тек1уэныгъэ зы1эрызыгъэхьауэ цIыхуи 8 диIэщ. ДызэрыIыгъыу, дызэкъуэту щытмэ, куэд тхузэфIэкIынущ. Зэи дигу дгъэкIуэд хъунукъым, щIэдгъэкIуэдыни щыIэкъым.

ХьэщIэхэр псэлъа нэужь, зэ1ущ1эр упщIэ-жэуапым хуэкIуащ. УпщIэхэр нэхъыбэу теухуауэ щытащ ДАХ-м и лэжьыгъэм,  УФ-р зи хэкуу къэзылъытэхэм къэрал гулъытэ зэрамы1эм, дуней псом щикъухьа адыгэхэр Урысейм и ц1ыхуу къызэримыбжым, абы и лъэныкъуэк1э ДАХ-ми зэрыхузэф1эмык11ам, хэхэс адыгэхэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм куэдк1э зэрыщыгугъым, нэгъуэщ1хэми.

ДАХ-м и л1ык1уэхэм хьэщ1агъэ ирахыу ирагъэжьэжа нэужь, КАФФЕД-м хэтхэр я къалэн иужь ихьэжащ ик1и фок1адэм Налшык щек1уэк1ыну X Зэхуэсышхуэм  к1уэнухэр ягъэнэхуащ, къыща1этыну упщ1эхэри зэпкърахащ.

Хъуажь Фахъри,

Анкара къалэ.

Related posts

Leave a Comment