Новости

Лъэпкъ дамыгъэр ягъэлъапIэ

 

Къэбэрдей-Балъкъэ­рым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгэ республикэхэм, ди лъэпкъэгъухэр зэуIуу щыпсэу къэрал 50-м щIигъум мэлыжьыхьым и 25-м адыгэ ныпым и махуэр   щагъэлъапIэ. Дэрэжэгъуэ ин къуимыту къанэркъым илъэс къэс лъэпкъ бэракъым и жьауэм къыщIэувэ щIалэгъуалэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэм, ахэр къызыхэкIам я тхыдэм дихьэх зэрыхъуам. Адыгэу зыкъэзылъытэж дэтхэнэ унагъуэми я сыт хуэдэ зэхыхьэми ныпыр щаIэт хъуащ.

 Абхъазым и утыкум дыгъуасэ щызэхуэсат адыгэ ныпыр лъагэу Iэтауэ зыIыгъ щIалэгъуалэ миным нэблагъэ. Вагъуэ пщыкIутIымрэ шабзищымрэ зытет бэракъ удзыфэр къащхьэщыту Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэхэр автомаши­нэкIэ къызэхэзыжыхьыну гъуэ­гу теувэну щIалэхэр ирагъэжьащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент, Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэХьэфIыцIэ Му­хьэмэд, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI ­Къуэжей Артём, Къэбэрдей-Балъкъэрым Граждан жылагъуэ институтхэм ядэ­лэ­жьэнымрэ лъэпкъ Iуэ­хухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор сымэ, нэгъуэщIхэми.

ЗекIуэм хэтыну къызэхуэсахэм адыгэ ныпым и къе­жьапIэр кIэщIу яхуиIуэтэжащ ар Iэтауэ ягъэлъэпIэныр къыхэзылъхьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къы­хигъэщащ къы­дэ­кIуэтей щIэб­лэ­щIэм лъэп­къым и къекIуэ­кIыкIам ­куууэ зы­ща­гъэ­гъуэ­зэну зэ­ры­хущIэкъур зэригуа­пэр.

— Си къуэшхэ, шынэхъыщIэхэ! Нобэ догъэлъапIэ ди лъэпкъым и дамыгъэ нэхъыщхьэр – абы и ныпыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэхэр зэщIэвгъэхьэну гъуэгу фытеувэну мурад фщIащи, Тхьэм къывигъэхъулIэ. Ди лъэпкъ дахэм и Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуэтэн, къэзыгъэщIэрэщIэжын фыхуэхъуну ди гуапэщ. Гъуэгу махуэ! – иригъэжьащ къызэхуэсахэр ХьэфIыцIэм.

Автомашинэ 200-м щIигъу зыхэта зекIуэм къызэпачащ Налшык – Шэджэм – Дыгулыбгъуей – Бахъсэн – Къэсейхьэблэ – Алътуд – Май къалэ – Прохладнэ – Джулат – Арыкъ – Тэрч – Александровскэ – Арщыдан – Старэ Шэрэдж – Шэрэдж Ищхъэрэ – Къэхъун – Нарткъалэ – Аруан – Нартан – Налшык гъуэгуанэр.

ЗекIуэ щыIахэр Абхъазым и утыкум къыщрагъэблэгъэжащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зи пашэ гупым. Абыхэм фIыщIэ хуащIащ пэкIум кърихьэлIа дэтхэнэми, и лъэпкъым и махуэшхуэр игъэлъэпIэну къызэре­кIуэлIам папщIэ. Сэхъурокъуэр хъуэ­хъуащ ныпым и пщIэр зыIыгъыфын, адыгэр дыпсэуху абы и жьауэм щIэтын лъэпкъыу дыщытыну.

«Ныпыр ди лъэпкъым и набдзэщ. Ар нобэ екIуу къезыхьэкIа ди щIалэхэм фIыщIэ ин фхуэфащэщ. Дэтхэнэ лъэпкъми ныпми я тхыдэ яIэжщ, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ ди ныпым и тхыдэр ди лъэпкъ тхыдэм и лъабжьэм нэскъым. Тхыдэм и зэманкIэ уеплъмэ, адыгэ ныпыр щIалэ дыдэщ. Ди ныпыр мыкIуэдыжын Тхьэм ищI. Сыныво­хъуэхъу мыпхуэдэ Iуэху дахэхэмкIэ куэдрэ иджыри дызэ­хуэзэну», – захуигъэзащ Сэхъу­рокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм.

ГуфIэгъуэ пшыхьым кърихьэлIахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтымрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ я лэжьакIуэ, Тыркум къикIыжа адыгэхэм ящыщ Хъуажь Фахъри.

     — Ди къуэш бланэхэ! Ди шыпхъу дахэхэ! Адыгэ ныпым и махуэр тхуэугъурлын Тхьэм ищI. Си гуапэщ ди ныпым зэщIигъэуIуа мыпхуэдиз щIалэгъуалэ слъагъуну. Адыгэ ныпым фыхуэфащэу, сыт хуэдэ IэнатIэм фыпэрымыувэми, пашэхэм фащыщу фыщытыну сыныволъэIу, – къыхигъэщащ и псалъэм Хъуажьым.

Апхуэдэу Адыгэ ныпым и махуэм и щIыхькIэ къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ Эверест дэкIа, ди лъэпкъым и ныпыр абы и щыгум дэзыха Мэз Каринэ, Iуащхьэмахуэ щэм щIигъурэ дэкIа Шыбзыхъуэ Къазбэч сымэ.

     — Мы гъэм илъэситху ирокъу дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэ Эверест къуршым и щыгум адыгэ бэракъыр зэрыщызгъэуврэ. Нобэ хуэдэ махуэ куэд ди лъэпкъым игъэлъэпIэну сохъуахъуэ, – жиIащ Мэз Каринэ.

     ГуфIэгъуэ махуэшхуэм и пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Хьэкъул Оксанэ, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Бэч Азэмэт, Мэремыкъуэ Резуан, къэфакIуэ ныбжьыщIэ Къалмыкъ Тамерлан сымэ, нэгъуэщIхэми. Адыгэ ныпым и махуэм иращIэкIа концертыр -джэгу дахэкIэ зэхуащIыжащ.

     Пшапэр зэхэуа нэужь, шэху уэздыгъэм къыхэщIыкIа адыгэ ныпыр лыдыжу пагъэнащ.

ЖЫЛАСЭ Замир.

Сурэтхэр  Къарей

Related posts

Leave a Comment