Хамэ къэралхэм щыщ адыгэ ныбжьыщIэхэм Налшык зыщагъэпсэху
Иджыблагъэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм щекIуэкIащ зэIущIэ дахэ. Тыркум, Израилым, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм и Мэздэгу районым щыщ адыгэ ныбжьыщIэхэм яIущIащ дирижёр цIэрыIуэхэу Темыркъанхэ Борисрэ Юрийрэ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и Iэтащхьэ КIурашын Анзор сымэ жаIащ ныбжьыщIэхэр адэжь щIыналъэм зыщагъэпсэхуну къазэрыхуеблэгъар зэрагуапэр, анэдэлъхубзэр, адыгэ щэнхабзэр зрагъэщIэну, адэжь щ1ыналъэр фIыуэ ялъэгъуну зэрыщыгугъыр.
Темыркъан зэкъуэшхэри гуапэу ныбжьыщIэхэм епсэлъащ икIи ахэр къыхураджащ дяпэкIи нэхъыбэрэ Хэкум къэк1уэну, ди къэралым и тхыдэр, ди лъэпкъ хабзэхэр нэхъ кууэ зырагъащIэну.