Новости

Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд мэлыжьыхьым и 10, 14-хэм иригъэкIуэкIащ Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным пыщIа дауэдапщэхэр къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъ гупым хэтхэм я зэIущIэхэр.

 Зэхуэсым кърихьэлIащ а Iуэхур нэхъ зэгъэщIылIахэу Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Алэкъей Арсен, КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэм и унафэщI  Джаппуев   Юрий,  Дунейпсо Адыгэ Хасэм и президент Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий, Къэбэрдей лъэпкъ конгрессым и унафэщI Бещто Аслъэн сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм къыхагъэщащ махуэшхуэм и купщIэр щIэблэм зыхегъэщIэн, дэтхэнэ лъэпкъми къэралыгъуэми я дежкIэ ныпым пщIэшхуэ зэриIэр абыхэм къагурыIуэу щытын зэрыхуейр икIи цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэнымкIи апхуэдэ гуфIэгъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

А махуэм ехьэлIауэ екIуэкIыну яубзыхуахэм щхьэхуэ-щхьэхуэу щытепсэлъыхьащ зэхуэсым икIи дэтхэнэ Iуэхугъуэри зи нэIэ щIэтынухэри щагъэбелджылащ абы.

Мэлыжьыхьым и 24-м КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахынущ Адыгэ ныпым и махуэм хуэгъэпса гъэлъэгъуэныгъэ.

Мэлыжьыхьым и 25-м сыхьэт 11-м Налшык Абхъазым и цIэр зезыхьэ и утым автомобилхэмкIэ щежьэнурэ ди лъэпкъ ныпыр ящхьэщыхуарзэу республикэм и щIыналъэ псори зэщIагъэхьэнущ. Ахэр ирикIуэнущ Налшык – Нартан – Аруан – Нарткъалэ – Къэхъун – Шэрэдж Ищхъэрэ – Старэ Шэрэдж – Арщыдан – Александровскэ – Тэрч – Арыкъ – Опытнэ – Алътуд – Бахъсэнёнкэ – Бахъсэн – Дыгулыбгъуей – Шэджэм – Щхьэлыкъуэ – Кэнжэ – Налшык гъуэгуанэм. Автомобиль зекIуэр сыхьэт 17-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну траухуащ.

Апхуэдэу сыхьэт 14-м щыщIэдзауэ 17 хъуху Абхъазым и утым «Джэгурыгу» сабий джэгухэр щекIуэкIынущ. А зэман дыдэм ирихьэлIэу а щIыпIэм деж IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щащэ гъэлъэгъуэныгъэ щызэхэтынущ. Адыгэ джэгур зэхашэнущ сыхьэт 17-м. Пшапэр зэхэуа нэужь, шэху уэздыгъэхэр къагъэсэбэпынурэ, адыгэ лъэпкъ 12-м я вагъуэ зырызрэ шабзищ зэблэдзахэмрэ зыхэдыкIа ди лъэпкъ ныпыр «къызэщIэблэнущ», абы тет псори IупщIу хэплъагъукIыу.

Адыгэ ныпым и махуэр республикэм и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIэнущ.

 Тхьэхущынэ  Ланэ.

 «Адыгэ псалъэ».

Related posts

Leave a Comment