Новости

Лъэпкъым апхуэдэ гузэвэгъуэ тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я Федерацэу

Тыркум щы1эм (KAF-FED) и Тхьэмадэ,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт

Асланкая Яшар деж

 

Ныбжьэгъу лъапIэхэ!

 

Нобэ адыгэу Тыркум исхэр  мэщыгъуэ Кавказ зауэжьым хэкIуэда ди адэжьхэм папщIэ. Зэман жыжьэм ди лъэпкъыр зыхэта гуауэр дигу къыщыдгъэкIыжкIэ, илъэси 100-м щIигъукIэ екIуэкIа зауэжьым насыпыншагъэу къытхуздихьам дегъэгумэщI.

Дэ   дигу щIохьэ а зауэжьым зи щхьэр хэзылъхьахэм нэмыщI, къэнам я нэхъыбэр хэкум зэрырахуар.

Ауэ адыгэр дуней псом тепхъа хъуами, абы къару къызэкъуихыфащ и щхьэр, и лъэпкъ хьэл-щэнхэр, и бзэр, и хабзэр ихъумэжыну.

БлэкIар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, тхыдэм дерс къыхэтхкIэрэщ ди къэкIуэнур убзыхуа зэрыхъунур,

Дэтхэнэ зыри къыхузоджэ блэкIам къытхуихьа гуныкъуэгъуэр зыщыдмыгъэгъупщэу нобэ къыдэкIуэтей щIалэгъуалэр лъэпкъым хуэпэжу дгъэсэну.

Нобэ Кефкен щевгъэк1уэк1 адыгэхэм я щыгъуэ махуэр  лъэпкъым тхуэщхьэпэн тхьэм ищ1, ди сэбэп хэлъу тхьэм къыщ1игъэк1.

Лъэпкъым апхуэдэ гузэвэгъуэ  тхьэм зэи димыгъэлъагъу!

 

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

Сэхъурокъуэ Хьэутий

 

Related posts

Leave a Comment