Информация

Адыгэ ныпым и махуэр ягъэлъапIэ

Дыгъуасэ республикэм щекIуэкIащ Адыгэ ныпым и махуэшхуэм  теухуа Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абыхэм я пэщIэдзэу, Налшык къалэ, Абхъазым и утым, сыхьэт 11-м щызэхуэсащ икIи гъуэгуанэ трагъэуващ адыгэ щIалэгъуалэр.

 

Шууейхэмрэ машинэ 200-м щIигъурэ республикэр къызэхакIухьыну зекIуэ ежьэным и пэ къихуэу, къекIуэлIахэм ехъуэхъуащ, фIыщIэ хуащIащ Къэбэрдей Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, КъБР-м щыIэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид сымэ.

Нэхъыжьхэр зекIуэ ежьэ щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ гъуэгу махуэ техьэну, узыншэу къекIуэлIэжыну, адыгэ ныпыр ягъэлъапIэу дяпэкIи куэдрэ зэхыхьэну.

— Дунейм зы нып дахэ тетмэ, етIуанэр ди адыгэ ныпращи, абы дыхуэфащэу Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу! Гъуэгу фызытехьэр гъуэгум я нэхъ дахэ ухъу! Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ къабгъэдэкIыу лъэпкъым сынывохъуэхъу, – жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

Фырэ  Анфисэ.

 

Лъэпкъым  и  напэ

Адыгэ ныпым и махуэр дыгъуасэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Лъэпкъ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шууейхэмрэ шабзищымрэ вагъуэ пщыкIутIымрэ зыхэдыкIа адыгэ нып щхъуантIэхэмрэ Налшык къалэр махуэ псом ягъэдэхащ.

 

Абхъазым и утым пщыхьэщхьэм къекIуэлIа щIалэгъуалэмрэ нэхъыжьхэмрэ щIэдэIуащ «Бзабзэ» джэгуакIуэ гупым я къафэжьхэмрэ макъамэхэм-рэ. «Адыгэ унэ» тыкуэныр зей, Тыркум илъэс 40-кIэ щыпсэуауэ Хэкужьым къэзыгъэзэжа IутIыж Мэжид Адыгэ ныпым и махуэмкIэ къызэхуэсахэм щехъуэхъум, къыхигъэщащ лъэпкъым и дамыгъэ лъапIэу, абы и напэу ныпыр зэрыщытыр. «Шэч хэмылъу, адыгэ ныпыр тхъумэн, дыхуэсакъын хуейщ. 1830 гъэм адыгэм и бэракъыр къыщыунэхуауэ щыта щIыпIэм ди щIалэгъуалэр нобэ щыIащ, ныпхэр ядэхуарзэу. Ар плъагъуну гухэхъуэщ. Адыгэу дунейм тет псори, дэтхэнэ лIакъуэри зы дызыщIу диIэ адыгэ ныпыр дымыхъу-мэу хъунукъым, и мыхьэнэри зыхэдмыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым», – жиIащ IутIыж Мэжид.

ЩIалэгъуалэм я мызакъуэу, Абхъазым и утым уащыхуэзэрт адыгэ ныпыр зыIыгъ нэхъыжьыфIхэми. Апхуэдэу махуэшхуэм хэтыну зыкъригъэхьэлIат ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къикIа Джазэ Хъусен. «Пщэдджыжьым Налшык къалэ дыкъакIуэри, адыгэ ныпыр ди республикэм и щIыналъэхэм къыщезыхьэкIыну щIалэхэр гъуэгу тедгъэуващ. Акъыл, насып, узыншагъэ ди лъэпкъым къыхудэкIуэну нобэ дохъуахъуэ. ЩIалэгъуалэ дахэ, губзыгъэ диIэщ, нэхъыщхьэращи, адыгэгу зэраIэр ядыболъагъу. Ар нобэ нэхъри зыхэтщIащи, дымыгушхуауэ схужыIэнукъым. Пэжыр жыпIэмэ, куэдкIэ нэхъ сфIэкъабылт нэхъыжьхэр нэхъыбэу мыпхуэдэ Iуэхухэм къыхыхьэныр. Дауэ хъуми, нэхъыжьым и ущие псалъэ нэхъыбэрэ зэхахыху, щIэблэми зыхилъхьэнур сэбэп зыпылъырщ. Сыт хуэдиз зэман дэкIами, ди Къэбэрдейр сыт щыгъуи щIэращIэу щытыну дыщогугъ», – къыхигъэщащ Джазэ Хъусен.

Жэмтхьэлэ къуажэм къикIа, мыгувэу илъэс пщIейр зыгъэлъэпIэну Тхьэгъэлэдж Владимири Iуэхум теухуауэ жиIэн иIэт. «Си гъащIэм къриубыдэу нобэ хуэдэ дуней дахэ слъэгъуакъым. Къэрал унафэщIхэм гулъытэ къыхуащIу мыпхуэдэу щIалэгъуалэр зэрызэхагъэхьэм щхьэкIи дахуэарэзыщ. Фочгъауэ макъ зэхэдмыхыну, зэгурыIуэ-зэдэIуэжу ди лъэпкъыр псэуну ди гуапэщ. Адыгэм и хабзэри и дамыгъэхэри щIыхь пылъу зэрызэрахьэм уи гур хегъахъуэ. Нэхъыжьым нэхъыщIэр иущийуэ, хъыбарыжьхэр я жьэгум щыжаIэу, тшхынрэ щыттIэгъэнрэ дгъуэту Тхьэм дигъэпсэу! Лъэпкъри къэралри ефIакIуэу, утыку напэ къабзэкIэ дихьэфу, пэжагъ тхэ-лъу, дызэкIэлъыкIуэрэ дызэрылъагъуу щытыну арат дызыхуейр», – жиIащ нэхъыжьым.

Адыгэ ныпым и махуэр зыгъэлъэпIахэм яхэта Ардавэхэ Руслан (Къаншыуей къуажэ) и гупсысэмкIэ къыщыддэгуашэм къыхигъэщащ щIалэгъуалэм адыгагъэм, лъэпкъ хабзэхэм я гупэр зэрыхуагъэзэжар зэрынэрылъагъур. «Адыгэ ныпыр лъагэу тIэту, нобэ Налшык къалэм Лениным и уэрамым дытету дыкъыдэкIуеящ. ЩIалэгъуалэм я лъэпкъ фащэхэр къащтэж хъуащ, хуэфэщэн хабзэри абы щIыгъужын хуейщи, зекIуэм сыщыхэтым, шэч хэмылъу, си гур зэрыхэхъуэр зыхэсщIащ», – жиIащ Руслан.

ЩIалэгъуалэм Абхъазым и утым адыгэ джэгу щащIащ, зэрыхабзэуи, лъэпкъ ныпым и теплъэр къэзыгъэлъагъуэ шабзищымрэ вагъуэ пщыкIутIымрэ шэху уэздыгъэхэмкIэ къагъэнэхуащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Related posts

Leave a Comment