Новости

ЗэIущIэ

Накъыгъэм (майм) и 21-м, Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм,   Кавказ зауэр зэриухрэ 153-рэ зэрырикъум теухуа дауэдапщэхэр  щекIуэкIащ Адыгэ Республикэм,  Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, адыгэ куэду здэщыпсэу нэгъуэщ1 къэралхэми.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щек1уэк1а дауэдапщэхэм нэгъуэщ1 къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу куэд хэтащ.Апхуэдэу Тырку къэралыгъуэм къик1а ди лъэпкъэгъухэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщ1ап1эм  Сэхъурокъуэ Хьэутий ща1ущ1ащ. Зэ1ущ1эм хэтащ Истамбыл щызэхэт лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и  тхьэмадэ  Тхьэмокъуэ  (Улус) Джихат,  Анталие щызэхэт  Адыгэ Хасэм  и тхьэмадэ Фархатуко Хайдар, Истамбыл дэт Адыгэ унэм и тхьэмадэ  Чоток Умар,  Адана — Рейхьанлы щызэхэт Адыгэ Хасэм и  тхьэмадэ Пихава Угур,  Багларбаши  щызэхэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Атлескир  (Динчер) Жанберд  сымэ нэгъуэщ1хэр.

 

 

Related posts

Leave a Comment