Европэм щыпсэу адыгэхэм я деж
Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм илъэс къэс зэхуишэс щэнхабзэ зэхыхьэшхуэр иджыблагъэ Остердамме жылэм щекIуэкIащ. Абы ирагъэхьэлIэри ирагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр икIи зи чэзу зэIущIэр европэ адыгэхэм я деж щекIуэкIащ.
Остердамме къеблэгъат Европэ къэралхэм щыIэ шэрджэс лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар щIыналъэ Хасэхэм я унафэщIхэмрэ абыхэм хэтхэмрэ.
Япэ махуэм ДАХ-м и лIыкIуэхэр хэлэжьыхьащ фестивалым. 2018 гъэм епщIанэу къызэрагъэпэща зэхыхьэшхуэр адыгэ лъэпкъым Iуэху щхьэпэ куэд хуэзылэжьа, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ нэхъ быдэу зэпыщIа хъуным зи гуащIэ хэзылъхьа лъэпкъылI щэджащэ Уджыхъу Ихьсан траухуати, ар щагъэлъапIэ пшыхьми хэтащ ДАХ-м и лIыкIуэхэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыбгъэдэкI дамыгъэ лъапIэхэр ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий хуигъэфэщащ Уджыхъу Ихьсан, Европэм щыпэсу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и унафэщIу куэдрэ лэжьа ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, федерацэм иджыпсту и тхьэмадэ, Бремен Хасэм и унафэщI ДыщэкI Эртан сымэ.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зэIущIэр етIуанэ махуэм екIуэкIащ. Ар къыщызэIуихым, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Европэм щыIэ Хасэхэм я лэжьыгъэр зэтеублауэ зэрекIуэкIым, цIыхухэр гукъыдэж яIэу фестивалым къызэрекIуэлIам Iуэху гъэщIэгъуэнхэр зэрызэдащIэр къызэригъэлъагъуэр.
Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и лэжьыгъэм убгъуауэ тепсэлъыхьащ абы и унафэщI ДыщэкI Эртан. Абы къыхигъэщащ ДАХ-мрэ Европэ федерацэмрэ Iэмал имыIэу быдэу зэпыщIауэ лэжьэн зэрыхуейр, езыхэм я къарукIэ яхуэщIэр ягъэбагъуэу хэкурысхэр зэрадэIэпыкъупхъэр.
— Европэм щыIэ Хасэхэм я нэхъ ин дыдэщ фыкъыздедгъэблэгъа федерацэр, — къыхигъэщащ ДыщэкIым. – Фэ зэрыфщIэщи, дэ илъэс къэс мыпхуэдэ фестивалхэр къызыдогъэпэщ, махуэшхуэхэм епха зэхыхьэхэр диIэщ. Iэмал зэриIэкIэ иужь дитщ адыгэбзэр, лъэпкъ щэнхабзэр къыдэкIуэтей щIэблэм зэредгъэцIыхуным, къызыхэкIар ящIэжу къэдгъэхъуным, лъэпкъ зэхэщIыкIыр яхэлъу къэгъуэгурыкIуэным. КъищынэмыщIауэ, мыхьэнэ нэхъ зэттхэм ящыщщ дызыхэсхэм дыкъацIыхунымрэ ди щэнхабзэр едгъэлъагъунымрэ. Хамэ хэку дыщалъхуами, ди хабзэр зетхьэжыным нэхърэ нэхъыщхьэ щыIэкъым. Абы папщIэ ди федерацэр иджыпсту нэхъ зыхуэныкъуэр цIыхухэр щызэхуэсын унэщ. Дыщызэхуэсын унэ диIэ хъумэ, ди Iэмалхэми нэхъ заубгъунущ.
Эртан и псалъэхэм къыпищэу, нэмыцэхэм яхэс адыгэхэм я Iуэху зыIутым тепсэлъыхьащ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ. Абы къыхигъэщащ Сирием къикIа щIалэгъуалэ куэд Германием зэрыщыIэр, абыхэми иджыпсту жыджэру зэрадэлажьэр. «Сирием щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэр хьэкъ тщащIащ абы къикIа ди къуэшхэм. СХьР-м щыIэ Хасэм я Iуэху щызэфIагъэкIыу есати, гуныкъуэгъуэ щаIэм, япэу къызэкIуэлIар ди дежщ. Дэ, Iэмал зэриIэкIэ, защIэдгъэкъуащ я дэфтэрхэр зэрагъэпэщынымкIэ, унэ зыщIэсынухэр къащтэнымкIэ, бзэр зэрагъэщIэн папщIэ еджапIэхэм щIэдгъэтIысхьащ. Хасэ псоми апхуэдэ лэжьыгъэ щокIуэкI», — пищащ ТIамжьыкъуэм.
Сирием щекIуэкI зауэм бэлыхь хидза ди къуэшхэм я псэукIэмрэ хэкум къэзыгъэзэжахэм я Iуэху зыIутымрэ тепсэлъыхьащ ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан.
— Илъэсибл хъуауэ екIуэкI зауэр, ди жагъуэр зэрыхъунщи, иджыри иухакъым. Сирием цIыхуу исым ядэIэпыкъухэм Тхьэр арэзы къахухъу, ауэ псом нэхърэ нэхъ дигу зыгъэфIыр ди къуэшхэм щхьэ егъэзыпIэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ адэжь щIыналъэм зэрыщагъуэтырщ, — жиIащ Орфан. – Хэкум зыгъэзэжахэм нэмыщI, фэ фыщыгъуазэщ хамэ къэралхэм кIуэ куэди зэрыщыIэм. Бзэр ямыщIэу здэкIуа къэралым псом япэу дэIэпыкъуэгъу къащыхуэхъур я къуэш адыгэхэращ, Хасэхэращ. НобэкIэ къапщтэмэ, Иорданием цIыху 1600-рэ щетIысэхащ, абыхэм ящыщу унагъуэхэм екIуэлIахэр мащIэкъым, Хасэм зыхуэзыгъэзахэми, доллар зы мелуанрэ мин 300-м щIигъу трагъэкIуэдащ. Уеблэмэ, Израилыр Сирием и бий пэтрэ, Иорданиер къагъэсэбэпурэ ди къуэшхэм къадоIэпыкъу журт къэралым ис адыгэхэри. Сирием икIа щIалэгъуалэм я нэхъыбэр здэкIуар Европэращ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хабзэм теухуауэ ущыпсэуну нэхъ тыншщ. Хэкум укъихьэжу ущыпсэуным къиин нэхъыбэ зэрыпыщIам къыхэкIыу, цIыху мини 2 иримыкъущ къэкIуэжар, Адыгейм — цIыху 760-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 900-м щIигъу. Фэ фощIэ, КъБР-м къэзыгъэзэжахэм ахъшэ хъарзынэ иратри, езыхэр зэрыхуейм хуэдэу унэ 86-рэ къащэхуащ, псэукIэми фIыуэ хэзэгъащ. Благовещенкэ унагъуэ 25-рэ Iэпхъуати, хадэ ящIэ, былым зэрахуэ, Крем-Константиновкэ дэс унагъуэ 15-ри хъарзынэу мэлажьэ. Сабийхэри щIалэгъуалэри еджапIэхэм щоджэ. Гугъуехь щымыIэу схужыIэнукъым, ауэ къэрал властри жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри къэдгъэсэбэпурэ ахэр зэрызэфIэтхыным иужь дитщ.
ДыщэкI Эртан къыхилъхьащ ДАХ-м фонд иIэн зэрыхуейр. Европэм ис адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм иIэщ апхуэдэ фонд. ДАХ-м мылъку бгъэдэлъу щытамэ, хэкум зыгъэзэжхэм зыгуэркIэ къахуэсэбэпынут, абы дихьэхыу, тригъэгушхуэу кIуэжыни щыIэнут.
Сирие зауэм зэрыщIидзэрэ Тыркум Iэпхъуа ди къуэшхэм КАФФЕД-м хыхьэ Хасэхэм зэрызыщIагъэкъуам тепсэлъыхьащ Мэкэр Ведат. Абы къыхигъэщащ адыгэ мини 3-рэ 600-рэ хуэдиз зэрыIэпхъуар, нэхъыбэм лэжьыгъэ къызэрагъуэтар, лъэ быдэкIэ зэрыувар. Абыхэм ящыщу Европэм Iэпхъуэну, хэкум кIуэжыну хуейхэми КАФФЕД-р ядэIэпыкъуащ, цIыху 1200-м тырку паспорт къраIыхащ.
ДАХ-м и фондым теухуа Iуэхур, ар зэрылэжьэнум, зыгъэлэжьэнум, зи мылъку хэзылъхьэнум теухуауэ псори убзыхун хуейщи, къэблагъэ Конгрессым щытепсэлъыхьу унафэ зэрыщыIэр жиIащ Сэхъурокъуэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ зыуэ щыт хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ДАХ-мрэ зэрызэдэлажьэм, Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу хъыбархэр цIыхухэм я пащхьэ зэрыралъхьэм. Абы и лъэныкъуэкIэ къэпсэлъахэм къыхагъэщащ ДАХ-м и сайтыр иджырей жыпхъэхэм изагъэу зэрылажьэр, абы щекIуэкI лэжьыгъэр и чэзум, зэхыхьэхэр щекIуэкI сыхьэтым къралъхьэу фейсбукымрэ инстаграмымрэ напэкIуэцI щхьэхуэ зэрыщиIэр. Сайтым илъхьапхъэ тхыгъэхэр Хасэ къудамэ псоми икIэщIыпIэкIэ кърагъэхьыу зэтеублэн зэрыхуейр, адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ нэхъ ебэкIми, тыркубзэкIэ, нэмыцэбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ тхыгъэхэр зэрилъхьапхъэр, абы сайтым и сэбэпынагъыр зэрыхигъэхъуэнур, ди къуэш хэхэсхэми, ахэр зыбгъэдэс лъэпкъхэми ДАХ-м и лэжьыгъэр нэхъыфIу зрагъэцIыхунымкIэ щхьэпэ зэрыхъунур жаIащ. Апхуэдэуи Иорданием щылажьэ «Нарт-TV» каналым ДАХ-мрэ хэкумкIэ щыIэ адыгэ хэгъуэгухэмрэ я телевиденэмрэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм тепсэлъыхьащ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ НэпIащэ Ахьмэдрэ.
Зыуэ щыт адыгэ тхыбзэ зэгъэпэщынымрэ абы папщIэ щIэныгъэ-практикэ конференц зэхэшауэ унафэ тещIыхьын зэрыхуеймрэ теухуауэ къэпсэлъащ Табыщ Мурат. «Мы тхыбзэ зэщхьэщыкIым гугъу иригъэхьыр хэкум исхэм я закъуэкъым, атIэ хамэ щIыналъэ щыпсэухэми гъуэгу пэжыр къахухэмыхыу хегъэзэрыхь, — жиIащ Мурат. — Адыгэбзэм тхыбзитI, хьэрфыпкъитI иIэщ жыхуэтIэм и лъабжьэр 1966 гъэм къыщыщIедзэ. Къэбэрдей адыгэбзэм и пэжырытхэр щаубзыхум, къэбэрдей-шэрджэсыбзэр зэрагъэзэхуауэ, адыгейм ейр иужькIэ зэрагъэзэхуэжыну къагъэнауэ хъури, профессор Урыс Хьэтэлий и лэжьыгъэр утыку къихьащ. ИужькIэ нобэ дызытепсэлъыхь проектыр Къумахуэ Мухьэдин къыхилъхьэри, абы лъандэрэ унафэ гуэр трамыщIыхьауэ къокIуэкI мы псалъэмакъыр. Илъэс 30-м щIигъукIэ Мухьэдин щIэныгъэ-лэжьыгъэ ирищIылIэу зэлэжьа проектым хуэмыарэзы лъэныкъуитIми къахэкIакъым. Ауэ абы щыгъуэм къамыщтэфыну ябжри, ягъэтIылъыжауэ щытащ. КъБР-м 2002 гъэм къэрал хабзэкIэ къищтат, ауэ Адыгэ Республикэм абы унафэ щытращIыхьакъым иджыри къыздэсым».
Проектым лъабжьэ хуэхъуар, зэхъуэкIыныгъэу халъхьэнухэр, еджэныгъэм теухуауэ зэрыщхьэпэнур, лъэныкъуитIымкIи щаIэ еплъыкIэхэр убзыхуауэ утыку кърилъхьащ Мурат. ИкIи жиIащ щIэныгъэлIхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм я хьэкъкIэ Iуэхум гулъэф хуэхъу зэрыщымыIэр. Абы ипкъ иткIэ Хасэшхуэм хэтхэр зэгурыIуащ зэман кIэщIым къриубыдэу республикищми я бзэщIэныгъэлIхэр зыхэт щIэныгъэ зэхуэс зэхашэу Iуэхум тещIыхьын хуей унафэр яубзыхуну.
Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 154-рэ зэрырикъум иращIэкIыну дауэдапщэхэм теухуауэ Сэхъурокъуэм жиIащ ар зэи тщыгъупщэ мыхъуну Iуэхуу зэрыщытыр, къэралым и лIыкIуэхэр, жылагъуэ лэжьакI уэхэр, нэхъыжьыIуэхэр, щIалэгъуалэр хэту Iуэхур Налшык зэрыщрагъэкIуэкIыр, ар программэ убзыхуам тету илъэс къэс къызэрызэрагъэпэщыр. АР-м щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан игъэбелджылащ Адыгейм и къуажэхэм, районхэм апхуэдэ дауэдапщэхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр, пэкIу нэхъ иныр Мейкъуапэ зэрыщекIуэкIыр. Абы ди адэжьхэм яхуэщыгъуэнымкIэ, ди блэкIар тщымыгъупщэнымкIэ, ди щIэблэм лъэпкъым и щхьэ кърикIуар ищIэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщащ.
КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар жиIащ хэкум къыщащта унафэм ипкъ иткIэ, хы ФIыцIэм и лъэныкъуитIми щыгъуэ пэкIухэр зэрыщекIуэкIыр. Тыркум ис адыгэхэр щыгъуэ-щIэж махуэм къалэ куэдым щызэхуос, КАФФЕД-м епха Хасэ 64-м хэтхэр къыдокI.
А махуэм хэкум икIыу Тыркум кIуэхэм е абы къикIыу Къэбэрдейм къихьэжхэм дызыгъэулъиин, дызэрыс къэралхэмрэ абы и хабзэхэмрэ къемызэгъын яIэщIэмыщIэу Iуэхур зэфIэгъэкIын зэрыхуейр къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм.
ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ хамэ къэрал къыщалъхуа адыгэ щIалэгъуалэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щегъэджэным, сабийхэр гъэмахуэ мазищым къриубыдэу зыгъэпсхуакIуэ къэгъэкIуэным. Шэрджэс Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий жиIащ сабийхэр сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ хэкум къихьэжми сэбэпынагъ зэрыпылъыр, ахэр Кавказым къыхуэхъуапсэу, хэкупсэ хъуауэ зэрагъэзэжыр.
Хьэгъундокъуэ Яшар къыхилъхьащ хэкумрэ хамэщIымрэ щыщхэр зэкIэлъыкIуэныр я нэIэ щIагъэтын зэрыхуейр. «Пщэдджыжьым ХасэщIэ къэунэхуауэ нэху къыщекI щыIэщ, ящIэнумрэ ялэжьынумрэ зэIумыбзу, УФ-м и Посольствэм и нэIэ щIэмыту. Апхуэдэ гупхэм кърашалIэхэм дрогузавэ, — пищащ Яшар, — лъэпкъ Iуэхум пылъу апхуэдэ гуэрхэм ирагъэблагъэхэм хъыбар къыдагъащIэмэ, нэхъ зэгъэзэхуа хъунущ. Дунейм адыгэу щызэхэзекIуэр дэ тхузэщIэкъуэнкъым, ауэ гуп зэрыIыгъ хэкум ныщикIкIэ, фэ невгъажьэу, дэ едгъэблагъэу щытыпхъэт. Псалъэм папщIэ иджыпсту гупищ концерт, нэгъуэщI IуэхукIэ нэкIуауэ щыIэщ, ауэ дэ дыщыгъуазэкъым. Ахэр Iуэху мыфэмыц гуэрхэм хашэмэ, япэу жэуап зыхьынур дэращ».
КАФФЕД-м и лIыкIуэ Урым Баки-Сами къыхигъэщащ Тыркум къикIыу зыгъэпсэхуакIуэ къагъакIуэ сабийхэр санаторэхэм зэрыщыIэм зы Iуэху хагъэхъуэну зэрыщIэлъэIур, адыгагъэр, адыгэ зэхэтыкIэр, адыгэбзэр нэхъ яцIыхун щхьэкIэ зы тхьэмахуэкIэ адыгэ унагъуэхэм яшэрэ щагъэIэу зэтраублэфамэ, сэбэпышхуэ зэрыхъуну р. Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ ар гугъу демыхьу зэрахузэфIэкIынур, Тыркум къикI ныбжьыщIэхэр зыщыщ лъэпкъ нэгъунэ хэкум къыщагъуэту зэрагъэкIуэфынур, къищынэмыщIауэ, унагъуэ хуэщIахэм зэрытрагуэшэфынур. Ауэ абы щхьэкIэ езы сабийхэм апхуэдэ жэрдэм яIэн хуейщ, зыкIэрыдмычу зэгъусэу санаторэм щыIэмэ, нэхъ къэзыщтэхэр зэрыкуэдыр къыхигъэщащ тхьэмадэм.
Табыщ Мурад къыхигъэщащ Къайсэр адыгэбзэ зрагъэдж сабийхэр зэрыщыIэр, ахэр хэкум къатшэрэ а зэджэм и мыхьэнр едгъэлъагъумэ, ядж адыгэбзэр я тхьэкIумэм иIуэмэ нэхъыфIу къызэрилъытэр.
Израилым и лIыкIуэ Тхьэухъуэ Зухьер иригузавэу зы Iуэхугъуэ къыхигъэщащ. Израилым адыгэхэр дэсу ит къуажэхэр Кфар-Камэрэ Рихьэниерэщ. Йемен лъэныкъуэм къикIа хьэрыпхэр дэсу Абу-Гош жылэ щыIэщ. Иджы абыхэм Кавказым къикIахэм къатепщIыкIауэ, адыгэу, шэшэну жаIэу зэрыдэтым зэраныгъэ къызэрихьынур игъэбелджылащ Зухьер.
— Мыбы дызымыгъэтхъэн, ди напэ тезыхын куэд кърахьэжьащ. Ахъшэ куэду зэрыхухахым къыхэкIыу, а жаIэхэм щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр урысыбзэкIи, нэмыцэбзэкIи, инджылызыбзэкIи тхауэ зэбграгъэхащ, интернетым къралъхьащ. Адыгэр зэрыдгъэбэгъуэну Iэмалкъым а нэгъуэщIылъ зыщIэтхэр зыхэдгъэхьэныр, ар къэхъункIэ Iэмал зимыIэщ, адыгэр зэрыбэгъуэн хуейр езым къилъху и сабийхэрщ, — жиIащ Тхьэухъуэм.- Иджыблагъэ «Черкес ДНК» проект гуэр кърахьэжьауэ шэрджэсу зыкъыщIрагъэдзыну хэтщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы теухуауи псалъэ жиIэну, Iуэхур зэхигъэкIыну сыхуейщ, армыхъумэ кърахьэжьа проектым фIы кърикIуэнукъым.
Сэхъурокъуэм къыхилъхьащ: япэ щIыкIэ Iуэхум и пэжыпIэр зрагъащIэмэ, итIанэ гурыIуэгъуэ хъунущ ящIапхъэри.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм архив хъумапIэ ищIыныр зэрыфIэигъуэм теухуауэ къэпсэлъащ Щоджэн Iэминат. Абы къыхигъэщащ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм цIыху зэчиифIэ куэд къазэрыхэкIар, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр тхылъу къызэрыдэкIар, хамэщIым ипхъа хъуа ди лъэпкъэгъухэм ятеухуа дэфтэрхэр куэду зэрыщыIэр, а псори зэхуэхьэсыжауэ хъумапIэ щIын зэрыхуейр. «Хэхэс адыгэхэм я къекIуэкIыкIар къызыхэщыж дэфтэрхэр, ди тхыдэм и напэкIуэцIхэр, художественнэ тхыгъэхэр, публицистикэр зэхуэхьэсауэ ДАХ-м иIэныр мыхьэнэшхуэ зиIэщ», — къыпищащ Iэминат.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэм теухуа унафэхэр Iэ IэткIэ къызэдащтащ. КъыкIэлъыкIуэ зи чэзу зэIущIэр Тыркум щрагъэкIуэкIыну КАФФЕД-м иригъэблэгъащ.
НэщIэпыджэ Замирэ,
Остердамме – Дюссельдорф — Налшык.
Нэщ1эпыджэ Замирэ,
Остердамме, Германие.