Европэм адыгэгур къыщоуэ
Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ мы гъэм илъэсипщI ирокъу. Апхуэдиз дыдэ хъуауэ ар здэщыIэ Германием адыгэ щэнхабзэм и махуэхэр щрагъэкIуэкI, фестивалкIэ еджэу. Мы гъэм епщIанэ зэхыхьэшхуэр зыхуэгъэпсауэ щытар Щэнхабзэ федерацэр къызэзыгъэпэща, адыгэ лъэпкъым и лIы щэджащэ, зи хэкум, лъэпкъым щхьэкIэ къарурэ мылъкурэ щымысхь Уджыхъу Ихьсант. Абы иригъэхьэлIэри, федерацэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Дунейпсо Адыгэ Хасэм хэтхэри иригъэблэгъащ Германием икIи ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр абы щекIуэкIащ.
Остердамме — бысым къуажэ
Илъэс къэс пхъэидзэкIэ къыхахыурэ Германием и къалэ нэхъ инхэм къыщызэрагъэпэщ зэхуэсыр мы гъэм Бремен Хасэм къылъысати, абы километр 70 хуэдизкIэ пэжыжьэ Остердамме нэмыцэ жылэ цIыкIум щызэхуэсащ ди лъэпкъэгъухэр. Нэмыцэхэр зэрыкъабзэр, зэрыгъэсар, псэукIэ зэIузэпэщ зэраIэр зэбгъэщIэнумэ, цIыху мин 16-м щIигъу зыдэс Остердамме абыкIэ щапхъэфIт. Махуэ зыбжанэ щыдгъэкIуат а къуажэми, егъэлеяуэ удэзыхьэх псэукIэщ щытлъэгъуар. Къуажэ уэрамхэм зы кIэрыхубжьэрыху къэгъэнауэ, сабэ щыплъагъуркъым, ауэ щыхъукIи, ди деж хуэдэу пхъэнкIиидзыпIэ лъэбакъуэ къэс ущрихьэлIэркъым. Куэбжэ, бжыхь, пщIантIэр къызэрыщIыхьа блын лъагэ щыIэкъым абы, атIэ пщIантIэри, лъэс лъагъуэри, гъуэгу бгъуфIэри зэхуэдэщ, псори плиткэкIэ къищIыкIауэ. Чырбыш гъуабжэкIэ щIа унэхэм я унащхьэ лъагэхэм ятелъыр зы кхъуэщын плъыфэщи, таурыхъым хэт щIыпIэ укъыщыхута хуэдэщ. Дэтхэнэ унэ зэгъэпэщами и пщIантIэм машинэ зыбжанэ дэтщи, къуажэр пхыдза пэтми, цIыхухэр зыхуей хуэзэу зэрыщыпсэур абыхэм къыбжаIэ.
Езы нэмыцэхэр-щэ?! ЦIыху гуапэхэщ! Зы цIыхухъуи цIыхубзи къыдблэкIакъым сэлам къыдамыхауэ, зы машини къыдблэжакъым исхэм я щхьэр къытхуамыщIауэ. Зэрызехьэ къэгъэнауэ, ину зэпсалъэ дэсу си фIэщ хъуркъым абы. Нэмыцэхэм апхуэдизкIэ ямыIуэху зэрахуэркъыми, цIыхуитI щызэтрихьэ щIыпIэ щыIэкъым, дэтхэнэри и Iуэху иужь итыж мыхъумэ. Уеблэмэ, зэгъунэгъуитI зэпсалъэу щыслъэгъуатэкъыми, я зэныбжьэгъугъэмрэ зэгъунэгъугъэмрэ сэлам закъуэкIэ зэфIэкIыу къысщыхъуащ. ИгъащIэ лъандэрэ укъацIыхум хуэдэу, къыпщыгуфIыкIынущ нэмыцэхэр, ауэ гъунэгъу узыхуащIынукъым, ар я хабзэщ.
Остердамме зыщыбгъэпсэхуныр зэрыхъуэпсэгъуэр къалъытэри, адыгэ щэнхабзэ зэхыхьэр абы къыщызэрагъэпэщат, хьэщIэщ зыбжанэ дэтти, къекIуэлIахэр абыхэм щIагъэтIысхьащ.
Европэ адыгэхэм я «жьэгу»
Фестивалым зэхуишэсат Германием и къалэхэу Берлин, Кёльн, Мюнхен, Бремен, Дюссельдорф, Ганновер, Нюрнберг, Штутгарт, Маннхайм, Австрие, Швейцарие, Бельгие, Финляндие, Франджы, Голландие европэ къэралхэм; Америкэ Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар крайм щыIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ.
ЦIыхухэр пщэдджыжьым жьыуэ зэхыхьэрти, зэдэуэршэрхэрт, утыку зэхуэмыдэхэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щекIуэкIти, щхьэж зыхуейм щIыхьэурэ, еплъхэрт. Зи IутIыжыр щIалэгъуалэрат. Зэхуэсым зыкъыщызыгъэлъэгъуэнухэри, еплъыну къэкIуахэри пфIызэхэгъуэщэжу адыгэ Iуэхум зэришалIэрт. Жэщымрэ махуэмрэ яфIызэхэгъуэщами ярейуэ, дзапэ уэрэд жаIэу, къафэу нэху щыху зэхэси яхэтащ.
ХамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, бзэр щыпIурылъыну, хабзэр щызепхьэну гугъу пэтми, ди лъэпкъэгъухэм а гугъуехьхэм зэрыпэлъэщын Iэмал зырыз къагупсыс. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, хэти адыгэ фащэхэр, адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа бостейхэр ед, абыхэм я гъэлъэгъуэныгъэ дахи екIуэкIащ. Сурэт щIыным хуэIэзэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIыр зэрыадыгэр къозыгъэцIыху хъэтIкIэ тха сурэтхэрщ. Ахэри лъэныкъуэкIэ щегъэувэкIащ. Адыгэхэм, абыхэм я хабзэхэм, щыIэкIэ-псэукIэм теухуа тхылъхэмрэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ ящэ. Уеблэмэ, зэхуэсым адыгэ матэкхъуей нэгъунэ къахьащ. Ари Германием щащI, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрыщапщэфIым хуэдэ дыдэу.
Фестивалым и зы махуэ зэIущIэр зыхухэхауэ щытар япэ дыдэу нэмыцэ щIыналъэм итIысхьа, адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ Уджыхъу Ихьсант. Ар Сирием къыщалъхуащ, лэжьыгъэ IуэхукIэ нэмыцэм Iэпхъуэри, и Iуэху щыдэкIыу щыпсэуащ. Ихьсан и щхьэ Iуэхум япэ лъэпкъ Iуэхур иригъэщу мэпсэу жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Аращ Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэр къызэзыгъэпэщар, аращ мы фестивалыр зи жэрдэмри. Абы иухуа «Адыгэ пхъуантэ» фондыр илъэс 30-м нэблэгъауэ мэлажьэ. А пхъуантэм къыдэкIа мылъку зылъэмыIэса къэрали щыIэжу къыщIэкIынкъым. Дамаск адыгэ сабийхэм папщIэ гъэсапIэ щиухуэгъащ Ихьсан, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэригъэпэщри, гъэсакIуэхэми улахуэ яриту игъэлэжьащ, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэкIэлъыкIуэным ахъшэ куэд тригъэкIуэдащ, къэфакIуэ ансамблхэр иригъэблагъэу, езыхэм я сабийхэр адэжь щIыналъэм зыгъэпсэхуакIуэ къигъакIуэу. Езым и лъапсэр къыщежьэ Адыгэ Республикэм и къэрал университетым Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и факультетым нэхъыфIу щеджэхэм Уджыхъу Ихьсан и цIэкIэ стипендие щрату щытащ. Мис апхуэдэ лъэкIыныгъэ зиIэ лIыщ нэхъыжьыфIыр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэ, Бремен Хасэм и унафэщI ДыщэкI Эртан жиIащ европэ адыгэхэм я дежкIэ фестивалым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы дэнэ щыпсэу адыгэри зэрызэхуишэсыр. АбыкIэ Уджыхъу Ихьсан фIыщIэ хуищIри, зэхыхьэшхуэр илъэсипщI щрикъум ирихьэлIэу нэхъыжьыр зэрагъэлъапIэр игъуэу Эртан и псалъэм къыхигъэщащ. ДыщэкIым фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсым кърихьэлIахэм, псом хуэмыдэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр абы зэрыщрагъэкIуэкIым я пщIэр къызэриIэтыр жиIащ.
Ганновер Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ игу къигъэкIыжащ Ихьсан и фIыгъэкIэ зэхыхьэн зэрыщIадзар. Уеблэмэ цIыхуиплI фIэкIа мыхъуу Уджыхъухэ я унагъуэ щызэхуэсу зэрыщытар, зыгуэр къытщыщI хъужыкъуэмэ, жаIэу, а цIыхуиплIым ахъшэ зэхалъхьэу зэрырагъэжьар, иужькIэ илъэс куэдкIэ а «Адыгэ пхъуантэр» цIыхуийм зэрагъэлэжьар. А пщыхьэщхьэм Ихьсан хуэгъэза псалъэ дахэхэр жаIащ Къумыкъу Уэхьбий (Берлин Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ), Бэрсбей Мыхьэмэт (Нюрнберг Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ), Псыбланэ Фарукъ (Кёльн Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ). Апхуэдэу Уджыхъу Ихьсан и жьэгур зи адэжь лъапсэу къэзылъытэ, Финляндие Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Мыщэ Сэлам, Канадэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ СтIащ Орфан, Голландие Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шывлъакъуэ Зэфер сымэ псалъэ гуапэ куэд хужаIащ нэхъыжьым. Абы и гукъэкIымрэ и лIыгъэмрэ нэмыщIамэ, европей адыгэхэм нобэ яIэ зэхэтыкIэр щымыIэнкIэ хъунт. Финляндием къикIа щIалэм къэпсэлъапIэр хуит щыхуащIым, игу къызэфIэнэри, псалъэхэр хузэпыщакъым: «Нэхъ лъапIэ дыдэу сиIэр сщхьэрыгъ хъурыфэ пыIэрщ, цIыху нэхъ лъапIэ дыдэу си гъащIэм хэтыр уэращ», — жиIэщ и адыгэ пыIэр щхьэрихри, Ихьсан щхьэритIэгъащ. Пэшым цIыхухъууи цIыхубзуи щIэсым я нэпс къекIуат. Абы къиIуатэрт Ихьсан и гукъэкIымрэ и зэфIэкIымрэ хамэщI щыпсэу адыгэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Уджыхъум и щапхъэм тету, Канадэ Адыгэ Хасэм фонд къызэрызэригъэпэщар, куэдым щIэгъэкъуэн зэрахуэхъур жиIащ СтIащ Орфан икIи абы къыхэкIыу доллар 500 ягъафIэ нэхъыжьым тыгъэ хуищIати, езы Ихьсан иджыри зы доллар щитху хилъхьэжри, «хэкужьым кIуэну жэрдэм зиIэ сабийхэм гъуэгупщIэу язот», — жиIэри игъэтIылъащ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и псалъэм къыхигъэщащ лъэпкъ псор иригушхуэ хъуну, къэрал куэдым ипхъа адыгэм щапхъэ трихыпхъэу, хамэхэм яхэс зэкъуэшхэм шхэпс яхуэхъуу ди япэ ит нэхъыжьыфIым гъащIэ кIыхькIэ зэрыхуэхъуахъуэр.
— ГъащIэ гугъу, ауэ IуэхуфIхэмкIэ гъэнщIа къэбгъэщIащ, Ихьсан, — жиIащ Сэхъурокъуэм. – Уэ пхуэдэ нэхъыжьыфI диIэху лъэпкъыр кIуэдынкъым, щапхъэ птезыхын щIэблэ Тхьэм къытщIигъахъуэ. Уи хэку, уи лъэпкъ, уи хабзэ бгъэлъапIэу уопсэу, ар къыбдэзыIыгъ уи щхьэгъусэ Дороти (нэмыцэ бзылъхугъэщ) адыгэ псоми къабгъэдэкIыу фIыщIэ хузощI, узыхищIыкIрэ къепхьэжьэ Iуэхухэр къыбдиIыгъыу къызэрыпкъуэтым щхьэкIэ.
Сэхъурокъуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъымрэ и дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ абдежым тыгъэ щахуищIащ Уджыхъу Ихьсан, ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ, ДыщэкI Эртан сымэ икIи саугъэт лъапIэхэр яритащ. Апхуэдэу Уджыхъум ехъуэхъуащ АР, КъШР-м, Краснодар крайм щыIэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, Аслъэн Алий, КIэкIыхъу Мэжид сымэ, нэгъуэщIхэри.
КъыхуащIа пщIэм и щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужар жиIащ Уджыхъу Ихьсан.
— ХамэщIым ипхъа адыгэхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм адэжь хэку зэраIэр, лъэпкъ дахэ къызэрыхэкIар ящIэжу къэхъуным сытелажьэу аращ. КъысхуэфщIа гулъытэм сигъэукIытащ, — къыхигъэщащ Ихьсан. – Германием сыкъэкIуа нэужь, илъэсиблкIэ сыщылэжьащ зы адыгэ цIыху сымылъагъуу, си анэдэлъхубзэр зэхэзмыхыу. Делэ сыхъуным мащIэщ иIэжар (игу къызэфIэнащ). Сыдохутырти, езым си клиникэ къызэIусхащ. Мыбы тырку куэд къэIэпхъуауэ щыпсэут. Абыхэм ящыщ сымаджэ си деж къыщIыхьэху сеупщIырт: «Ярэби, си лъэпкъым и нэхъыбэр Тыркуращ зэрысыр, зы адыгэ умыцIыхуу пIэрэ, уи хэку ущисыжым уи гъунэгъуу щымытауэ пIэрэ, удэмылэжьауэ пIэрэ?» — жысIэу. Апхуэдэу адыгэхэм я телефон номер къыщIэсIукIыурэ, сепсалъэрт, абыхэм яхэтт нэмыцэм къэIэпхъуахэри. Къэзгъуэтхэм яжесIэр зыт: «Уэри уокIуэд, сэри сокIуэд, сыт ягъэ кIын зэгъусэ зытщIрэ, мы Iуэхум хэкIыпIэ гуэр къыхуэдгъуэтмэ». Апхуэдэ щIыкIэкIэ, си унэ дыщызэхуэсу едгъэжьащ, зыбжанэ дыхъуа нэужь, Хасэ духуащ. Ауэрэ къалэхэм къыщызэIуахащ.
— 1990 гъэхэм, «гъущI куэбжэр» зэIуахыжа нэужь, япэ дыдэу хэкум кIуахэм сащыщ сэ, си адэжьым и лъапсэр зэзгъэлъагъун, си унэцIэджэгъухэм сахуэзэн, си лъэпкъэгъухэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэ, — и гукъэкIыжхэм къыпещэ Ихьсан. Туристхэм адыгищ дахэту дыкIуат. А зэманым Урысейм узэрыхуейуэ къыщыпкIухьыну ухуиттэкъым. ДыздэкIуам Налшык дыдашащ, «Хэку» зэгухьэныгъэм дригъэблэгъащ, Iуащхьэмахуи дагъэлъэгъуащ, ЧеркессккIэ щыдунэтIым, къалэм дыдашакъым, адыгэ къуажэ дыIуагъэплъэнуи къытхуадакъым, къуршхэр дагъэлъэгъуа къудей мыхъумэ.
Уи нэпсыр къыпфIемыкIуэнкIэ Iэмал имыIэу Уджыхъум игу къегъэкIыж и адэжь лъапсэр здэщыIэ Мейкъуапэ хьэщIэщ зэрыдэмытым къыхэкIкIэ, зэрыдамыгъэхьар, Краснодар бэзэрым адыгэбзэ зэхихынкIэ гугъэу, даIуэу зэрытетар.
Дэрэжэгъуэр зэбэкI пшыхь
Остердамме дэт концерт гъэлъэгъуапIэм щыпащащ пшыхьым. Ар ирагъэкIуэкIащ ДыщэкI Фурканрэ (Эртан и щIалищым язщ) Къуэдз Оксанэрэ (КъБР-м щыщщ, абы унагъуэу щопсэу).
ЗэIущIэр къызэIуаха нэужь, япэу псалъэ иратащ илъэс 40-м щIигъуауэ нэмыцэ щIыналъэм адыгэ Iуэхур щыдэзыгъэкI ТIамжьыкъуэ Умар-Фарукъ. Абы къыхигъэщащ зи чэзу фестивалым ДАХ-м хэтхэр зэреблэгъар, къэрал куэдым щыщ адыгэхэр зэрыщызэхуэзар гурыфIыгъуэшхуэу зэриIэр. «Къафэмрэ джэгумрэкъым дэ нэхъыбэу дгъэкIуэтэну дызыхуейр. АтIэ, зиужь дитыр мы зэманым къыздихь зэхъуэкIыныгъэхэмрэ хамэщI дызэрыщызэбгрыпхъамрэ зэран къытхуэхъуу нэгъуэщI лъэпкъхэм дахэмышыпсыхьыжынырщ. Мис абы и хэкIыпIэхэр дэ, нэхъыжьхэм, къэдгъуэту ди щIалэгъуалэр гъуэгу захуэм тедгъэувэн хуейщ. Ди зэхуэсхэм къекIуалIэ щIэблэм зедгъэцIыхужыну, иджыри къэс дэ дыкъезыгъэла гупсысэм ахэри къытетшэну гугъапIэ диIэщ. Мы гъэм хэкум къикIа гупышхуэр зэхуэсым зэрыхэтым нэхъри къару къытхелъхьэ. ДыщэкI Эртан фIыщIэ хузощI фыкъызэрыригъэблэгъам щхьэкIэ, нэхъапэм тхузэфIэмыкIар, абы наIуэ тщищIащ, дигъэлъэгъуащ. Нэхъ зэпыщIа дызэрыхъуам дигу игъэкIуэдыркъым», — пищащ Умар-Фарукъ.
ДыщэкI Эртан:
— Мы зэхуэсым илъэс къэс щIалэгъуалэр нэхъыбэу къызэрыкIуэм дегъэгуфIэ. Щэнхабзэ махуэхэм я купщIэу къэтлъытэр ди щIэблэм лъэпкъ зэхэщIыкIыр яхэтлъхьэнырщ. Абыхэм захедгъэхын хуейщ ди хэкужь и хъыбар, ди лъэпкъ и къекIуэкIыкIар, едгъэцIыхун хуейщ адрей лъэпкъхэм дакъыхигъэщу дбгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр. Ахэр фестивалым щыдогъэлъагъуэ, дызопсалъэ, нэхъыщхьэращи, къалэ, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэр дызэкъуегъэувэ, — къыхигъэщащ Эртан.
— Сэ быдэу къызгурыIуащ псэупIэ, лэжьапIэ къалъыхъуэу мы къэралым щепсыха ди къуэшхэм зэрыадыгэр зэи зэращымыгъупщэнур, — къыпищащ адэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. — Адыгагъэр апхуэдизу фыхуэсакъыу зывохьэри, си фIэщ мэхъу щIалэгъуалэри а гъуэгум зэрырикIуэнур. Гугъущ фи Iуэхур, нэхъыжьхэм фхьы жэуаплыныгъэри инщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, фэ вгъэлъагъуэращ щIэблэм щапхъэ яхуэхъунур. Абы хъарзынэу фыпэлъэщу къысщыхъуащи, Тхьэм фыхущIигъэхьэ, фхуэфэщэн щIэблэ Тхьэм къывит.
Дэрэжэгъуэр ябэрэ нэшхуэгушхуэу а пщыхьэщхьэм къызэхуэсахэм концерт цIыкIу ирагъэлъэгъуащ. Жылокъуэ Бланэ адыгэ пшынэр дахэу игъэбзэрэбзащ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэу Аксол Мертрэ Шахин Селинрэ адыгэбзэкIэ егугъупэу уэрэд зэрыжаIэм гур хигъахъуэрт. АР-м, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артисткэ Хьэрэдурэ Динэ и уэрэдхэм гуапэу едэIуащ къызэхуэсахэр. Пэшым щIэсхэр къэтэджауэ дежьууэ уэрэд жиIащ ди лъэпкъэгъу щIалэ, ГИТИС-р къэзыуха уэрэджыIакIуэ, артист ныбжьыщIэ Теунэ Джэмал. А пщыхьэщхьэм ягъэлъэпIащ адыгэ къафэмкIэ зэпеуа ныбжьыщIэхэм ящыщу нэхъыфIу къалъытахэри.
Мыр концерт къызэрыгуэкI щекIуэкI пшыхьтэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, утыкум къыщыIу уэрэдратэкъым зэхэпхыр, атIэ европей адыгэхэм ягу къеуэкIэрт. ЦIыхур апхуэдэу ухуащ, зыхэсхэм я зыхуэпэкIэм тохьэ, я бзэм иропсалъэ, я хабзэхэр ягъэзащIэ. Европей жыпхъэхэр зи теплъэ щIалэгъуалэм я адыгагъэр згъэщIагъуэрт. Адыгэ уэрэдхэм дежьурэ, уардэу къэфэну къыщытехьэкIэ, гур къызэрыгъуэтыжт.
НэмыцэбзэкIэ псалъэу зи щхьэцыр гъэщIэгъуэну щIэща щIалэм бжэм деж сыщрихьэлIати, адыгэбзэкIэ «неблагъэ» жиIэу япэ сызэригъэщар си гуапэ хъууэ къэна къудейкъым… Адыгэгу къыщемыуэу хэт жиIэфын абыхэм я пкъым?!
ХамэщIымрэ хэкужьымрэ
Адыгэ щэнхабзэ фестивалыр европей адыгэхэм я гум жьы дезыгъэху Iуэхугъуэщ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбы щызэхуэсыр зи лъэпкъэгъухэм хуэзэш, зи анэдэлъхубзэм хуэлIэ, зи къуэшхэм хуэгумащIэ защIэщ. Адыгэ унагъуэ, уеблэмэ цIыху зэрызу европэ къэралхэм ипхъа хъуа ди къуэшхэр зэрыубыдын, зэдэIэпыкъун, зэкъуэтын папщIэ ящIа зэхыхьэщ мыр. Хамэ къэралым зы адыгэ цIыху закъуэу исыныр зи натIэ хъуа Уджыхъу Ихьсан и къуэш хуэзэнымкIэ, и бзэкIэ псэлъэнымкIэ хэкIыпIэу къигъуэтар и пщIантIэпскIэ къилэжьа мылъкур хилъхьэу федерацэ иухуэнырщ, фестиваль къызэригъэпэщынырщ. Апхуэдэ лъабжьэ зиIэу къежьа фестивалым и мыхьэнэр ноби аращ. Адыгэ цIыху 500 фIэкIа зэрымыс къэрал щыIэщ Европэм. Фи нэгу къыщIэвгъыхьэрэ Германием илъэсым зэ кIуэуэ а фестивалым хэтыныр ди лъэпкъэгъухэм я дежкIэ зэрыгурыфIыгъуэр?!
Хэкурысхэм я дежкIэ нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ сэ зи гугъу сщIыр. МахуищкIэ йокIуэкI зэхыхьэр. Мыбы зэлъэпкъэгъухэр щызэрылъагъуу, я щIэблэм бзэр зэрырагъащIэмрэ лъэпкъ хабзэм зэрыщIапIыкIымкIэ щызэдэгуашэу, ахэр утыку къыщрахьэу аращ. Адыгэбзэр зэхахын, я анэдэлъхубзэкIэ зэпсалъэу шэджагъуашхэ зэдащIын къудей щхьэкIэ кхъухьлъатэкIэ фестивалым къокIуэ цIыхухэр.
Лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм, мыхьэнэшхуи егъэзащIэ европей шэрджэсхэр адыгэу къызэтенэнымкIэ. Ауэ щыхъукIи мыхэр къэралым гулъытэ зыхуищI хэхэсхэм ящыщкъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Тыркум, Иорданием, Израилым щыпсэу адыгэхэм яIэ Iэмалхэмрэ къэрал дэIэпыкъуныгъэм хуэдэрэ европей адыгэхэм ягъуэткъым, мыхэр зэрызэхэтыр езыхэм я жып кърах сомщ. Адрей къэралхэм адыгэхэм папщIэ школ здэщыIэ яхэтщ, езым и бзэкIэ еджэну хуитыныгъэ иратауэ, къуажэ щхьэхуэу зэхэсу адыгэбзэ фIэкIа щызохомых жылэщ Израилым и Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ, я лъэпкъ щэнхабзэмрэ бзэмрэ яхъумэжын папщIэ къэралым ахъшэ хъарзынэ яхухихыу. Европэм исхэр апхуэдэкъым, абыхэм езыхэм зэрызахъумэжыфщ.
ГъэщIэгъуэнт европей адыгэхэм уахэтыну, я гупсысэ ущIэдэIуну, я псэукIэ зэбгъэлъагъуну, я гум щыщIэхэр къыпхуаIуэтэну. А псори бзэ зэмыщхьхэмкIэ псалъэрт, ауэ адыгэпсэм зэришалIэрт. Адыгэбзэ нэхъ зымыщIэ дыдэми адыгэгу зэрыкIуэцIылъыр, адыгэ хабзэ зэрыхэлъыр нэрылъагъут. Къэрал куэдым щыщ адыгэхэр нэIуасэ схуэхъуащ сэ. Хэкум сыкъызэрыщалъхуам, хэкум сыкъызэрикIам щхьэкIэ нэхъ насыпыфIэ дыдэу дунейм тетыр сэрауэ къысщагъэхъужу къыздэуэршэрхэрт. Пэжу насыпщ ар. Си адэжь и жьэгу хуабэм сызэрыдэсыр, си анэдэлъхубзэкIэ сыпсалъэр, абы срилажьэу зэрыщытыр арагъэнщ си гур зыгъэбыдэри. Абы еплъытмэ, хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэр псэкIэ тхьэмыщкIэщ. ИтIани, хэмэщI уисыным и гугъуагъыр дэ, хэкурсыхэм, къыдгурыIуэнукъым. АдыгэлIым и нэпс къыщIэзыгъэкI хъыбархэм емыдэIуам, къызыхэкIам щытепсэлъыхькIэ зигу къызыфIэнэ цIыхухъухэр зымылъэгъуам, дуней фIыгъуэр ябгъэдэлърэ пэт и хэку зэримысыжым щхьэкIэ насыпыншэу зыкъэзылъытэжхэр зымыцIыхуам дэнэ щищIэн «тхъэжу» Европэм щыпсэу адыгэхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр.
Апхуэдизу хэкум щIэбэгхэр щхьэ къэмыкIуэжрэ жызыIэни къыхэкIынущ. Ауэ ар къызэрыгуэкI Iуэхукъым. Къэрал хабзэхэм ехьэлIа Iуэхухэр, дэфтэрхэр зэгъэпэщын зэрыхуейм и гугъу сщIыххэкъыми, Урысейм лэжьыгъэ IэнатIэ къыщыбгъуэтыныр, унагъуэ зэрыбгъэпсэун мылъку къыщыблэжьыныр гугъущ адрей къэралхэм елъытауэ. Ахэр зэса псэукIэ тыншымрэ беймрэ, мазэ бжыгъэм къалэжь улахуэмкIэ къащэху «люкс» жыпхъэм изагъэ машинэхэм, зыщIэс унэхэр зэрызэгъэпэщам ди къэралыр лъэщIыхьэнукъым. Яхэткъым абыхэм къулейрэ къулейсызрэ. Псоми лэжьыгъэ IэнатIэ зырыз яIэщи, зыхуей хуэзэу иропсэуф. Нэхъыбэм хьэрычэт Iуэху яIэщи, къэрал зыбжанэм щагъэлажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым лъагъунлъагъу къэкIуауэ, хьэрычэт Iуэху къыщызэIуахыну, щыпсэуну я гугъэу е нэгъуэщI щхьэусыгъуэхэмкIэ къэкIуэжауэ хэкур, къуэшыр «зэрыпежьам» теухуа хъыбархэри щызэхэсхащ абы. Апхуэдэ зращIам афIэкIа къигъэзэнукъыми, ар гурыIуэгъуэщ. Ахэр зэса къэрал хабзэхэмрэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ди деж щытепщэ Iулъхьэмрэ гулъытэншагъэмрэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. КIэщIу жыпIэмэ, хэхэс гъащIэр гугъуми, хэкужь гъащIэр дыдж зыщащIаи яхэтщ абыхэм.
Европэмрэ Къэбэрдеймрэ я зэпыщIэныгъэр зыхэслъэгъуахэм ящыщщ ди пщащэ куэд абы щыщ адыгэ щIалэхэм щхьэгъусэу зэрашар. Илъэс 15-20-м щIигъуауэ абы щопсэу адыгэ пщащэхэр, ахэр Хасэхэм жыджэру зэрыхэтми сигу хигъэхъуащ, абыхэм я бынхэм бзэр нэхъ зэращIэр си гуапэ хъуащ. Бзылъхугъэхэми жаIащ абы щыпсэууэ есар Урысейм щыIэ псэукIэм хэзэгъэнымкIэ гугъу зэрехьынур. Зыхуейр ягъуэт абыхэм, ауэ гуныкъуэгъуэшхуэу яIэщ я хэку зэримысыжыр. Апхуэдэуи екIуэкIынущ ар, щIэх зихъуэжынукъым а щытыкIэм. Къэдывгъащтэ Сирие зауэ лыгъейм кърихужьэжу ди лъахэм къэкIуэжын хуей хъуа ди лъэпкъэгъухэр. Пэжщ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр дэIэпыкъуэгъу хъури, цIыкIуми унэ зырыз къыхуащэхуащ, лэжьыгъэ къэзыгъуэтаи, хадэ зыщIи яхэтщ. Ауэ яхэтщ мыбы щымыпсэуфу Европэ къэралхэм кIуэжаи. Дапщэ Iэпхъуа Тыркум, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм, хэкумкIэ къэмыкIуэжыххэу. СыткIэ къыдэтхьэха хъуну ди лъэпкъэгъухэр хэкум къагъэзэжын папщIэ? Къэгъуэтыгъуейщ абы и жэуапыр.
Ину къемышхми, мащIэу къыттоткIуэ
КъуэкIыпIэ Гъунэгъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30-40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэпхъуауэ. Абы я нэхъыбэр щыпсэур Германиеращ, цIыху мин 40-м ноблагъэ. IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрытщ ахэр, хьэрычэт Iуэху зиIэр куэдщ, ауэ Германием къыщалъхуа лIакъуэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтауэ щIэныгъэлIи, дохутыри, инженери яхэтщ. Сабийр щыцIыкIум деж зэрыпсалъэр, зэрыгупсысэр нэмыцэбзэми, балигъыпIэ зэриувэу адыгэбзэр зригъэщIэн щIедзэ. Мис ар я къалэн нэхъыщхьэщ Германием и къалэ нэхъ инхэм къыщызэIуаха Адыгэ Хасэхэм. Нэмыцэ хэгъуэгум иIэпхъукIыу нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуа адыгэхэми я гупэр къэгъэзащ ГерманиемкIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэр здэщыIэр аращ, аращ абыхэм жьантIэ яхуэхъур.
— Голландием адыгэу цIыху 500 хуэдиз дисщ, — къыддогуашэ Хасэ тхьэмадэ Шывлъакъуэ Зэфер. – Дэри Адыгэ Хасэ догъэлажьэ, тхьэмахуэм зыбжанэрэ дыщызэхуос. Псом хуэмыдэу сабийхэр къетшэлIэну тфIэфIщ, адыгэ лъэпкъым зэрыщыщыр ящIэжу къэдгъэхъун папщIэ. Ар цIыкIу щIыкIэ хыупщэмэ, гува-щIэхами и лъэпкъыбзэри хабзэри зыхилъхьэжынущ. Мы фестивалым псоми я нэ къыхуикIыу апхуэдэщ икIи зы къэмынэу зыкърагъэхьэлIэ. Европэм и къэралхэм сыт хуэдэ адыгэ зэхыхьэ щыIэми докIуэ дэ. ДэркIэ зэкъуэтыныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Нюрнберг щыIэ Адыгэ Хасэм и лIыкIуэщ абы дыщыщыIа махуэхэм зи машинэмкIэ дыкъезышэкIа Гугъэжь Мурат. Километр 700 хуэдиз къызэпачащ Нюрнберг къикIахэм. Мурати абыхэм ящыщ зыщ. «Унагъуэ 20 хуэдиз дэсщ Нюрнберг, ахэр зэроцIыху, Хасэм щызэIуощIэ, — жеIэ Мурат. — Нэмыцэм и дэнэ къали дэтщ апхуэдэ зы «адыгэ жьэгу» цIыкIу. Ахэр мыхъуамэ, куэд щIауэ дыхэшыпсыхьыжат. НэгъуэщI зы лэжьыгъэ щемыкIуэкIми, зэлъэпкъэгъухэр адыгэбзэкIэ ущызэпсалъэу Хасэ уиIэныр сэбэпышхуэщ. Ди Хасэм сабийхэм адыгэбзэ щрагъащIэ, къыщагъафэ. Мы фестивалыр илъэс къэс дэнэ щекIуэкIми докIуэ. Ди хасэми бжьыхьэм зы гуфIэгъуэ зэхыхьэ щызэхэтшэну ди мурадщ, мыбы щыпсэухэм фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэ Быщтокъуэ Азэмэт къедгъэблагъэу». Мурат и щхьэгъусэр Аушыджэр щыщщ, Гъутхэ япхъущ, зы щIалэ яIэщ.
1980 гъэ лъандэрэ Хасэ Iуэхум хэтщ Берлин Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Къумыкъу Уэхьбий. Тыркум щыпсэухэми, нэмыцэ щIыналъэм Iэпхъуахэми я Iуэху зыIутыр ещIэри, хэзыгъаплъэр нэхъыбэщ.
— Абазэхэр, абхъазхэр хэмыту, адыгэ унагъуэ 300 дэсу къыщIэкIынщ Берлин. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хасэм къекIуалIэр мащIэщ. Ди лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэн щхьэкIэ, хэкурысхэр ди дэIэпыкъуэгъуу лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIын хуейщ. Дыпсэлъамэ, Тыркум адыгэу мелуани 7-м нэблагъэ щыIэщ жыдоIэ. Нахуэу зэрыадыгэр имыгъэгъуащэу, и щхьэкуцIкIэ зищIэжу зы мелуан ису щытмэ, си пыIэжьыр щэ дэздзеинт, — жеIэ Уэхьбий. — Дэ ди зэманым нэгъуэщIу щытащ ди гупсысэкIэр. Ди бзэр дджыжыну дыхуимытрэ пэт, гъэпщкIуауэ деджэрт. Нобэ адыгэу дыкъызэтенэн щхьэкIэ, хэкум фIэкIа плъапIэ диIэ хъунукъым. Абы и лъэныкъуэкIэ, фэ, хэкурысхэми, къалэнышхуэ фи пщэ къыдохуэ. Совет Союзым и лъэхъэнэм сыщыIащ хэкум, абы щыгъуэм бгъэзэжмэ, уи щхьэр зэрыбгъэпсэужын IэнатIэ гуэр къыпхуагъэлъагъуэрт. Ауэ иджыпсту псэукIэми дэфтэрхэми ехьэлIауэ нэхъ гугъу хъуащ, дымыIэпхъуэжыфми, туристу дихьэжурэ ди ахъшэр хэкум къиднэу, ди зэпыщIэныгъэр едгъэфIакIуэу дыпсэуныр хэкIыпIэщ.
Уэхьбий зы щIалэрэ зы пщащэрэ иIэщ – Нартрэ Жанейрэ. Жаней Къэбэрдейм фIыуэ къыщацIыху, куэдрэ къокIуэж, ди университетым мазибгъукIэ адыгэбзэр щиджауэ уэр-сэру ещIэ. Мис а пщащэм и щапхъэр дуней псом щыбгъэлъэгъуэну урикъунщ. Адыгэну, адыгэ щIыгур зригъэлъагъуну, адыгэбзэр зригъэщIэну хуейти, и адэ-анэм япиубыдри, къэкIуэжащ. «Илъэсищ хъуху адыгэбзэкIэ фIэкIа псэлъакъым Жаней, итIанэ гъэсапIэм, еджапIэм кIуэн щIидзэри щыгъупщэжащ. Нэхъ балигъ къызэрыхъурэ жиIэт: «Гимназиер къэзухмэ, хэкум сыкIуэжынурэ зы илъэс си адыгэбзэр зэзгъэщIэным тезгъэкIуэдэнущ». Апхуэдэурэ еджапIэр къиухри, дипломыр къыщихьыжа махуэм къыджиIащ: «Иджы хэкум сывутIыпщ». Япэрауэ, пщащэр тфIэсабийт, етIуанэрауэ, ЦIыпIынэ Аслъэн щаукIа лъэхъэнэрат, зэрызехьэти, тфIэшынагъуэт. А псор зэдгъэзахуэу зыщитлъэфыхьым: «Сэ сыкъызэрыхъурэ си адэ-анэр адыгэ Iуэху иужь фитщ, Адыгэ Хасэм фыщолажьэ. Сэ хэкум сывмыгъакIуэмэ, фэ фщIэм зыри къикIкъыми, Iуэхум фыкъыпэрыкI», — жиIэри вакъэ зэв дригъэуват», — игу къегъэкIыж Уэхьбий.
КъагъэкIуащ Жаней Налшык, и бзэри зригъэщIащ, куэди зригъэцIыхуащ, ауэ, зэрыщыпсэун къызэрыщимылэжьыфым къыхэкIыу, Германием игъэзэжауэ щыIэщ, щIэх-щIэхыурэ и «дыщ» къэкIуэжу.
Кёльн Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Псыбланэ Фарукъи и щIалэ МураткIэ къепхащ хэкужьым. Мурат Мейкъуапэ къэкIуэжри, «Налмэс» ансамблым илъэсиплIкIэ къыщыфащ, илъэситIкIэ пшынауэу щытащ, иджы Нэхущ Чэрим и гъусэщ, пшынауэу Налшык щолажьэ. Мурат нэхърэ нэхъыжьу зы щIалэрэ зы пщащэрэ иIэщи, ахэр унагъуэщ, Кёльн дэсщ.
— Унагъуэ 500 хуэдиз дэсщ Кёльн. ЦIыхуи 104-м хэтыпщIэ къату Хасэм къокIуалIэ, ахъшэ къэзымыту къакIуэхэри щыIэщ. Илъэси 10-15 хъухэр зыхэт къэфакIуэ гуп диIэщ, Iэмал зэриIэкIэ бзэр зэредгъэщIэным иужь дитщ, — жеIэ Фарукъ. — Дэ Тыркуращ дыкъыщыхъуар. Адыгэхэр къуажэ-къуажэу дызэхэсу, ди адэ-анэхэр адыгэбзэкIэ псалъэу, радио, телевизор димыIэу дыкъэхъуати, бзэр фIыуэ тщIащ. Иджырей щIалэгъуалэм анэдэлъхубзэр ебгъэщIэныр куэдкIэ нэхъ гугъу хъуащ, мыбы адэ-анэхэр жэщи-махуи елэжьын хуейщ, армыхъумэ Хасэ IуэхукIэ зэфIэкIынукъым. Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм къалэнышхуэ егъэзащIэ. ЦIыху зыбжанэ фэкIа дымыхъуу щыщытар сощIэж сэ, япэ фестиваль зэрызыхэтшари сощIэж, Хасэм къакIуэ хабзэхэм фIэкIа хэмыту. ИужькIэ Германием щыпсэу адыгэ псори къекIуалIэ хъуащ, итIанэ нэгъуэщI къэралхэми къикIыу щIадзащ. Хэкужьым ещхьу адыгагъэр ину «къемышхми», мащIэу къыттоткIуэ. Иджыпсту интернетыр диIэщи, хэкум нэхъ дыпыщIа хъуащ, абы щащIэхэр-щалэжьхэр дэри къыдогъэсэбэп. Ахэр зылъагъу ди щIалэгъуалэми ягу къегъэуш.
Апхуэдэ щIалэгъуалэ зэпыщIэныгъэм и щыхьэтщ мы фестивалым Теунэ Джэмал зэрыхэтари. «Германием щыпсэу адыгэ щIалэхэр си ныбжьэгъущ, — жеIэ абы. – Ахэращ сыкъезыгъэблэгъари. Нэмыцэм щыпсэу ди къуэшхэр зэрыадыгэм зэрыригушхуэр, ар ягъэлъэгъуэну зэрыхэтыр умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Уеблэмэ, Къэбэрдейм щыщхэм нэхърэ нэхъыбэу пщIэ хуащI адыгэ фащэм, адыгэмэ зыщыуа хьэпшып цIыкIум, нэхъыщхьэращи, я бзэр зэрагъэщIэжыну яужь итщ. Сэ гу зэрылъыстамкIэ, щыцIыкIум деж нэмыцэбзэм иреджэурэ дехьэхри, я анэдэлъхубзэр Iэпэдэгъэлэл мэхъу, ауэ, балигъ зэрыхъуу, адыгэбзэр зэрагъэщIэж, нэхъуеиншэу Хасэхэм кIуэн щIадзэ. Германием щыпсэу адыгэхэр нэмыцэхэм яхэшыпсыхьыжынукъым, ар си фIэщ ящIащ сэ си ныбжь щIалэгъуалэм, куэд щIауэ си ныбжьэгъухэми, иджы зэзгъэцIыхуахэми».
Москва щыIэ «Адыгэхэр» фондым и унафэщI Къэжэр Ланэ фестивалыр щекIуэкIа махуэхэм языхэзым щигъэлъэгъуащ фондым иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ проект гъэщIэгъуэнхэмрэ. Социальнэ сетхэм Iэмал куэд къыует иджыпсту. Хамэ къэралхэм къыщыдагъэкI таурыхъхэр адыгэбзэкIэ зэрызэрадзэкIыр, лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр студием кърагъэблагъэурэ къызэрагъэпсалъэр, къэфакIуэ гуп Москва зэрыщызэхашар, нэгъуэщI Iуэхухэри яфIэгъэщIэгъунти, ар утыку кърахьэмэ, яфIэигъуэу ирагъэблэгъащ Ланэ.
— Мыбыхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ хэкум щекIуэкI лэжьыгъэми, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, езыхэр адрейхэм яхэмышыпсыхьыжын щхьэкIэ Iэмал гуэрхэр къагупсыс зэпытщи, ди дежи щIэгъэкъуэн къыщалъыхъуэ, — жеIэ Ланэ. – Сэ си адэ Къэжэр Альберт гулъытэ хэха хуищIу щытащ хамэщI щыпсэу адыгэхэм. ИкIи щэнхабзэ зэпыщIэныгъэр егъэфIэкIуэным теухуа проект иригъажьэри, 2012 гъэм хамэ къэрал щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр нригъэблэгъауэ щытащ, мис абы къыпызыщэ Iуэхуу аращ мыри. Хэкум исхэм къафIэIуэхукъым мыбы щыпсэухэр зэгупсыс псор, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, я нэхъыжьхэм я жьауэм щIэту, зыщIэупщIэм и жэуап ягъуэту, я бзэр дэнэ дежи къыщагъэсэбэпыфу апхуэдэщ.
Тхыдэм лъэужьышхуэ къыхэзына лъэпкъыжьщ дэ дыкъызыхэкIар, ар дгъэкIуэд, хэхэсхэм ящыдгъэгъупщэ хъунукъым. Мыпхуэдэурэ дызэкIэлъыкIуэмэ, дызэдэIэпыкъумэ, тхузэфIэкIынущ ар. Си щхьэкIэ си гуапэ мэхъу адыгэбзэр шэрыуэ дыдэу яIурымылъми, къызыхэкIар ящIэжу, щхьэж зэрыпсалъэ бзэмкIэ я лъэпкъыр зыхуэдэм тепсэлъыхьу щIалэгъуалэр къызэрыббгъэдэсыр.
Гур зэрыгъур куэдми, гугъапIэ дахэхэр уэзыгъэщIщ зэхуэсым щытлъэгъуа зэхэтыкIэр. Зыми химыгъэзыхьауэ километр щэ бжыгъэ къызэпачу, кхъухьлъатэкIэ къэлъатэу ди лъэпкъэгъухэр щэнхабзэ фестивалым зэрыхэт къудейм къегъэлъагъуэ европей адыгэхэр я лъэпкъым зэрыхуэпэжыр.
Тхыгъэри сурэтхэри зейр НэщIэпыджэ Замирэщ,
Остердамме-Дюссельдорф-Налшык.