Новости

ЩIэблэр зэкъуегъэувэ

Адыгэ ныпым и махуэр накъыгъэм и 25-м Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ. Абы хэта щIалэгъуалэр пщыхьэщхьэм Абхъазым и утым гуапэу къыщрагъэблэгъэжащ. Абдеж щызэхуэсат нэхъыжьхэр, адыгэ фащэ екIу зыщыгъ щIалэгъуалэр, махуэшхуэр зейхэм дагъэлъэпIэну зыкърезыгъэхьэлIа республикэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Iуэхур къызэрагъэпэщащ икIи абы хэтащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ (тхьэмадэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ) Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советымрэ (унафэщIыр Къалмыкъ Жылэбийщ). Абыхэм ядэIэпыкъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

«Нарт Хэку» щIалэгъуалэ хасэм и жэрдэмкIэ, Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэным теухуа Iуэхум хыхьэу шылэм къыхэщIыкIа адыгэ нып щхъуантIэхэр зыщхьэщыхуарзэ машинэ псынщIэхэм ис, шууей щIалэгъуалэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэр зэщIагъэхьэри, пщыхьэщхьэм Налшык Абхъазым и утым къекIуэлIэжащ, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ гъусэ къащыхуэхъуахэр ящIыгъуу. Зэрыгушхуэ лъэпкъ ныпыр зыщхьэщыт щIалэгъуалэм я нэгум гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къищу Абхъазым и утыр «яуфэбгъуащ». ЩIалэгъуалэр махуэшхуэм нэхъри зэрызэкъуигъэувэр гуапэт.

— Мы махуэшхуэм и мыхьэнэр щIалэгъуалэм кIуэ пэтми нэхъ зэрызыхащIэм, абы зэрызэкъуигъэувэм дрогушхуэ. Iуэху дахэр нэхъыжьхэми ядыдоIыгъ. Махуэшхуэм хэт щIалэгъуалэм я бжыгъэм гъэ къэси къызэрыхэхъуэм дрогушхуэ, — жиIащ «Адыгэ унэ» тыкуэныр зыгъэлажьэ IутIыж Мэжид. — Ди къэкIуэнур зэлъыта щIэблэр пэжу дунейм фытетыну фыкъыхузоджэ. Дызэкъуэту дыпсэумэщ ди лъэпкъ Iуэхухэр щытхудэгъэкIынур, щIыналъэм зыщытхуегъэужьынур. Зэхыхьэ гуапэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ фхуэфащэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм ехъулIэныгъэ, зыужьыныгъэ диIэну, мамыру дыпсэуну, Адыгэ бэракъым и махуэр зыгъэлъэпIэну щIэблэ дыщымыщIэну Тхьэм жиIэ!

Пщыхьэщхьэм утыкум концертрэ джэгу гукъинэжрэ щрагъэкIуэкIащ. ХьэтиякIуэм хабзэм тету (щIалэхэр сэмэгурабгъумкIэ, хъыджэбзхэр ижьырабгъумкIэ къыщыту) утыкур хуит яхуищIри, джэгур зэхиублащ. Адыгэ фащэ екIур къызыщыпс щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ дахэу, щэныфIэу утыку итащ. Пшапэр зэхэуэху щIалэгъуалэм я нэгу зрагъэужьащ.

Хабзэ зэрыхъуауэ, Адыгэ ныпым и махуэр Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу нэгъуэщI щIыналъэхэми щагъэлъэпIащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

«Адыгэ псалъэ»

Related posts

Leave a Comment