Новости

Накъыгъэм (майм) и 21-р адыгэхэм я Щыгъуэ-щIэж махуэщ

        Адыгэхэм я  Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIыну программэ

Накъыгъэм и 15-м   Дунейпсо Адыгэ Хасэм  иригъэкIуэкIащ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 154-рэ зэрырикъумкIэ теухуауэ  зэIущIэ. Абы хэтахэщ ДАХ-и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий,  Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор, Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ  Хьэчим, ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр,  адыгэ  жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ накъыгъэм и 20 – 21 махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыхьауэ зэрыщытынум, абы хэтынухэм.

 

                                                                Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIыну программэм щыгъуазэ фыхудощI:

Накъыгъэм и 20-м сыхьэт 19-м Псэ жыгым деж Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь щекIуэкIынущ. Сыхьэт 21-м ирихьэлIэу абдеж щыщIагъэнэнущ шэху уэздыгъэхэр.

Накъыгъэм и 21-м сыхьэти 9.30-10.00-м Налшык къалэ дэт ГъущI гъуэгу вокзалым деж цIыхухэр щызэхуэсынущ. СыхьэтипщIым абдеж къыIукIынурэ Лениным и уэрамым (Лениным – Балъкъэрым – ЩоджэнцIыкIум – КIыщокъуэм я уэрамхэм) цIыхубэр ирикIуэнущ. Псэ жыгым деж нэса нэужь, сыхьэтыр 11-рэ дэкъикъэ 30-м  пэкIум щIидзэнущ.

Шу гупыр сыхьэти 8.00-9.30-м Ипподромым и гупэ утым деж щызэхуэсынурэ Псэ жыгым екIуэлIэнущ. (Абыхэм я гъуэгур: Мэлбахъуэм – Осетинскэм – Лениным – Балъкъэрым – ЩоджэнцIыкIум – КIыщокъуэм я уэрамхэрщ).

Апхуэдэуи Сэралъп Мадинэ и арт-унэм выставкэ дахэ къыщызэригъэпэщынущ сыхьэтыр 12-рэ дэкъикъэ 30-м.

Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм фильм щекIуэкIынущ Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ) теухуауэ сыхьэтыр 13.00-м.

А махуэм  сыхьэтыр 13-рэ дэкъикъэ 30-м СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм  къыщызэIуахынущ абы и фондым къыхаха экспонатхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.

Накъыгъэм и 21-м къыдэкIынущ Щыгъуэ-щIэж махуэм теухуа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэм я къыдэкIыгъуэ зэхэтхэр.

Адыгэхэм я  Щыгъуэ-щIэж махуэм хэтыну Тыркум къикIынурэ цIыху 40-м щIыгъу къэкIуэнущ. Программэ щхьэхуэм тету ахэр Тэрч, Шэрэдж районхэм, Iуащхьэмахуэ лъапэ кIуэнухэщ/

Related posts

Leave a Comment