Новости

Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и X-нэ Конгрессыр   Бремен къалэм щекIуэкIащ

Европэм щыпсэу адыгэхэм я щэнхабзэ федерацэм и X-нэ Конгрессыр мэзаем и 2-м   Бремен къалэм щекIуэкIащ

Хасэм и хабзэм тету,  мазэ и пэкIэ, Конгрессым игъэзэщIэн хуей Iухугъуэхэр нахуэ къэзыщI,  езыгъэблэгъэ тхылъхэр Хасащхьэм и тхьэмадэм яхуригъэхьащ Федерацэм къыхыхьэу Хаси I0-м  я тхьэмадэхэм.

Мэзаем и 2-м Конгрессым кърихьэлIа лIыкIуэхэр жыджэру хэлэжьыхьащ  махуэ псом зэхэта зэхуэсым. Абы утыку кърихьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ:

  1. БлэкIа илъэситIым хасэм илэжьар къэпщытэжыныр.
  2. Хасэм и Уставым и Параграфи 4-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэныр.
  3. Европэ Адыгэ Хасащхьэм ( Федэрацэм) и тхьэмадэ хэхыныр.

Хасэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан Конгрессыр къызэIуихри блэкIа илъэситIым хасэм илэжьахэм  тепсэлъыхащ. Федэрацэр зыгъэбэгъуа хасэхэм куэду зэрагъэгушхуари, нэгъуэщI хасэхэми а гъуэгум къытехьэнхэкIэ зэращыгугъыр яжриIа нэужъ,  Хасэр щIызэхуэса Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм яужь ихьахэщ.

Хасэм и Уставым и Параграфи 4  зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ

 Тхьэмадэ хэхыныгъэу ирагъэкIуэкIам, ДыщэкI Эртанрэ Ворокъуэ Затийрэ хэтащ.

Европэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу илъэситI пIалъэкIэ хахащ ДыщэкI Эртан.

ПщIэ зыхуэтщI ДыщэкI  Эртан!

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сынохъуэхъу Европэм щыпсэу адыгэхэм  я щэнхабзэ федерацэм  и Тхьэмадэу узэрыхахыжам  папщIэ!

Европэм щыпсэу адыгэхэм  я щэнхабзэ федерацэми Дунейпсо Адыгэ Хасэми я лэжьыгьэм жыджэру ухэтщ. Дэ уэ дыпщогугъ адыгэ лъэпкъ хабзэ дахэхэр, адыгэбзэр фыщыпсэу къэралхэм  щыхъумэным, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ я зэпыщIэныгъэр нэхъ куу икIи быдэ хъун папщIэ сыт щыгъуи гулъытэ хуэпщIыну, ипэкIэ бгъэкIуэтэну. А къалэн мытыншым узэрыпэлъэщынур ди фIэщ мэхъу.

ДигукIи ди псэкIи дынохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ,  гъуэгуанэ дахэ ин уиIэну.

ПщIэ къыпхуэзыщI,

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий

Related posts

Leave a Comment