Новости

ДыщэкI Эртан аргуэру хахыж

Бремен къалэм (Германие) щекIуэкIащ Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и зи чэзу зэхыхьэшхуэр. Абы хэтащ федерацэм и Хасэ къудами 10-м я унафэщIхэмрэ лIыкIуэхэмрэ.

 Хасэхэм къабгъэдэкI лIыкIуэ 20-м нэмыщI, цIыхуи 100-м щIигъу щызэхуэса зэIущIэм Щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэ ДыщэкI Эртан щытепсэлъыхьащ илъэситIым къриубыдэу ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм, нэмыцэхэм яхэс адыгэхэм я гугъуехьхэм, хэхэсхэм я бзэмрэ щэнхабзэмрэ хъума зэрыхъуну щIыкIэм.

Тхьэмадэм Хасэм хэтхэр къыхуриджащ дяпэкIэ нэхъ жыджэру зэдэлэжьэну, Германием и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIэ Хасэ псори федерацэм къыхыхьэну, федерацэм и IуэхущIапIэ щхьэхуэ бэджэнду къащтэу сабийхэр бзэм хуегъэджэныр, къафэм хуегъэсэныр къызэрагъэпэщыну. КъищынэмыщIауэ, Эртан дыщIигъуащ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу зызрапщытыпхъэу къилъытэхэр: Германием и зы университетым адыгэм и тхыдэр щаджу зэтеублэныр, апхуэдэуи зи хэку зрагъэбгынэу дуней псом щикъухьа хъуа адыгэ лъэпкъым и зы фэеплъ а къэралым щагъэувыныр, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу къахуэхъунущ Тыркум щыIэ музейр.

Зэхыхьэшхуэр нэхъыщхьэу щIызэхашар Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм и тхьэмадэр хэхын хуейуэ арати, къыкIэлъыкIуэ илъэситIми а къалэныр пщэрылъ щащIыжащ ДыщэкI Эртан. Къызэхуэсахэм Эртан фIыщэ хуащIащ иджыри къэс лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зэрызэфIихам папщIэ икIи къыхагъэщащ европэ федерацэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэлажьэ зэрыхъуамкIэ абы фIыщIэ зэрыхуэфащэр, езы Эртан ДАХ-м и вице-президент зэращIар абы зэрищыхьэтыр икIи дяпэкIэ а зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ хъуным телэжьэну зэрыщыгугъыр жаIащ.

Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэпыщIам, нобэ ахэр интернеткIэ зэрызэрыщIэм и щыхьэтщ, зэхуэсым къекIуэлIахэм я жэрдэмкIэ, Лашынкъей щыщ адыгэ унагъуэм ахъшэ зэрыхузэхуахьэсар. Унагъуэм я унэр мафIэм зэрисар Инстаграмым къралъхьат, дэIэпыкъуэгъу хъуну цIыхухэр къыхураджэу.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Европэм щыпсэу адыгэхэм я Щэнхабзэ федерацэм адыгэ щэнхабзэм и махуэхэр гъэ къэс къалэ зэмыщхьхэм къыщызэрагъэпэщ. Абы щызэхуос Австрие, Швейцарие, Бельгие, Финляндие, Франджы, Голландие европэ къэралхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикI адыгэхэр. Нэгъабэ фестивалыр Бремен Хасэм иригъэкIуэкIащ, мы гъэм чэзур Берлин Хасэм къылъысащ, ар гъатхэпэм екIуэкIынущ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Related posts

Leave a Comment