Новости

ХъыбарегъащIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, гъатхэпэм и 14-м адыгэ зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIынущ «Адыгэ Диктант». ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ Хасэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гупыж зиIэхэр. Налшык къалэ «Адыгэ диктантыр» щек1уэк1ынущ:
— Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм, сыхьэтыр 13.00 – м щIидзэу;
— Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и №501(СГИ), №303 (ИПЭиФ) пэшхэм, сыхьэтыр 13.00-м щIидзэу.
Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ зэхаша «Адыгэ диктантым» фыхэтыну фыкъыхудоджэ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэ мащIэ зыщIэ цIыхури. ИджыкIэ ар зэрекIуэкIыну жыпхъэ убзыхуам ДАХ-м и сайтым фыкъыщеджэ хъунущ: http://intercircass.org/?p=7521
УпщIэ зиIэхэр 89286934817 тел. фыпсалъэ хъунущ

Related posts

Leave a Comment