Щыгъуэ псалъэ
Гъатхэпэм и 15-м Новэ Зеландием къыщыхъуа гузэвэгъуэм цIыху куэд хэкIуэдащ. Илъэс зыбжанэ ипэ Сирием къыщыхъея зауэм и зэранкIэ и унагъуэр игъусэу Новэ Зеландием Iэпхъуа ди лъэпкъэгъу щIалэ -Халед Мустэфарэ (илъэс 44-рэ) абы и къуэ Хьэмзарэ (илъэс 28-рэ) мэжджытым къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдащ. Мустэфа и щIалэ нэхъыщIэ-Заид (илъэс 13) уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ сымаджэщым щIэлъщ.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм, ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр дунейм ехыжахэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яхуогузавэ.