Новости

Щыгъуэ махуэр зэрекIуэкIынур

 

Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъумкIэ КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм я иужьрей зэIущIэр махуэку кIуам екIуэкIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд и деж щызэхуэса къулыкъущIэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ тепсэлъыхьащ накъыгъэм и 20 — 2I-хэм Щыгъуэ-щэж махуэм епха дауэдапщэхэр Налшык къалэ зэрыщекIуэкIынум. Абы теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствам и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIап1эхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулат, Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ульбашев Ислъам, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, КъБР-м и адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий сымэ, нэгъуэщIхэри.

КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм яубзыхуащ Щыгъуэ — щIэж махуэр зэрекIуэкIыну щIыкIэр. Абы щыгъуазэ фыхудощI:

Накъыгъэм и 20-м сыхьэт 19-м Псэ жыгым деж Адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь щекIуэкIынущ.

Сыхьэт 20-м абдеж щыщIагъэнэнущ шэху уэздыгъэхэр.

Накъыгъэм и 21-м сыхьэти 9.00 — 10.00-м Налшык къалэ дэт ГъущI гъуэгу вокзалым деж цIыхухэр щызэхуэсынущ. Сыхьэти 10-м лъэсырыкIуэхэр ежьэнурэ Лениным — Балъкъэрым — ЩоджэнцIыкIум — КIыщокъуэм я уэрамхэм цIыхубэр ирикIуэнущ.

Шу гупыр сыхьэти 8-рэ дакъикъэ 30-м ипподромым и гупэ утыкум деж щызэхуэсынурэ сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 20-м Псэ жыгым екIуэлIэнущ. (Абыхэм я гъуэгур: Мэлбахъуэм — Осетинскэм — Лениным — Балъкъэрым — ЩоджэнцIыкIум — КIыщокъуэм я уэрамхэрщ).

Псэ жыгым деж псори щызэхуэса нэужь, сыхьэт 11- рэ дакъикъэ 40-м пэкIум щIидзэнущ. Сыхьэт 12-м дунейм адыгэу тетыр зы дакъикъэкIэ щыгъуэнущ. Сыхьэт 12-рэ дакъикъи 10-м фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.

А махуэм сыхьэт 13-м КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым Iуэхум ехьэлIа сурэт гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуахынущ.

Мы гъэм пэкIум хэтынущ Тыркум къикIыну ди лъэпкъэгъухэри.

Related posts

Leave a Comment