Новости

ХЪУЭХЪУ

ПщIэ зыхуэсщI ди цIыхубз лъапIэхэ!

Дунейпсо Адыгэ  Хасэм и ГъэзэщIакIуэ  гупым, сэ къызбгъэдэкIыу   ЦIыхубзхэм я дунейпсо  махуэмкIэ   си гуапэу  сынывохъуэхъу!
Къыпхуэмылъытэну инщ хэкум, лъэпкъым и зыужьыныгъэм цIыхубзхэм  хуэфщI хэлъхьэныгъэр. Узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, спортым, щэнхабзэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэри егъэфIэкIуэным жыджэру  фи гуащIэ хыволъхьэ.  Адыгэ цIыхубз   куэд я акъылкIэ, зэфIэкIкIэ, гъэсэныгъэкIэ, дахагъэкIэ  дуней псом щыцIэрыIуэщ.
Фэращ унагъуэ жьэгур зыхъумэр, абы илъ гуапагъэр, зэгурыIуэныгъэр зэлъытар. КъыдэкIуэтей щIэблэр гъэсэныр, ахэр зыхэт дунейм декIуу къэгъэтэджыныр, щIэныгъэм гу хуегъэщIыныр, щIыхь зыпылъ нэгъуэщI Iуэху куэди  ехъулIэу къызывогъэпэщ. ЦIыхубзыр–анэщ, анэшхуэщ, пхъущ, шыпхъущ,  щхьэгъусэщ. 
ФIыщIэшхуэ фхудощI икIи дропагэ  фи пщэм къыдэхуэ а къалэн мытыншхэм  фазэрыпэлъэщым папщIэ.
Узыншагъэ быдэ фиIэну, фIылъагъуныгъэ фыщымыщIэну, фIыуэ флъагъухэм дэрэжэгъуэ къывату, гурыфIыгъуэр къывэбэкIыу, цIыхубз насып куум фыдэщIэращIэу  фыпсэуну си гуапэщ!

ПщIэ къыфхуэзыщI,
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Related posts

Leave a Comment