Новости

Дунейм и щIыпIэ куэдым адыгэбзэмкIэ диктант щатх

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ илъэситI ипэкIэ ирагъэжьа «Адыгэ диктантым» мы гъэми пащащ. Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща мы Iуэхугъуэр, адрей гъэхэми хуэдэу, ди лъэпкъэгъухэр зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIащ. Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым щыщхьэм анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ДАХ-м къыхыхьэ хасэхэм.

Егъэджэныгъэ акцэм  нэхъри зеубгъу, щIэщыгъуэ гуэрхэр къыхыхьэу йокIуэкI. Апхуэдэу, 2021 гъэм пандемием дызригъэува щытыкIэм теухуауэ, «Адыгэ диктантым» и къызэгъэпэщакIуэхэм онлайн тхыкIэр къыхагъэхьащ. А щIыкIэм тету, дэтхэнэ зыми ДАХ-м и ютуб-каналыр къызэIуихыу Iэмал иIащ унэм е лэжьапIэм щIэсу Iуэхугъуэм къыхыхьэну.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрийрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым «Адыгэ диктантым» хэтыну къекIуэлIахэм гуапэу зыхуагъэзащ. Ахэр къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ Адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ, фIыщIэ хуащIащ апхуэдэ жэрдэм зэращIам папщIэ икIи къыхагъэщащ мы Iуэхугъуэм лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Апхуэдэу Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ сыхьэт 15-м щIадзэу диктантыр КъБР-м, КъШР-м, Адыгейм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, къэрал 43-м щыпсэу адыгэхэм зэратхыр.

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм и пэш хуитышхуэм адыгэбзэмкIэ яхузэфIэкIыр къахутэну жэрдэм зыщIауэ мы махуэм кърихьэлIахэм яхэтт куэдым къацIыху жылагъуэ лэжьакIуэхэр, радио — тележурналистхэр, нэгъуэщIхэри. КъекIуэлIахэм фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд икIи къыхигъэщащ Iуэхугъуэ екIуэкIыр адыгэбзэм и пщIэр къэIэтынымкIэ куэду зэрыщхьэпэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым «Адыгэ диктантым» хэтыну къекIуэлIахэри мащIэтэкъым. Студентхэм ар езыгъэтха егъэджакIуэ Къардэн Олеся зэрыжиIэмкIэ, зыхэт Iуэхугъуэр лъэпкъ Iуэхуу зэрыщытым тригъэгушхуауэ, зэдаIыгъыу елэжьахэщ кърихьэлIахэр тхыгъэм.

КъБР-м и районхэм ит еджапIэхэми щатхащ мы махуэм диктантыр. ЕджакIуэхэм, егъэджакIуэхэм нэмыщI, абыхэм къекIуэлIащ хъыбарыр зыIэрыхьа, Iуэху щхьэпэм хэтыну гукъыдэж зыщIа къуажэдэсхэр. Лъэпкъ Iуэхум жыджэру хэтащ къалэ, район администрацэхэм я унафэщIхэр, къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр. Апхуэдэу, Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим къалэ еджапIэхэм языхэзым диктантыр щитхащ еджакIуэ цIыкIухэм ящIыгъуу классым щIэсу.Налшык къалэ дэт гимназие №4-м и унафэщI Нэгъуей Риммэ анэдэлъхубзэмкIэ диктант тхынымкIэ и зэфIэкIхэр къигъэлъэгъуащ и еджакIуэ цIыкIухэм я гъусэу.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхыхьэ хасэхэр зэхэт щIыпIэ куэдми къыщызэрагъэпэщат мы Iуэхугъуэр. Апхуэдэу Тыркум щыIэ КАФФЕД федерацэм щыщ хасэхэм «Адыгэ диктантыр» къыдаIыгъащ хэкурысхэм. Онлайн щIыкIэу абы хэта нэужь, ДАХ-м и электрон пощтым кърагъэхьащ ди къэралым щыпсэухэм нэмыщI, дуней псом щикъухьа адыгэхэм я лэжьыгъэ куэд. АнэдэлъхубзэмкIэ я зэфIэкIыр зэхуэмыдэми, дэтхэнэри тезыгъэгушхуэ къару хэлъщ мыбы — зэгъусэу лъэпкъ Iуэху зэрыхэтыр, адыгэбзэр хъумэныр псоми я къалэну зэрыщытыр зэрызыхащIэр.

Ди къэралым и кIуэцIкIэ хуабжьу жыджэру мы Iуэхугъуэм хэтащ адыгэ щыпсэу щIыналъэ зыбжанэ.

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Шэрджэс Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алии щIыналъэ зыбжанэм щригъэкIуэкIащ диктантыр икIи абы хэтыну гупыж зыщIахэр мащIэтэкъым. ЕджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ зэгъусэу зы Iуэху щыхэткIэ, абыхэм къагуроIуэ абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр, цIыхум и гъащIэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдыр.

ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэт, Ставрополь къалэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ дэгъуэу къызэригъэпэщат а къалэм щрагъэкIуэкIа диктантыр. Адыгэбзэм хуащI гулъытэр къагъэлъагъуэу, зыхэс лъэпкъым хэмышыпсыхьыжыныр я гуращэу щIалэгъуалэри нэхъ ныбжь зиIэхэри Хасэ хэщIапIэм щызэхуэсри, тхыгъэмкIэ я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ.

Мэдзэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ ХьэбытIэ Вячеслав жыджэру зыхэлэжьыхьа мы Iуэхугъуэм хэтащ цIыху 40-м щIигъу. Мэздэгу къалэм щызэхаубла «Адыгэ диктантым» кърихьэлIат школакIуэ цIыкIухэри нэхъыжьыфIхэри. Лъэпкъыбзэр хъумэным иIэ мыхьэнэр куууэ зыхэзыщIэ нэхъыжьыфIхэр щIалэгъуалэм еущияхэщ анэдэлъхубзэр IэщIыб ямыщIыну.

«Адыгэ диктантым» и хъыбарыр ялъэIэсат Москва дэс адыгэхэми. Абы щылажьэ «Черкесия» къэфакIуэ гупым и гъэсакIуэ Шорэ Анзоррэ адыгэбзэмкIэ курсхэм я егъэджакIуэ БжьыхьэлI Маринэрэ гупыж ящIри, диктаныр щатхащ а къалэми.

ДАХ-м иригъэжьа мы Iуэхугъуэр цIыхухэм зэлъащIысын папщIэ интернет, телевиденэ, радио Iэмалхэр къэгъэсэбэпын хуейт. Мыбы и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ ДАХ-м и гъэзэщIакIуэ гупым хэтхэу Шыбзыхъуэ Юрэрэ Борэ Елдаррэ. Бэджыдэ Елдар триха видео къыхуеджэныгъэхэр куэду цIыхухэм ягу ирихьащ, икIи Iуэхур щыгъуазэ щIынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ.

Хэт и дежкIи гурыIуэгъуэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и закъуэ къарукIэ мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр къызэремыхъулIэнур. Къыхэгъэщыпхъэщ КъБР-м и щIыналъэхэм щыIэ егъэджэныгъэмкIэ управленэхэм лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахар акцэм теухуауэ цIыхухэм хъыбар яIэрыгъэхьэнымкIэ, хэтыну гукъэкI зыщIахэм ар щатхыну щIыпIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ. Апхуэдэу, си гуапэщ я цIэ къисIуэну Бахъсэн щIыналъэм щыщ Ло Иринэрэ Даур Мадинэрэ (мы щIыналъэм цIыху  3173-рэ хэтащ); Тэрч щIыналъэм — Хьэгъур Светланэ, Аруан щIыналъэм — Балъкъэр Альбинэ, Шэджэм щIыналъэм — Дудар Маринэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэм — Псэныкъуэ Iэминат, Налшык къалэм ЛIыIэщын Людмилэ сымэ.

Дунейпсо Адыгэ диктантым кърикIуахэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIхэр хэплъэжынущ икIи нэхъ къыхэжаныкIахэр ДАХ-м и Хасащхьэу Налшык мыгувэу щызэхэтынум ирагъэблэгъэнурэ абы щагъэлъэпIэнущ. Iуэхугъуэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэ электрон сертификатхэр гупыж зыщIхэм Iэрагъэхьэжынущ.

Ди гугъэщ Дунейпсо Адыгэ Хасэм иригъэжьа Iуэху дахэм адэкIи зиубгъуну. Адыгэбзэр хъумэным, щIэблэм яIурылъхьэным, хабзэм щIэпIыкIыным ехьэлIауэ дэтхэнэ цIыхуми и пщэ къыдэхуэ къалэныр игъэзащIэу дызыхэт зэманым хэпсэукIыфмэ, лъэпкъми лей къытехьэнкъым.

ЩОДЖЭН Iэминат.

Мы гъэм «Адыгэ диктантым» щатхыну къыхахар гъатхэпэм и 14-м зи ныбжьыр илъэс 84-рэ ирикъуа Къэрмокъуэ Хьэмид и «Нэгумэ Шорэрэ адыгэ IуэрыIуатэмрэ» тхыгъэрат. КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэралъытамкIэ, диктанту зэратхыным къыдэкIуэу, тхыгъэм зи гугъу щищIыр къахуэщхьэпэнуи щытын хуейщ. Адыгэ тхыбзэр зэфIэувэн и лъэныкъуэкIэ Нэгумэ Шорэ и Iэужьхэм мыхьэнэшхуэ зэраIар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым, ар Къэрмокъуэ Хьэмид и тхыгъэм IупщIу къыщыгъэлъэгъуащ.

Нэгумэ Шорэрэ адыгэ IуэрыIуатэмрэ

Дэтхэнэ лъэпкъми ижь-ижьыж лъандэрэ къыдогъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэр. IуэрыIуатэм и къуэпсхэм жыжьэ дыдэ задз, цIыхум бзэ зэригъуэт лъандэрэ жэпхъын щIадзащ абы и пкъыгъуэхэм. IуэрыIуатэм ди деж къихьэсащ а лIэщIыгъуэхэм я тхыдэр. ГурыIуэгъуэщ IуэрыIуатэм мыхьэнэ ин дыдэ зэриIэр: ар художественнэ хъугъуэфIыгъуэ къудейкъым, атIэ лъэпкъым и тхыдэ пэлъытэщ, тхыдэм и пшыналъэкIи уеджэ хъуну. Псом хуэдэжкъым тхыбзэншэу къэгъуэгурыкIуа лъэпкъым дежкIэ. Абы пасэу гу лъитэгъащ Нэгумэ Шорэ.

Нэгумэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм – «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» лъабжьэ хуэхъуар IуэрыIуатэрщ. Шорэ «къэбэрдейхэм къаIуэтэж хъыбархэм япкъ иткIэ» зэригъэпэща лэжьыгъэм ущрохьэлIэ пасэрей хъыбархэм, уэрэдыжьхэм, псалъэжьхэм. Ахэращ адыгэхэм я пасэрей тхыдэр ди деж къэзыхьэсар.

«Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» и зэхэлъыкIэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэт Шорэ, лъэпкъым и тхыдэр тхыжын мурад зыщIым дежкIэ ар хэкIыпIэ телъыджэт. Абы IуэрыIуатэм къыхиха хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ щыгъуазэ защыхуэпщIкIэ, нэрылъагъу къыпщохъу абы и хэкумрэ и лъэпкъымрэ игъэлъэпIэн мурад зэриIар. Нэгумэм и щIасэщ хэкум и хуитыныгъэм щIэзэу лIыхъужьхэр, ахэр зэрыхузэфIэкIкIэ егъафIэ, адыгэ тхыдэр лIыгъэрэ щIыхькIэ зэрыпсыхьам ирогушхуэ.

Нэгумэ Шорэ къызэринэкIа лэжьыгъэр ди лъэпкъым дежкIэ фIыгъуэ мылъытэщ, абы и цIэмрэ и гуащIэдэкIымрэ ягъэбжьыфIэ адыгэ тхыдэр. «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» нэмыщI, Шорэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэбзэм и грамматикэрэ и псалъалъэрэ. Апхуэдэу адыгэ тхыбзэми и зэхэублакIуэщ ар. Нэгумэм итхыгъат: «СлъэкIым хуэдиз сщIащ сэ, фIыгъуэ зэрызлэжьыным сыхуэпсэуащ. Ухыгъэмрэ къэхъугъэр зи Iэмырымрэ солъэIу анэдэлъхубзэм хузиIа лъагъуныгъэр здэзыгуэшын си ужь къихъуэнкIэ…»

Related posts

Leave a Comment