Новости

Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр

Иджыблагъэ Осетие Ищхъэрэ – Аланием хыхьэ Мэздэгу къалэм щызэхэтащ «Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо зэхуэсыр.

Мэздэгу адыгэхэр щIыналъитIым, Осетие Ищхъэрэмрэ Ставрополь щIыналъэмрэ, щопсэу, я бжыгъэкIэ щызэхуэдэу. Псори зэхэту мини 6-м тIэкIу щIигъуу аращ. 2020 гъэм ирагъэкIуэкIа жылэ къыхэтхыкI цIыкIум къызэригъэлъэгъуамкIэ, Мэздэгу щIыналъэм цIыху 87718-рэ щопсэу. Ди лъэпкъэгъуу абы исыр зэрыхъур 2300-м ноблагъэ, е щыпсэухэм я проценти 3,1-щ. Къурей губгъуэм ис мэздэгу адыгэхэм я бжыгъэр мини 3-м нызэрохьэс, е, а щIыпIэм щыпсэу цIыхухэм я проценти 4,4 мэхъу. Ди лъэпкъэгъухэм 1993 гъэм Мэздэгу Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм псоми купщIэ нэхъыщхьэ хуэхъур къащIэхъуэ щIэблэм адыгагъэр зэрафIэмыкIуэдынырщ, анэдэлъхубзэмрэ хабзэмрэ яIэщIэмыхуу щыгъэIэнырщ. Абы и щыхьэтщ мы махуэхэм Мэздэгу къалэ щекIуэкIа зэIущIэшхуэри.

Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Андрей Бессонов, КъБР-м жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Мэздэгу щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Гугиев Геннадий, Мэздэгу къалэм и Iэтащхьэ Бураев Таймураз, АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ставрополь щIыналъэхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ, къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэмрэ. Апхуэдэу къыхэгъэщыпхъэщ зэIущIэм Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и лIыкIуэхэри зэрыхэтар.

ЗэIущIэм щIидзэн ипэ къихуэу, къекIуэлIахэр Хэку зауэшхуэм хэкIуэда щIалэхэм я фэеплъ сыным удз гъэгъахэр тралъхьащ икIи яхуэщыгъуащ.

Зэхуэсым и ублапIэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий псалъэ щратым, махуэщIым хэтыну Iэмал зэриIэм зэрыщыгуфIыкIыр, мы жэрыгъэкIэ зызыхъуэж дунейм хэмыкIуэдэжу лъэпэкъыу къызэтенэным мэздэгу адыгэхэм я къару зэрырахьэлIэм, Iуэхуу къаIэтымрэ ахэр зэрызэфIагъэкIымрэ куэдым щапхъэ трахыну зэрыщытыр къыхигъэщащ. «Ди адэжьхэм къащIэна хабзэ дахэхэм щIэблэр щIэпIыкIын къалэныр нэхъыщхьэхэм ящыщщ, – жиIащ Сэхъурокъуэм. – АбыкIэ псори арэзы къыздэхъуну си гугъэщ. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ щхьэпэщ нобэ екIуэкI зэхуэсыр. Ижь лъандэрэ зэгъунэгъуу къызэдэгъуэгурыкIуэ осетинхэмрэ адыгэхэмрэ яку дэлъа зэхущытыкIэ дахэхэм дрогушхуэ, ахэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ лъэныкъуитIри йогугъу, икIи нобэрей зэхуэсыр абы щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэу, зэIущIэр и щыхьэтщ ди лъэпкъыщхьэр хъума хъун щхьэкIэ ди гум илъ гузавэхэми. Бзэр, хабзэр хъумэным и мызакъуэу, зегъэужьыныр къалэну къытпэщылъхэм ящыщщ. Мэздэгу адыгэхэм я къару абы зэрырахьэлIэр, хабзэм къезэгъыу щыIэ Iэмалхэр абы зэрырахьэлIэр ди нэгу щIэкI зэпытщ. Нобэрей зэIущIэм мэздэгу адыгэ жылэр зэхегъэплъэж, нэхъ лейуэ я Iуэху зыIутым гу лърегъэтэж. Си гугъэщ абыхэм зэрамызакъуэр, дунейм адыгэу тетыр я щIыбагъ зэрыдэтыр зэхащIэну, псэуныгъэми щыIэныгъэми адыгэм и пщIэр яIыгъыу дяпэкIи хэтыну гукъыдэж зыхуагъуэтыну».

Зэхуэсыр Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ. «Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэ» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр адыгэхэм я къекIуэкIыкIар, я зэхэтыкIэр, я щыIэкIэ-псэукIэр къызытещ пасэрей сурэтхэр, архив тхылъымпIэхэр, адыгэ Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ хуабжьу къагъэбеят. Къыхэгъэщын хуейщ утыкум къралъхьа архив тхылъымпIэхэм нобэр къыздэсым тхыдэ щIэныгъэм нэсу къимыхута, джа щымыхъуа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр къыхэщу, абыхэм щIэупщIэ я куэду зэрыщытар.

Лъэпкъ щэнхабзэр ауэ сытми махуэщI Iуэхугъуэу зэрызэрамыхьэр, гъащIэм хэту, лъэпкъым къыдекIуэкI гуфэгъуэхэмрэ нэщхъеягъуэхэмрэ хэпщауэ къызэрекIуэкIыр нахуэ къищIащ «Мэздэгу адыгэхэм я къафэ щэнхабзэмкIэ мастер-класс» зыфIаща Iыхьэм. Зэ еплъыгъуэкIэ, Къэбэрдейм пIалъэ кIыхькIэ и щэнхабзэ-экономикэ гъащIэм пэIэщIэу псэуа ди лъэпкъэгъухэм адыгэ щэнхабзэм щыщ зыкъом яIэщIэхуа хуэдэу къыпщыхъунущ. Ауэ Мэздэгу Адыгэ Хасэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ, адрей адыгэхэм пыщIэныгъэ яхуиIэ зэрыхъурэ яIэщIэхужа куэди къызэращтэжам, щIэуэ зыкъоми зэрызэхалъхьам гу лъыумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Мэздэгу адыгэхэм я къафэ щэнхабзэм лъэпкъ зыбжанэм я щэнхабзэ лъэужь хэплъагъуэми, ар курыхыу адыгэ щIэныгъэу къызэрынэжар хьэкъщ, адыгэм и щIыналъэ лIэужьыгъуэу къыуигъэлъытэу зы беигъэщ. Лъэпкъ щIэныгъэр абы субкультурэкIэ йоджэ. Мастер-классыр къызэхуэсахэм хьэлэмэт ящыхъуащ. Утыкум къихьащ Къэзакъкъуэш къуажэм щыщ «Бгырыс пщащэ», Иналхьэжыхьэблэ щыщ «Адыгэхэр» къэфакIуэ гупхэр.

Зэрыадыгэ дунейуэ хэIуат Ставрополь щIыналъэм щыIэ «Адыгэ» лъэпкъ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ и жэрдэмкIэ адыгэ журналист цIэрыIуэ ТIэш Светэ триха «Мэздэгу адыгэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр» фIэщыгъэ зи1э документальнэ фильмыр. Зэхуэсым кърихьэлIахэм Iэмал яIащ абы щIэрыщIэу еплъыжын, тепсэлъыхьыжын, зэпкърахын. «Лъэпкъым и тхыдэр нэсу джа хъунукъым абы и дурэшым къыкъуэхын хуей Iуэхугъуэхэм дуней нэхур йумыгъэлъагъумэ. Дунейм щIэрыщIэу дыкъытригъэпэлъэжа хуэдэу къысщохъу мы фильмым сеплъыху», – жиIэгъат мэздэгу адыгэхэм я зы нэхъыжь. Мыр уасэшхуэш, лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIэкIами щыхьэт техъуэ псалъэщ.

ЗэIущIэм и къэлэн нэхъыщхьэр теухуат Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу адыгэхэм я тхыдэм, щэнхабзэм теухуа къекIуэлIахэм я щIэныгъэм хэгъэхъуэным. А гуращэр зэгъэхъулIэгъуей хъуну зэхуэсыр къызэзыгъэпэща Мэздэгу Адыгэ Хасэр къыщIэкIынт «Осетие Ищхъэрэм – Аланием щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэным теухуа къэрал программэм» хэмыхьатэмэ. Абы къыдэкIуэу къыхэгъэщын хуейщ Мэздэгу щIыналъэм щылажьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ящыщу а программэм мэздэгу адыгэхэм фIэкIа зыри зэрыхэмыхьар. Дунейпсо Адыгэ Хасэм хыхьэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр къыхуриджэ зэпытщ экэономикэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ щыIэ къэрал программэхэм хыхьэныр, грантхэм лъэпэкъ проектхэр хэлъхьэныр. Мэздэгу Адыгэ Хасэм чэнджэщыр къищтащ, мыхьэнэ зиIэ Iуэху дахэри къыдихыфащ.

ЗэIущIэр купщIафIэу екIуэкIащ, дяпэкIэ ящIэфынумрэ зи гъунэ иралъэфынухэмкIэ гупсысэ пыухыкIахэр яIэу адыгэ жылагъуэ хасэхэр зэбгрыкIыжащ.

Related posts

Leave a Comment